ЦIыхуфIу ущытыну нэхъ тыншщ

«ГъащIэ кIыхь ухъу!» - хэт зэхэзымыхар нэхъыщIэ псоми зэрызыхуагъазэ кавказ хъуэхъур? ГъащIэр нэхъ кIыхьыху, цIыхум фIы нэхъыбэ ищIэну Iэмал нэхъ иIэщ, Кавказым щыщхэр зэрегупсысымкIэ. Зэманыр Iэуэлъауэншэмэ, хьэуа къабзэмрэ ерыскъы узыншэмрэ хэпсэукI ди лъахэгъухэм жьыщхьэ махуэу къахэхуэр мащIэкъым. Ауэ цIыху цIыкIур зытекIуэдэж цивилизацэр къызэрытхэIэбэрэ, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми къапсэур нэхъ мащIэ хъуащ. Иджы узыншагъэм и пIэ «IэмалыщIэхэр» къоувэ.

«Экономикэм къыхуэмыщхьэпэж жьыхуегъэзэкI хъуа цIыхур» лейуэ къэзыгъэлъэгъэну хэтхэм яхуэмыдэу, Японие къэралыр куэд щIауэ йолэжь цIыхухэр нэхъ гъащIэ кIыхь зыщI Iэмалхэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, иужьрей илъэсхэм къэралым щыхэхъуащ илъэси 100-м зи ныбжьыр щхьэдэха цIыхухэм я бжыгъэм. Илъэс 15 хуэдиз дэкIмэ, апхуэдэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуну жаIэ. КъэралыгъуэкIэ къапщтэмэ, апхуэдэ ехъулIэныгъэ зыми имыIэу аращ.

Нэхъыбэм ар японхэм бдзэжьей цIынэрэ хым къыщыкI къэкIыгъэхэмрэ куэду зэрашхым хуахь. Ауэ а шхыныгъуэ дыдэхэр зиIэ къэралхэр мащIэкъым, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIым хэпсэукIыу, итIани я гъащIэр кIэщIу.

Японхэм ятеухуауэ къызэIуаха щэхур нэгъуэщI зыгуэрщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, мыбыхэм я закъуэщ цIыхум щыхуэзэкIэ абы и гукъыдэжыр зэрыхуимыкъутэным хуэсакъыр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, и жагъуэ хъун псалъэ къызэрыжьэдэмыкIыным кIэлъоплъ. «Дэри апхуэдэу дыщытщ», - жызыIэныр дапщэ? Пэжщ, ар дэри ди хабзэщ. Ауэ сытым хуэдэу Iэзэу кIуэцIытшыхьрэ дэ псэлъэгъум етIуэкIыну дызыхуей, зыри жедмыIа хуэдэу и гур изущэбыхьыну «пэжыр».

Армырауэ пIэрэ японхэм зыми хуумыгъэдэфыну экономикэ зызыужьа щIаIэ зэпытыр? УеплъынкIэ, абыхэм прунж щыхасэн щIыи къалэ щаухуэн щIыпIи яIэкъым. ЩIыналъэ хъугъуэфIыгъуэхэр и куэдкъым хытIыгу зыбжанэм тес къэралым. ИтIани, дунейм нэхъ бейуэ тет щIыналъэхэм язщ. Ику ит улахуэу Японием къыщахь доллар минищрэ ныкъуэрэ.

Зыужьыныгъэм и щэхур дэтхэнэ зыри и бзэгум и IумпIэр имыутIыпщу зэрырагъасэрщ. Гупсысэ бзаджэм псэлъэгъум и гукъыдэжым и мызакъуэу, абы и къэкIуэнури зэрызэтрикъутэр къагурыIуауэ, японхэр «хьэуэ» псалъэр я бзэм хадзыжам ещхьу мэпсэу.

Уи жагъуэ зэрыхъущи, куэдым къагурыIуэркъым е я фIэщ хъуркъым гупсысэ бзаджэм ар къызыбгъэдэкIри зэкIуалIэри ныкъуэдыкъуэ зэрищIыр. Нэрылъагъуу Iэпкълъэпкъым сэкъат игъуэтыныр зы гуауэмэ, гум фIыр къимытэджыкIыжыныр иужькIэ къебгъэгъэзэжыну Iэмал зыхуумыгъуэт гуауищэщ, сыту жыпIэмэ, хьэл пхуэхъуам тыншу зыщыбгъэужыфыркъым. Аращи, гъащIэ кIыхь къэзыгъэщIэну хуейр японхэм ядрыреплъеи, зэпсалъэм и жагъуэ хъуну псори зыщрегъэгъупщэ.

ГуIэфIтещIэжу, ди щIэджыкIакIуэхэм гушыIэкIэ сэлам етхыжынщ:

Кавказым щыщ гуэр тыкуэным къэкIуащ, жи, кIэстум зэфIэтитI къищэхуну.

- Ди адэ, сыту пщIыну кIэстум зэфIэтитI? Уэ илъэс 80-м ущIигъуащ, зыр блэжьэну ухунэсарэт!

- Пэжщ, пэжщ! Зыр - сысейщ, адрейр - ди адэм щхьэкIэ.

- Уарэ! Уи адэри псэууэ жумыIэ?! Ар илъэси I00-м щIигъуа къыщIэкIынщ?

- ЩIигъуакIэ щIигъуащ, ауэ ди адэшхуэм къешэри, нысашэм екIурэ ещхьу дыхэмыту дауэ хъун?

- Уи адэшхуэми?! Уи адэм и адэр псэууэ ара?! Абы ищIыIужкIэ къэшэн гукъыдэжи иIэу?

- Уэлэхьи, езыр хуэмейт, ауэ и адэм къыхуидэркъым!

Адыгэми жиIауэ: фи гущэр нэхъыбэу, фи мащэр нэхъ мащIэу!

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: