Мыхьэмэт Iэшэ

Иужьрей адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIыхъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ, зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ.

Мыхьэмэт Iэшэ ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и къуэщ, 1805 гъэм къалъхуащ, балигъыпIэ зэриувэ лъандэрэ зауэм къыхэкIакъым, урыс дзэпщхэм я щхьэр къригъэIэтакъым, псэуху. Къэбэрдейр Ермоловым «игъэсабыра» нэужь, Псыжь Iэпхъуащ, ауэ бэнэныгъэр зэпигъэуакъым. Кавказ зауэм и тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ Потто Василий зэритхыгъамкIэ, Мыхьэмэт Iэшэ «иджыри къэс (епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэми) щыцIэрыIуэщ гъунапкъэм».

ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ Мыхьэмэт Iэшэ пэхъун а зэманым исакъым адыгэ щIыналъэм. Шэткъалэ (Ставрополь) дэс дзэм ебгъэрыкIуауэ, 1846 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ зауэм хэкIуэдащ.

Мыхьэмэт Iэшэ щIэныгъэ зиIэ цIыхут, бзэ зыбжанэ ищIэрт. «Iэшэ» цIэр щIытеIукIар зауэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуарщ – и Iэ сэмэгур къызэпаудауэ щытащ зауэ гуащIэ хэхуауэ.

Ди зэманым къэсащ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и лIыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм ящыщщ мыри:

«Мыхьэмэт Iэшэ шыбз хакIуапщIэ фIрахужьащ зэгуэрым. Нэху игъэщри, шыдыгъум ялъежьащ, зы жылэ нэсауэ, уэрамыщхьэм тет пщащэ ирихьэлIащ.

- Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ фи жылэкIэ? – еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм.

- Блахуащ, – къыжриIащ пщащэм. – Щауибл мэхъу уи шыр зыхуар. Уалъемыжьэ, уащIыхьэнкъым, уащIыхьэми, уапэлъэщынкъым.

- Упсэу, пщащэ жьырытэдж, – жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. – Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнщ.

Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ящIыхьэри, шыбз хакIуапщIэр къатрихыжащ, щIалиблым яшхэри къыздихуащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым я хьэщIэщ ихьащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт Iэшэ – шэсри ежьэжащ. Щежьэжым, пщащэм жриIащ:

- Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм гъуэгурыкIуэр щIэнэкIалъэ иремыщI – абы хущIегъуэжынкIэ мэхъу.

Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэм къызэщIигъэплъащ щIалитIыр. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тпхынщи, къэтхьынщ», жари.

ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ хьэщIэщым кърихулIэжащ щIалитIыр Мыхьэмэт Iэшэ.

- Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, – жриIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм.

ЩIалитIыр къелъэIуащ, я цыр уауэ:

- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн, зыкъэдгъэцIыху. ЕмыкIу уэтщIащ, ди напэр текIащ.

- МыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунущ, – жери Мыхьэмэт Iэшэ и Iэ сэмэгур къаригъэлъэгъуащ щIалитIым. Абы къыфIигъэкIакъым: шэсри ежьэжащ».

Кавказ зауэм хэта урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъкIэ австр-нэмыцэщ) и «ГукъэкIыжхэм» зэрыщитхамкIэ, а зэманым ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ, Къанокъуэ Етэч, Бэлэтокъуэ Жамбулэт сымэ нэхърэ нэхъ лъэрызехьэрэ хахуэрэ яхэтакъым адыгэхэм. Щыми я щхьэр зауэм халъхьащ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: