Хэт нэхъ делэр

И анэм бгъурыту уэрамым ирикIуэ щIалэ сырыху цIыкIум бзылъхугъэм и Iэр иубыдыну щыIэбэкIэ, мыдрейм:

- Гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, щхьэ укъысщиша. Зэран ухъуну укъалъхуам яреи, - жиIэурэ сабийм и Iэр Iуидзыжырт.

- Мамэ, мамэ, дгъэзэжмэ, пкIауэм и псысэр къызжепIэжын?

- Еууей, сыту сабий тхьэмыщкIэ, - жаIэрт ар зылъагъухэм, - делэ цIыкIу мыгъуэ, ищIэркъым и анэм хыфIидзэну сабий унэм зэришэр…

ЩIалэ цIыкIур къыдэкIуэтея иужь и анэм кIэлъыкIуэн, Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэрэ бгъэдэсын щIидзат. Куэдрэ къэхъурт ар ефауэ жьэражьэу къыщигъуэтыж, дохутырыр къыхуриджэу, езым и Iэр имыутIыпщу нэхъыфI хъужыху щыбгъэдэс.

- Дыбгъэунэхъужти, си анэ дыщэ. Зыхуэгъэшэч, зы тIэкIунитIэ зыхуэгъэшэчи пщхьэщыкIынкъэ ари, - жриIэрт.

- Зыгуэр и лажьэщ, делэ дыдэщ ар. И щхьэ пщIэ лъэпкъ хуищIыжыркъым. И анэм хьэпшырым хуэдэу хыфIидзащи, езыр абы тегужьейкIауэ щхьэщысщ, - жаIэрт ар къызыгурымыIуэхэм.

ЕджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэм лэжьапIэфI куэд къыхуагъэлъэгъуа щхьэкIэ, езым школым щылэжьэну къыхихащ.

- ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта щхьэкIэ нэхъ губзыгъэ хъуакъым. Делэщ ар, - яухыртэкъым цIыхухэм хъущIэн.

И анэр лIа иужькIи щIалэм абы и кхъащхьэр ибгынэртэкъым, къабзэу зэрихьэрт, удз гъэгъа трилъхьэ зэпытт. Унэ щыпсэум къыбгъурытым щIэс хъыджэбзыр щIалэм къишащ.

- Делэ мыгъуэ, - жаIэрт иджыри цIыхухэм, - мор зи щIалэ къабзагъым а Iуплъэгъуейм фIэкIа игъуэтакъэ, абы щыгъуэми шхужьыгуэ хъужу.

Абыхэм дэнэ къащыгурыIуэнт, нэхъыщхьэр нэм илъагъур зэрыармырар. Зэщхьэгъусэхэм я псэр зы чысэм илъу, жыхуаIэм хуэдэу псэурт, ауэ Iуэхуракъэ, сабий яIэтэкъым. Махуэ гуэрым гъунэгъухэм ялъэгъуащ зэщхьэгъусэхэм сабий унэм къыIахауэ цIыкIуитI ящIыгъуу къыдыхьэжу.

- Делэу къалъхуар губзыгъэ пхуэщIынкъым, - жаIэрт иджыри цIыхухэм. - И щхьэгъусэр иригъэкIыжу нэгъуэщI къишэ хъунукъэ? Ар нэхъыфIмэ, хамэ сабий ирырапI иджы.

Ауэ а псалъэмакъхэр зыкIи къафIэIуэхуртэкъым зэщхьэгъусэ насыпыфIэхэм. Илъэсхэр кIуэрт, сабийхэр ин хъури щхьэж и унагъуэ зэригъэпэщыжат, зы махуэли дэкIыртэкъым, абыхэм ящыщ и адэ-анэм деж къэмыкIуэу.

ЩIымахуэ пщэдджыжьыпэу лIым псы Iуфэм къыщикIухьу, цIыху гупым зыгуэр къаухъуреихьауэ илъэгъуащ. Ахэр кIэлъыплъырт, мылым техьэу пхыхуа хьэр зэритхьэлэм. Хьэр дэIэпыкъуэгъу лъыхъуэ щхьэкIэ, тегушхуэн къахэкIыртэкъым гупым. ЛIым и закъуэщ псэущхьэр фIэгуэныхь хъууэ зыкIэлъызыдзар.

ЛIыр зыцIыхуу щытахэр щIэмычэу тепсэлъыхьырт ищIам:

- Делэ! Къызэремылынур имыщIэу арат псы мылым щыхэпкIэм. Делэу псэуащ, делэу лIэжащ.

…Дунейм ехыжа лIыр жэнэт бжэIупэм щызэхэтхэм япыуващ.

- Къызэроджэр хэт? - щIэупщIащ мелыIычыр

- Езы дыдэм сщыгъупщэжащ си цIэр, ауэ си хъуреягъыр ДелэкIэ къызэджэрт, - жеIэри и щхьэр ирехьэх цIыхухъум.

- КIуэцIрыкI, куэд щIауэ дыножьэрт!..

ЗэзыдзэкIар ТЭРЧОКЪУЭ Дисэщ.
Поделиться: