Урыс дзэпщ цIэрыIуэ Къанщауэ

(1586 – 1651)

Къэбэрдей пщышхуэ идар Темрыкъуэ и пхъуищым нэмыщI, къуитху иIащ – Думэныкъуэ, Мамсырыкъуэ, Бибэрыкъуэ (Белгъэрыкъуэ),  МатIэ (Мазлэ), СулътIан сымэ. Зэшхэм я нэхъ цIэрыIуэр, дауи, Мамсырыкъуэщ: Урысейми Къэбэрдейми я тхыдэм щыгъунэжщ абы и хъыбархэр. Мамсырыкъуэ (урыс щIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, Мамстрюк) лIыгъэшхуэ зыхэлъа, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ нэхъри благъэ зэхуэхъуным хэлIыфIыхьа дзэпщ, лIыщхьэ цIэрыIуэщ, и адэм зытригъэхьа гъуэгум тетащ, и гъащIэр иухыху.

Мамсырыкъуэ и къуэщ Черкасский Дмитрий. 1979 гъэм къыдэкIа «Совет энциклопедие псалъалъэм» зэритымкIэ, Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) 1613 – 1634 гъэхэм дзэпщ къулыкъу зэрихьащ. Дзэпщхэр а зэманым къалэшхуэхэм, абыхэм къедза щIыналъэхэм я Iэтащхьэу щытащ, зэрыдзэпщым нэмыщI.  Абы ипэкIэ Черкасский Дмитрий дзэпщ Пожарский Д. М. дэзэуащ, Москва полякхэм къаIэщIэзыхыжа урысыдзэм щыщ зы дзэ полк (пакIэ) IэщIэлъащ, Углич, Вязьмэ, Дорогобуж къалэхэр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. Калугэ хуит къыщащIыжым щыгъуэ, Лжедмитрий и щхьэгъусэ Мнишек Маринэ гъэр зыщIар Черкасский Дмитрий зи пашэ дзэращ.

Смоленск и гъунэгъу Белая къалэ-быдапIэр полякхэмрэ литовцхэмрэ къыщыIэщIагъэкIыжым щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ, Черкасский Дмитрий «Дыщэ дамыгъэ» лъапIэр къратащ. Апхуэдэ дамыгъэ лъапIэ а зэманым зыхуагъэфащэ хабзэр къэралым и пащхьэм фIыщIэ ин дыдэ щызиIэ дзэпщышхуэхэрат – апхуэдэущ Мамсырыкъэ и къуэ Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр.

Боярин цIэ къыфIащауэ, Къанщауэ Къэзан приказыр зэрихьащ, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, Урысейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм и унафэр IэщIэлъащ. Боярин цIэ зыфIащыр пащтыхьым и гъунэгъу дыдэ дзэпщ, лIыщхьэ, къулыкъушхуэ зезыхьэ цIыху цIэрыIуэхэрат, абыхэм ящыщащ Темрыкъуэ и къуэрылъхур. 1633 гъэм и бжьыхьэм, Польшэм щезауэм, урысыдзэм дзэпщ нэхъыщхьэ яхуэхъуар Мамсырыкъуэщ.

«Энциклопедие псалъалъэм» зэритымкIэ, Черкасский Дмитрий щылIар 1651 гъэрщ, и хьэдэр Новоспасскэ къулъшырыфым (Москва) щыщIалъхьащ.

Къэбэрдеипщ, лIыкIуэ, зауэлI хахуэ Мамсырыкъуэ

(1524 – 1601)

1566 гъэм Къэбэрдейм щыщ шу гуп Москва кIуауэ щытащ. Шу гупыр Идар Темрыкъуэ и лIыкIуэт, я Iэтащхьэр пщышхуэм и къуэ Мамсырыкъуэт. Темрыкъуэ и цIэкIэ лIыкIуэхэр урыс пащтыхьым елъэIуащ Тэрчрэ Сунжэрэ щызэхэхуэм деж къалэ-быдапIэ щаухуэну. Темрыкъуэ и лъэIур къыхуищIащ Иван ЕплIанэм.  Дзэ къыщIагъури, Мамсырыкъуэ 1567 гъэм къаутIыпщыжащ, Сунжэ и Iуфэм къалэ-быдапIэ щаухуащ, ар зи фIыщIэр, псом япэрауэ, Мамсырыкъуэщ. Къалэм дэс урысыдзэр къэбэрдейхэм къадэIэпыкъуащ, ахэр «Тыркумрэ Кърымымрэ я IэмыщIэ имыхуэн щхьэкIэ». Дауи, ар ягу техуакъым тырку сулътIанми кърым хъанми – абыхэм зауэ къращIылIащ Къэбэрдейм, урыс пащтыхьми тракъузащ Тэрч къалэ-быдапIэр икъутэжын хуейуэ. 1570 гъэм Афыпс щекIуэкIа зауэм уIэгъэ  щыхъури, Темрыкъуэ абы илIыкIащ. Урыс пащтыхьым Тэрч къалэ-быдапIэр икъутэжын хуей хъуащ, абы дэса дзэри дишыжащ.

Къэбэрдеипщхэр гуп зыбжанэ зэрыгъэхъури, Мамсырыкъуэ лIы Iущыр абыхэм яIэщIэкIуэдащ. Къазиипщым ар 1601 гъэм иригъэукIащ, и къуэш Думэныкъуэ щIыгъуу.

Москва и уэрамхэм ящыщ зым ноби зэрехьэ Мамсырыкъуэ и цIэр – Мерзляковкэ. Мамсырыкъуэ и цIэрэ и хъыбаррэ ущрохьэлIэ пасэрей урыс уэрэд куэдми.

Урыс пащтыхь Иван Васильевич кърым хъан Долэт-Джэрий 1570 гъэм хуитхащ: «Хъыбар къытIэрыхьащ пщы Темрыкъуэ и къуитI, Мамсырыкъуэрэ Бибэрыкъуэрэ, хъаныкъуэ Адыл-Джэрий и IэмыщIэ ихуауэ. Ахэр къытхуэбутIыпщыжамэ, сыткIэ укъыдэлъэIуми, пхуэтщIэнт».

Мамсырыкъуэ и уэрэдыр вариант 90-у щыIэщ. Уэрэдым лъабжьэ иIэщ: Гуащэнэ пащтыхьым щыхуашэм щыгъуэ, абы щIыгъуа шу гъусэхэм яхэтащ Темрыкъуэ и къуитI – Мамсырыкъуэрэ СулътIанрэ. А тIури цIэрыIуэ щыхъуащ урысей къалащхьэм. СулътIан Москва къыдэнауэ щытащ, чыристан диным ихьа нэужь, Михаил къыфIащауэ.

ЗэралъытэмкIэ, Мамсырыкъуэ и уэрэдыр хэкIыпIэ хуэхъуащ Лермонтовым и усыгъэ цIэрыIуэми – «Пащтыхь Иван Васильевич, опричник щIалэм, сатуущIэ хахуэ Калашниковым я пшыналъэм».

 

Поделиться: