Тыкуэн гъэщIэгъуэн

Куэд фрихьэлIауэ къыщIэкIынщ «Hatsibana» фIэщыгъэм щIэту Инстаграмым щылажьэ тыкуэн гъэщIэгъуэным. Лъэпкъ дамыгъэ, тхыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ абы щIэлъ щыгъынхэмрэ бзылъхугъэ хьэпшыпхэмрэ уемыхъуэпсэн плъэкIыркъым.

Интернет тыкуэныр зыгъэлажьэ Щоджэн ФатIимэт зэрыжиIэмкIэ, ар хущIокъу къызыхэкIа лъэпкъым и щыIэкIэ - псэукIэр, хабзэ дахэхэр адрей лъэпкъхэм яригъэцIыхуну.
Пщащэр зэрыцIыкIурэ зыхэтым ящыгъым емыщхь гуэр къилъыхъуэрти и щыгъынхэм зэхъуэкIыныгъэ хьэлэмэтхэр хилъхьэ зэпытт. 
Абы ищIхэм ящыщу щIэупщIэ нэхъыбэ зиIэр адыгэ бащлъыкъхэращ. Хъыджэбзым и япэ бащлъыкъыр зэрищIам дыщегъэгъуазэ. Ар Санкт-Петербург щыIэпхъуам (мы зэманкIэ щыпсэури щылажьэри аращ) зригъэкIун пыIэ хуабэ игъуэтыртэкъым, натIэ зыIут гъэмахуэ пыIэ фIэкIа зэи щитIэгъатэкъым. «А дакъикъэхэм си щхьэ къэкIащ адыгэ бащлъыкъ здыуэ къалэшхуэм щыщыстIэгъэну. ЦIыху зэхуэсыпIэхэм куэдрэ сыкъыщагъэувыIэурэ си пыIэ гъэщIэгъуэныр къыщысщэхуамкIэ къызэупщIырт», - жеIэ ФатIимэт. КъелъэIу щыхъум, тегушхуэри ищIын щIидзащ.
Куэдым яфIэгъэщIэгъуэн «Хьэцыбанэ» цIэр тыкуэным щIыфIищар езым и дуней тетыкIэкIэ, хьэлкIэ а къэкIыгъэм зэрызригъэщхьырауэ жеIэ. «Зи банэр папцIэ хьэцыбанэм и гъэгъахэр дахэ дыдэщи, куэдым къыпачыну мэIэбэ, арщхьэкIэ закъритыркъым, хьэцыбанэр хъумэ, цIыхум я хущхъуэщи, бгъэдыхьэпIэ къыхуэзыгъуэтым ейщ», - щетх абы Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.
УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абы «Мэзгуащэ» фIищу ида бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэр (нэхъыбэу джинс курткэщ). Берычэтымрэ гъащIэ мыухыжымрэ я нэщэнэу IуэрыIуатэм къыхэщ Мэзгуащэ и образыр иджырей фэилъхьэгъуэм екIу къудейкъым, атIэ куэдым къахегъэщ. «Дыщэ жыг», «Дыщэ пыIэ», «Мэзгуащэ» сурэтхэм дэтхэнэми и хъыбар, щIагъыбзэ яIэжщи, къызыгурыIуэхэм яфIэфIу къащэху, къызыгурымыIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэну зыIэрагъэхьэ. Дэтхэнэ фэилъхьэгъуэми езым и дамыгъэ яIэжщ.
«Си къуэпсхэм я кууагъымрэ абыхэм я тхыдэмрэ нэхъыбэм къезгъэщIэну, адыгэхэр зэрылъэпкъ телъыджэр езгъэлъагъуну сыхуейщ. СэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ар цIыхухэм пэжу, нэсу къагурыIуэным», - жеIэ абы.
КъБР-м къыбгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советым хэт, хьэрычэтыщIэ Къанокъуэ Арсен къызэригъэпэща Start-Up 5642 зэпеуэм щытекIуахэм ящыщщ ФатIимэт. Пщащэм зэрыжиIэмкIэ, абы зэпеуэм куэдрэ зыхуигъэхьэзыракъым, нэхъапэIуэкIэ итхауэ иIэ проектыр яIэригъэхьауэ аращ. 
«Хьэцыбанэ» брендым и щыгъынхэр зэманыр зыпэмылъэщ, модэм имыкI защIэщ. И IэдакъэщIэкIхэр иригъэфIэкIуэн мурадкIэ, ФатIимэт гъуазджэм и тхыдэм хуоджэ, и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытщ. Езым зэрыжиIэмкIэ, ар къыхиха унэтIыныгъэм, лъэпкъ къэс щхьэхуэу бгъэдэлъыр къызытещ щыгъынхэр дыным тетынущ. Ауэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэ Iэужьым хэIэбэну, зрипщытыну зэримурадри къегъэлъагъуэ.

«Сыт хуэдэ Iуэхуми и къежьапIэр зы лъэбакъуэщ, япэ лъэбакъуэ зэрыпчым куэд елъытащ, итIанэ, куэдрэ учэнджащэкIэ мыхьэнэ иIэкъым. ЕхъулIэныгъэр къыщеблыр лэжьыгъэрщ. «Iуэху мыублэ блэ хэсщ», адыгэ псалъэжьыр си анэм дапщэщи жиIэрейт. Сэри а псалъэжьыр си гъуазэу, жысIэмэ, сыщыуэнукъым.
Си лэжьыгъэм къыхэсха Iущыгъэхэм ящыщ зыбжанэкIэ сывдэгуэшэну сыхуейт:
- Iуэху фыщытегушхуэкIэ, фыщыуэнкIэ фымышынэ. Щыуагъэ къэс акъыл къыхыбох. Зыри зымыщIэрщ щымыуэр. Нэхъыщхьэр, дапщэщи ипэкIэ узэрыкIуэным ухущIэкъунырщ. 
- Мурадышхуэ зыщIыр, ехъулIэныгъэ псынщIэ иремыжьэ. 
- Влэжь Iуэхур фIыуэ флъагъу. Абы фегупсысу фыкъэуши, фыгъуэлъыж. Ар дапщэщи фи щхьэм илъын хуейщ.
- Зывгъэпсэху. ЦIыхум зэрызигъэпсэхум хуэщIэну лэжьыгъэм и гугъуагъымрэ и инагъымрэ елъытащ. Псалъэм папщIэ, сэ сыгупсысэу, уэрэд седаIуэу Зей мэз Iувым и щыгум сыщыдэкIуейрщ зыщызгъэпсэхур.
Псом нэхъыщхьэращи, евгъэжьа Iуэхум ерыщу, къикIуэт фимыIэу фыпэрыт, уи мурадым узэрыхуэпэжым куэд елъытащ.
Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэм и лъабжьэр, и щэху нэхъыщхьэр - пщIэр, блэжьыр уи щхьэ хуэпщIэж хуэдэ уегугъунырщ». 
 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: