Сыт къызэптмэ, сыбдэкIуэн?

 Къэзэхъстаным Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ.  Унагъуэ зэдаухуэну мурад  зыщIа  щIалэрэ хъыджэбзрэ уасэм теухуауэ зэгурыIуэфакъым.

 Пщэдей хуэдэм хьэгъуэлIыгъуэр дахыну, лъэныкъуитIри нысашэм хуэхьэзыру, щауэмрэ  нысащIэ хъу пэтамрэ  я нэчыхьыр ирагъэтхыну мэжджытым екIуэлIащ.  Я лъэпкъ  хабзэм ипкъ иткIэ, щауэр  нысащIэм мэхърым теухуауэ  – нэчыхь тыгъэр зыхуэдэнумкIэ – еупщIыну къытехуэрт.  «Сыт къыпхуэсщэхумэ  нэхъ къэпщтэну?»  - щIэупщIащ  насыпым хуэпIащIэ щауэр.    ««Хаммер»  машинэщIэ къысхуэщэху!» - куэдрэ гупсысакъым  зэрыс  машинэжьыр зыIэщIэужэгъуа хъыджэбзыр.  ЗэрыжаIэмкIэ, щIалэр апхуэдэ тыгъэ лъапIэ зыхузэфIэкIыну хьэрычэтыщIэт.

Ауэ хьэрычэтыщIэхэми гупсысэн  я хьэлщ.   Арати, щауэм лъэIур игъэзэщIэн  идакъым.  «Нысашэр щыIэнукъым!» - иукъуэдиящ абы.  Тэджри, зыми  емыплъу,  мэжджытым щIэкIыжащ.  «Сэ сыгушыIауэ аращ», - трилъэфэжыну  хэтащ хъыджэбзым  и  нэпсеягъэмрэ  и хьэлыншагъымрэ.   Зыри  къикIакъым. ЩIалэр  яхущIегъэгъуэжакъым. «Алыхьым  и унэм апхуэдэу щыгушыIэ  хъыджэбзыр  сэ  щхьэгъусэ схуэхъунукъым!» - иужьрейуэ  къигъэIуащ  щауэм.

     

 

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: