Лъэпкъ IуэрыIуатэм Москва щытопсэлъыхь

ФокIадэм и 20-21-хэм Москва Лъэпкъхэм я унэм щекIуэкIащ «Народный эпос и действительность» зыфIаща зэIущIэ. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и Правительствэм, Москва къалэм лъэпкъ политикэмрэ щIыналъэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и Департаментым, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым, РАН-м тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, сурэтыщI-дэрбзэр ТIажь Альбинэ и фондым. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ мы илъэсыр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрагъэувам и щIыхькIэ.
- «Народный эпос и действительность» зэхуэсым хэтхэм фIэхъус гуапэкIэ зыфхузогъазэ икIи ар къызэрызэIутхамкIэ сынывохъуэхъу! – жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Кавказым ис лъэпкъ куэдым я щэнхабзэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ нарт хъыбархэм. КъыжыIапхъэщ, лъэпкъхэм я нарт хъыбархэр зэрызэщхьэщыкIыр, ауэ нарт лIыхъужьхэр щIэблэм я щапхъэу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Адыгэ IуэрыIуатэр лъэпкъым и щэнхабзэ фэеплъщ, ди гъуазджэм и щапхъэщ, дунейпсо щэнхабзэр зыгъэбейщ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ гуапагъэр, захуагъэр, ныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр, лъэпкъым и блэкIар, и гупсысэр, и Iуэху еплъыкIэхэр. Москва Лъэпкъхэм я унэм, зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуэфащэщ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым, лъапIэныгъэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжым папщIэ. ДяпэкIи лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зыужьыныгъэм дыхуэлэжьэну, ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ дызэхъуэжэну, дэтхэнэми ехъулIэныгъэхэр фиIэну си гуапэщ, - жиIащ Хьэутий.
Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ иджырей цIыхубэ гъуазджэм и Iуэху зэIумыбзхэм, абы гъащIэм щиIыгъ увыпIэм, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным иIэ мыхьэнэм.
Мы зэIущIэм папщIэ къызэрагъэпэщат «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» фестиваль-зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэм я сурэт гъэлъэгъуэныгъэ. Абы зрезыгъэхьэлIахэм апхуэдэу Iэмал яIэщ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ГъуазджэхэмкIэ европей академием и академик, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэт Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и графикэ лэжьыгъэхэми зыщагъэгъуэзэну.
«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» проектым и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреат ТIажь Борис хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэIущIэм хэтащ щIэныгъэлIхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я цIыхухэр, хамэ къэралхэм щыщ IэщIагъэлIхэр. Абы жиIащ нэгъуэщI къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэри конференцым и лэжьыгъэм зэрыхэтым абы и мыхьэнэр къызэриIэтыр, адыгэхэм дэнэ щIыпIэ я псэупIэ мыхъуами, нарт IуэрыIуатэр зэращымыгъупщэр, щIэблэр абы зэрыщIапIыкIыр, лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм зэрыдрагъэхьэхыр, нарт IуэрыIуатэр тхыдэм и фэеплъу, лIыхъужьыгъэм и къежьапIэу къызэрыгъуэгурыкIуэр. ТIажьым къыхигъэщащ ди адэжьхэм ди деж къахьэса лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр - нарт эпосыр - тхъумэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къызэрынэжыр.
Къэпсэлъахэми къыхагъэщащ къэралым и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр зрагъэпщэнымкIэ, ахэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ апхуэдэ зэхуэсхэр зэрыщхьэпэр, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» проектым псынщIэу зэрызиубгъуам, лIэщIыгъуэ мин бжыгъэ зи ныбжь адыгэ эпосыр нобэм къызэрахьэсам, нэгъуэщIхэми.
Мы зэхыхьэ хуагъэхьэзыра щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зы тхылъу къыдагъэкIыжынущ.

Поделиться: