Сабиигъуэм къыщежьа IэщIагъэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ драмэ театрым и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист БжэIумых Беллэ Москва, Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театр училищэм щеджащ. ЗэрыжиIэмкIэ, театрым хуипсыхьат ар сабиигъуэ насыпыфIэм.

Си сабиигъуэр щIыуэпсым ипсыхьащ

- ГукъэкIыжхэм сабиигъуэм сыщыхашэжкIэ, япэу си нэгу къыщIыхьэжыр ди къуажэ гупэрщ, ди хьэблэрщ, ди уэрамырщ. Ди куэбжэм укъыдэкIмэ уIуплъэрт псыIэрышэ цIыкIум, абы Iут щиху лъагэхэм. Сэ щихухэм сакIэлъыплъырт: я тхьэмпэхэр жьым зэдыщIигъэхъаерти, зэхъуцацэ хуэдэу къысфIэщIырт. Псым адэкIэ тафэ щхъуантIэт. Пщэдджыжьым тафэм деж, удзыпцIэ Iувым хэкIутауэ щыплъагъурт бабыщ, къаз шыр цIыкIухэр. УдзкIэ ирикъуа нэужь, псыIэрышэр гъунэгъуххэти, «уитIэ-уитIэ» жаIэу хэст.

Си нэгу къыщIохьэж къуажэ колхоз губгъуэри. Таурыхъым хуэдэт уIуплъэнкIэ. Псом хуэмыдэу си ни си пи яхьырт нартыхумрэ сэхуранымрэ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт нартыху къыхэжагъащIэр пщэдджыжь акъужьым щIигъэхъаеу! ФIэхъускIэ къыспежьэ хуэдэт! Сэхуранхэр щэ?! Пщэдджыжьыпэм деж зыкъыпхуагъэгусам хуэдэт, дыгъэ къыщIэкIагъащIэмкIэ я гупэхэр гъэзати. Шэджагъуэм, дыгъэр къыдэкIуэтейрти, сэхуранхэми я нэкIу цIыкIухэр драгъэзейрт, я кхъуакIэхэр жьым зэрихьэу. Дыгъэр къыщелъэхъшэхым деж, сэхураныщхьэхэми абыкIэ загъэзэжырти, къыдэкIужа хуэдэт.

…Си пкъым хыхьэу, си гум зыхищIэу щIыуэпсым и дахагъэм сипсыхьауэ къысщохъу. Тхьэр зыщIэни, щIыуэпсым къыхэкIа къарущ театрым сыкъэзышар.

Гуащэгъэджэгум сахыхьат

- ЕтIуанэ классым сыщеджэрт. Махуэ гуэрым къызолъагъу блыным хъыбарегъащIэ къыфIалъхьауэ. Гуащэгъэджэгу гупжьей къызэрагъэпэщырт. Зы цIыхум жезмыIэу абы сыкIуэри зыхезгъэтхат, сехъуапсэри. Псэущхьэхэм я щхьэ цIыкIухэр щэкI зэмыфэгъухэм къыхадыкIауэ къыдатащ. Iэпхъуамбэхэм фIэплъхьэурэ бгъэджэгуу арат ахэр – жыпIэм зыдебгъэщIырт. Школым сыкъокIыжри, пэш леймкIэ сыщIохьэ, си унэ лэжьыгъи къысфIэмыIуэхужу. Мо щIэщыгъуэ сызыхыхьам сызэщIиIыгъэт. А гупжьейм хэтхэр иужькIи Нарткъалэ зэпеуэ дашауэ щытащ. Ахэр сигу къокIыж.

Си шыпхъу нэхъыжьым сыдэплъейрт

- Театрым сыдихьэхыным теухуауэ си шыпхъу нэхъыжьым куэд къысхилъхьащ. Хьэблэ сабийр дызэхуишэсырти, джэгукIэ Iэджи дигъащIэрт. Ди хадэм ита Iуащхьэ цIыкIур джэгупIэ тщIауэ щытащ. Томэ зырызурэ абы дыдригъэкIуейрти, хэт уэрэд жригъэIэрт, хэт усэ къригъаджэрт, хэт къигъафэрт. Езы Томэ Iуащхьэ цIыкIум и лъабжьэм щIэст дыкъипщытэу.

Томэ кинохэм хэт артистхэр зэрыт журналхэр иIэт. Ахэр щIиджыкIа нэужь, сурэту итыр къыхигъэжырти, пэш блыным къыфIилъхьэрт. Сэри сехъуапсэурэ а журналхэм сыщеджэ щыIэт. Абы гу лъызигъэтауэ пIэрэ жызоIэ мы сэ къыхэсха IэщIагъэм дахагъэу хэлъым.

«Иджыри тIу, иджыри двойкэ»

- Класс нэхъыжьхэм сынэса нэужь, IэщIагъэ схуэхъунум нэхъ куууэ сегупсыс хъуат. Хъыджэбзих дыщIэст классым, театрым дихьэхыу. Къытхэтт зы хъыджэбз цIыкIу адыгэбзэр лъэщу игъэшэрыуэу, тхыгъэ кIэщIхэр зэхилъхьэу. Школ нэужьым, къэрэндащрэ тетрадрэ сIыгъыу Лусанэ деж секIуэкIырт. Сэ гупсысэ къыхэслъхьэрти, си ныбжьэгъум пьесэ цIыкIу къигъэщIырт, роль зыбжанэ хэту. Къуажэм Iуэху гуэр къыдэхъуамэ, махуэшхуэ ягъэлъапIэмэ, школым къыбгъэдэкIыу абы зыкъыщыдгъэлъагъуэрт. ЦIыхухэм я гум дыдыхьэрт, Iэгуауэ тхуаIэтырт.

Ебгъуанэ классым дыщIэсу, си классэгъу Риммэрэ сэрэ Налшык дыкъокIуэри, Сонэ Мухьэрбий и «Иджыри двойкэ, иджыри тIу» пьесэр зыIэрыдогъэхьэ, ар догъэув. Роль нэхъыщхьэр сэ къыслъысауэ щытащ. Езы Сонэ Мухьэрбий долъэIу къакIуэу тхузэфIэкIам еплъыну икIи дыкъигъэщIэхъуркъым. И пьесэр зэрыдгъэувар игу ирихьауэ щытащ, и щытхъуи къэдлэжьат.

IэщIагъэ насыпыр

- Москва, Щукиным и цIэр зезыхьэ вузым сызэрыщеджар си ехъулIэныгъэшхуэу, си насыпу къызолъытэ.

Пьесэ куэдым сыщыджэгуащ сигу дыхьэу, куэди сигу къызогъэкIыж. Мы зэманми сыдэзыхьэх ролхэр сиIэщ. «Диплом», «Унэ лъапIэ», «Бгъэмрэ бгъэ анэмрэ» пьесэхэм сыхэтщ, Шыбзыхъуэ Басир игъэува «Гуащэмыдэ хьэблэ» спектаклым сыщоджэгу.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: