Къумыкъум и зэфIэкIыр

Къумыкъу (Къумахуэ) Динэ дежкIэ щапхъэт илъэс 50-м щIигъукIэ щIэблэр гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ зи гуащIэ хэзылъхьа и адэ-анэр. А тIуми къыхуагъэфэщат КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ цIэ лъапIэр. Галинэ (Щоджэнхэ япхъущ) ЩIыхьым и дамыгъэ орденыр къратат, Мухьэрбий илъэс куэдкIэ Аруан курыт школым и унафэщIу лэжьат. Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и отличник цIэр Галини Мухьэрбии къыфIащауэ щытащ.

Дини Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэрщ киухар. Мы зэманым ирихьэлIэу абы ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ: филологие щIэныгъэхэм я кандидатщ, доцентщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ секретарщ.

ЕджапIэ нэхъыщхьэм иджыри щIэсу Динэ щIэныгъэм дихьэхын щIидзат - студент олимпиадэхэм жыджэру хэтт, Санкт-Петербург, Челябинск, Махъэчкъалэ, нэгъуэщI щIыпIэхэми щрагъэкIуэкI щIэныгъэ конференцхэм къыщыпсалъэрт.

Университетыр къыщиухым, КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ советым ар Санкт-Петербург къэрал университетым игъэкIуащ и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну. А зэманым абы къигъэсэбэпыжащ КъБКъУ-м щигъуэта щIэныгъэр. Аращ абы аспирантурэр щIэхуэгъэкъаруари. Динэ фIыщIэ яхуищIу игу къегъэкIыж и егъэджакIуэхэр: Балъкъэр Борис, Щэрдан Iэбу, Къардэн Бубэ, Яковлевэ Галинэ, КIасэ Алий, ШэджыхьэщIэ Марие, Апажэ Мухьэмэд, Иуаныкъуэ Нурбий, КIуэкIуэ Жамалдин, Балэ Иринэ сымэ.

Санкт-Петербург къэрал университетым Къумыкъур щадэлэжьащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Колесов Владимир, Вербицкая Людмилэ, Ивановэ Верэ, Акимовэ Галинэ, Буланин Лев, нэгъуэщIхэми. Урысыбзэ орфографием елэжь профессор цIэрыIуэ Ивановэ Верэ и щIэныгъэ унафэщIу Динэ и диссертацэр игъэхьэзыращ икIи пхигъэкIащ. Уеблэмэ иужькIэ абы и лэжьыгъэм гулъытэ къыхуищIауэ щытащ РАН-м урысыбзэ орфографиемкIэ и Комиссэм: профессор Кузьмина С. М. и тхыгъэм къыхигъэщыгъащ Къумыкъум и диссертацэм урыс орфографием теухуауэ хэлъ купщIэр къэбгъэсэбэп зэрыхъуныр.

   ЩIыналъэм къигъэзэжа нэужь, Къумыкъу Динэ лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым. Псом япэу абы и пщэ къралъхьат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу къэзакъхэм я псэлъэкIэр джыныр. Институтым къызэригъэпэща къэхутакIуэ гупым хэту, Динэ Прохладнэ районыр къызэхикIухьурэ бзэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд зэхуихьэсащ. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр иужькIэ щIэныгъэлIым къытригъэдзэжащ урысей журнал зыбжанэм.

Мыгувэу Къумыкъу Динэ къыхуагъэфэщащ щIэныгъэ секретарым и IэнатIэр. Абы и пщэ дэлъщ институтым лэжьыгъэ нэхъыщхьэу иригъэкIуэкIхэр къызэгъэпэщыныр: къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыныр, абыхэм япкъ иткIэ ятха тхыгъэхэр къыдэгъэкIыныр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ егъэджэным пыщIа IуэхущIафэхэр зэфIэгъэкIыныр, щIэныгъэ советым и зэхуэсхэр гъэхьэзырыныр. Мы IэнатIэм Iуту зэрылажьэрэ Къумыкъум щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм, ар къызэгъэпэщыным зэфIэкI хъарзынэхэр къыщигъэлъэгъуащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ теухуауэ щIэныгъэ лэжьыгъэу 50-м щIигъу. ЖыIэпхъэщ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ, БищIо Борисрэ ТIымыжь Хьэмыщэрэ я гъусэу Къумыкъум къыдигъэкIа «ЕджапIэхэм папщIэ урыс-адыгэ псалъалъэр» нэгъуэщI щIыналъэхэми щыщ щIэныгъэлIхэм гъэщIэгъуэн зэращыхъуар, мызэ-мытIэу а тхылъыр Москва, Санкт-Петербург дэт IуэхущIапIэхэм я лъэIукIэ зэрырагъэхьар. Мы зэманым къэхутакIуэ гупым хэту ар йолэжь псалъэ мин 60-м щIигъу зэрытыну урыс-къэбэрдей-шэрджэс псалъалъэм.

Къумыкъум и гуащIэ хэлъщ илъэс 30-кIэ къыдэмыкIа «Вестник КБИГИ» щIэныгъэ журналыр 2001 гъэм зэрызэтраублэжам икIи мы зэманым ар абы жэуап зыхь и секретарщ. Апхуэдэуи ар жыджэру хэтщ щIэныгъэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса сборникхэр къъызэгъэпэщыным, институтым щIэныгъэ конференцхэр щегъэкIуэкIыным. Ар йолэжь Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтымрэ Урысейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным. Къумыкъум гулъытэ хэха хуещI щIалэгъуалэр гуманитар къэхутэныгъэхэм дегъэхьэхыным, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр гъэхьэзырыным. Абы и жэрдэмкIэ институтым къыщызэрагъэпэщащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я советыр. Ар Къумыкъум и нэIэм щIэту мэлажьэ, щIэныгъэ конференцхэр ирагъэкIуэкI, щIалэгъуалэм я щIэныгъэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса сборникхэр къызэрагъэпэщ, аспирантхэмрэ институтым практикэ яIэу къекIуалIэ студентхэмрэ лекцэ къахуоджэ.

«Институтым и лэжьакIуэ гупым ухэтыныр си дежкIэ гухэхъуэщ. Сыту жыпIэмэ, щIэныгъэм дихьэха, зи гъащIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ джыным тезыухуа щIэныгъэлIхэм гъэщIэгъуэнщ уадэлэжьэну. Илъэс къэс ди щIэныгъэлIхэм щIэныгъэ тхыгъэ 300-м щIигъу къытрагъадзэ, монографие 30-м нэблагъэ ягъэхьэзыр. Дэтхэнэми и лэжьыгъэм пщIэ хуэщIыпхъэщ, дэтхэнэри къэкIуэнум толажьэ», - жеIэ Динэ.

Бзылъхугъэм гуманитар щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIыхь тхылъыр (2016 гъэм), ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием (2001 гъэм), КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм (2007 гъэм), КъБР-м и Правительствэм (2013 гъэм) я ЩIыхь тхылъхэр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: