ШыщӀэр зышх блэжьыр

(Хъыбар)

Уи фIэщ мыхъун бжесIэнщ сэ. Зауэм и пэкIэ ди адэр шыбзыхъуэу Къущхьэхъу щыIэти, йоуэри, зы махуэ гуэрым тIэкIу зигъэпсэхуну къыдохьэж аби, мыпхуэдэу жеIэ:

 - Мызэ, сэ тIэкIу зызгъэпсэхуну сыкъэкIуэжащи, уэ си пIэкIэ кIуэи, си гъусэхэм ядэIэпыкъ, арыншэмэ кьатехьэлъэнщ! - жери и шыр къызет:

 - Мыри къыпщхьэпэжынщ! - жи, Iэдакъэсэ гуэр иIэти, ари къызет.

Сэри сошэсри Къущхьэхъум сокIуэ. СыздэкIуам къысщыгуфIыкIыу срагъэблэгъащ. Махуэ и ужькIэ я нэхъыжьым унафэ ещI, сэри шы згъэхъун хуейуэ.

Арати, пщыIэм cытекIын щыхъум, сыкъегъэувыIэри, и IэшхуитIыp си дамащхьэ зырызым къытрелъхьэр аби, си нэм къыщIэплъэурэ, мыри къызжеIэ:

 - Иджы, щIалэ, уэ дызэрыпщыгугъыр шы бгъэхъуну абы и закъуэкъым. Мы хакIуапщIэм зы шыбз гуэр хэтщ псэфуи, хуэсакъ: а шыбзым къилъхур алъп лъэпкъщ, алъплъэпкъым я лъым нэхърэ нэхъ IэфI щыIэкъым. Мис абы щхьэкIэ зы хьэпщхупщ емынэ гуэр къеуэсащи, шыбзыр лъхуэху, къилъхуар тфIешх. Ар йомыгъэшхыу къытхуэпхужмэ, лIыгъэжьыр уиIэу къэтлъытэнт, - жери.

 - Деплъынкъэ а хьэпщхупщри зыхуэдэм! - жызоIэри, шыбзыр тызоху.

Сымыбэлэрыгъыу шыбз псэфым сыкIэлъоплъ. СыкIэлъоплъ зы махуэ сыкIэлъоплъ махуитI; ещанэ махуэм сызэрыщхьэукъуар сымыщIэжу сыщхьэукъуэщ аби, абыирихьэлIэу Шыбзыр лъхуэри, къилъхуар кIуэдауэ сыкъызэщыужащ Шыбзыр зэрылъхуар къызэрысщIар шыбзым и ныбэ пцэхыжараш: итIанэ шыбз тхьэмыщкIэмщтэIэщтаблэу, пIейтейуэ зиплъыхьырт, гужьеяуэ и пIэ имытыжыфу апхуэдэт. Сыт сщIэнт? ШыщIэр схуэмыхъумами, шыбз гуартэр пщыIэм къытесхуэжын хуейти, къытесхуэжащ. ПщыIэ тхьэмадэр ныспежьа щхьэкIэ, шыбзым шыщIэр зэрыщIымыгъур щилъагъум, нэщхъей къэхъуауэ пщыIэм сыщIишэжащ. Сэри ахьмакъыу сыкъызэрыщIэкIам сытеукIытыхьыжауэ сыкIуэри сыгъуэлъыжащ. Сыгъуэлъыжа щхьэкIэ, жейм сезэгъакъым.

Нэху дыкъекIри, пщэдджыжьым жьыуэ сыкъэтэджщ, си шыуанэ зэтеслъхьэри, шыщIэ лъыхъуэ сежьащ. Куэдрэ сылъыхъуамащIэрэ сылъыхъуа, сытми зы зэман блэ ин гуэри лъэужь сытехьащ. Лъагъуэм срикIуэурэ блэ абрагъуэ гуэрым сришэлIащ. Телефон пкъо хуэдиз зи гъумагъ блэжьым шыщIэр ихьауэ ишхыу, шхын имыухауэ къэслъэгъуащ. Ар щыслъагъум, си фоч зэгуэтыжьыр зыпщIыхэсхщ аби, тезгъэпсащ, сеуэу cыукIын си гугъэу. АрщхьэкIэ абдеж кIий макъ гуэр къоIу:

 - Ей, щIалэ, пщIэну уи гугъэр сыт? жери къоджэ лIыжь цIыкIу гуэр: хэтми сщIэркъым, сцIыхуркъым.

 - Уэлэхьи, мы блэжьыр сыукIын си мураду армэ, - жызоIэ.

 - А блэр фочкIэ пхуэукIынукъым, а уи гугъэм хуэдэу, - жи лIыжь цIыкIум.

 - Абы и укIыкIэ хъунуращ: езым шхэн иухмэ, жейр къытеуэнурэ и гъуэм ипщхьэжынущ: ипщхьэжа нэужь, жэщищ-махуищкIэ жеинущ. И жеин зэрырикъуарауэ, пщэдджыжьым дыгъэр къыщыщIэкI дакъикъэм къипщыжынурэ, щэ хущхьэнущ и жьэр иущIурэ. Абдежым блэм и нэрщIрегъэукъуанцIэри игъаплъэркъым. Мис а дакъикъэм урихьэлIэу и жьэ ущIам ужьэдэуэм, блэм уи насып текIуэри уукIащ. Ауэ абдежым укъилъагъумэ, блэм и насыпкъыптекIуэри уишхащ. Иджы арыншауэ уеуэми уи шэр, нартыху пIэнкIым хуэдэу, къигъэлъеижыну мыхъумэ, зыри пхуещIэнукъым: абы и фэр темланкIэм хуэдэу быдэщ!

Арати, сыт сщIэнт, си жагъуэ хъури, пщыIэм къэзгъэзэжащ, ауэ, къэзгъэзэжыным и пэкIэ, лIыжь цIыкIум берычэт бесын жесIэнщ жысIэри, сыщыбакъуэм, дэнэ кIуамисымыщIэу, лIыжь цIыкIур уэм хэбзэхэжащ: алыхьым ещIэ, жин хужь жыхуаIэм хуэдэ хъунт! Арати, пщыIэм къэзгъэзэжри, тIэкIу седзакъэщ аби, шыбзыр тезгъэкIащ. МахуищырдэкIыху сеплъэкIуащ блэжьым и гъуэм. Ещанэ махуэр къэсри, пщэдджыжьым дыгъэр къыщыщIэкIым хуэзэу, блэжьри гъуэм къипщри, хущхьэу щIидзащ. Зэ хущхьэрихъуаскIэр къыIурихащ, етIуанэу хущхьэри мафIэ бзийр къыжьэдихащ. Ещанэу щыхущхьэм ирихьэлIу дыгъэр си щIыбу сиувыкIщ, си фоч зэгуэтыр тезубыдэри, шэ пIащэр ижьэ ущIам жьэдэхуэу, блэм сеуащ. Блэм зэуэ зиупцIри зыщхьэпридзащ, итIанэ зиIуантIэзишантIэурэ махуэ псом щылъри, дыгъэр щыкъухьэм ирихьэлIэу, кIыхьу зиукъуэдийрии псэр хэкIащ. И кIэ къинамэ, метрэ щитхурэ ныкъуэрэ хъунт а цIапIэжьым и кIыхьагъыр!

Блэм и псэр зэрыхэкIыу сеувалIэри, си адэм и Iэдакъэсэр къисхщ аби, блэм и фэр тесхащ: ар тесхыу къэзмыхьамэ, хэт и фIэщ хъунт ар сэ сыукIауэ? Сытми, блэм ифэр тесхри, пщыIэм къэслъэфащ, пщIэнтIэпсыр къызэлъэлъэхыу. ПщыIэ тхьэмадэм ар щилъагъум:

- Афэрым! - жиIащ.

Абдежым цIыхуми я фIэщ хъуащ гъэ къэс алъп щыщIэр къащIэзымыгъахъуэу щыта блэжьыр зэрызукIар!

Блафэр Къущхьэхъу щыIэ Iэхъуэ-шыхъуэм хэт гуэншэрык ищIащ, хэт лъэгущIыхьу щIидащ, хэти лъей къыхихащ; хэти ехъуапсэри кIапсэшхуэ къыгуихащ. Щхьэж зыхуэныкъуэищIащ. Сэ лъэгущIыхьитI къыхэсхри фэдэнкIэ щIэздэжати, илъэсипщIкIэ схуэгъэлэжьакъым. ИкIэм икIэжым сыужэгъури, мэлыхъуэхьэхэм яхуэздзыжати, яхуэшхакъым;мафIэм пэрыздзати, исакъым. Щымыхъужым, щыкъуейуэ зэпызупщIщ аби, псым хэздзэжащ. Уэлэхьи, ар фэ фи фIэщ мыхъункIи хъунщ, ауэ блафэр зэрытесха Iэдакъэсэриджыри ди унэ щIэлъкIэ, пIастэ къригуагъэжу.

Абы и ужькIэ шыбзыжьым шыщIэу къикъхуар, псори къэхъури, алъп хъуащ, приз Iэджи Европэми, Америкэми, Тыркуми къыщахьащ.

Абы иужькIэ Къэбэрдейм алъп къыщалъхужакъым.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: