Сэ си фащэр адыгэ фащэщ

ФокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и ­махуэу зэрагъэуврэ илъэсипщI ирокъу. Абы ­лъандэрэ а Iуэхум лъэпкъ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ тхыдэ жыжьэм къып­хыкIа фащэ телъыджэ лъэпкъым къы­зэрыщIэнам. Ар зыгъэ­лъапIэхэм кIуэ пэтми къахохъуэ адыгэ фащэ­кIэ хуэ­пауэ а махуэм лэжьапIэ, еджапIэ кIуэ ныбжьыщIэ куэдым къалэ уэрамхэм уащрохьэлIэ. КIуэ пэтми, ­нэхъыбэ мэхъу фащэ езыгъэдхэмрэ     ар зезы­­хьэ­хэмрэ.
Илъэс къэс а махуэм ирихьэлIэу ­гуфIэгъуэ дауэдапщэ, зэпеуэ, зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр ди щIыналъэм къы­щы­зэрагъэпэщ. Адыгэ фащэм и тхы­дэм, абы иIа, иджы игъуэта теплъэм, фащэм и мыхьэнэм теухуа дерсхэр еджапIэхэм щрагъэкIуэкI, фильмхэмрэ нэтынхэмрэ щагъэлъагъуэ.
Дэтхэнэ адыгэми насыпу къелъытэ и пкъым хуэфIыпс фащэ екIу иIэныр. Къы­зыгурыIуэм ещIэ адыгэ фащэр фэилъхьэгъуэ къудей мыхъуу, укъы­зыхэкIам хуэпщI пщIэм и щыхьэт гуэру зэрыщытыр. Ар лъэпкъым и гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъэ къызытещыж Iэужь нэсщ.
Адыгэ фащэр фIыуэ зылъагъу, ар щIэх-щIэхыурэ зи пкъым изылъхьэ адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я дежкIэ фащэм иIэ мыхьэнэм, ар щIыщатIагъэ щхьэусыгъуэм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ захуэдгъэзащи, къыджаIахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.

Сысейм  и тхыдэр

Си фащэм и тхыдэр си деж къыщежьакъым, си дежи щиухынкъым. ИлъэсипщIым нэблэгъауэ адыгэ фащэ сиIэщ. Ар зэрысхуадрэ куэдкIэ нэхъ бей сыхъуауэ къысщызыгъэхъу къару къысхелъхьэ. Фащэр махуэ къэс пщыгъын фэилъхьэгъуэкъым, ауэ ар дэтхэнэ адыгэми иIэн хуейщ. Пэжщ, абы ахъшэ токIуадэ, ауэ языныкъуэхэм щIыхуэ къащтэу къащэху хьэпшыпхэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэншэкъым ар уи унагъуэ илъыну. 
Балигъ сыхъуа иужь схуада фащэм хъыбар щхьэхуэ иIэщ. Илъэсибгъу ипэ Мейкъуапэ щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» дунейпсо зэпеуэм срихэтыну Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ «Адыгэ унэ» тыкуэнымрэ зэгъусэу схуадат си фащэр. Иджы хуэдэу бжьыхьэт ар япэу сипкъ щислъхьам, абдеж сэ зыхэсщIа гу­рыщIэр псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ. Абы ипэкIэ зы бостейми апхуэдэу сигу хигъэхъуатэкъым. Нэрымылъагъу мэгъу къару зэрыщыIэр а фащэр щыстIагъэху зыхызощIэ пкъыкIи псэкIи. Илъэс 200-м щIигъу ныбжь яIэу абы кIэрылъ бгъэгуIулъымрэ бгырыпхым­рэ фащэгъэдахэ къудейкъым, атIэ лъэпкъ щIэинщ. Си анэшхуэм и нанэр илъэс 16 ныбжьым иту (и джэгу хыхьэгъуэ щыхъум) хурагъэщIауэ щытащ тIури. Ды­щэмрэ дыжьынымрэ къыхэ­щIыкIа а фащэгъэдахэхэр зауэми гъаблэми къелащ, ар зыхъумахэр абы къыщIэкIыну сомымрэ щIакхъуэ Iыхьэмрэ щыхуэныкъуа мызэ-мытIэу къахуихуагъэнщ, ауэ яхъумащ. Яхъумащ къэкIуэнум фIыкIэ щыгугъти.
Си фащэм и тхыдэр си деж къыщежьакъым, си дежи щиухынкъым, Тхьэм жиIэм!

ЩОМАХУЭ  Залинэ.

Адыгагъэр къызыщывнэ

Адыгэ фащэр лъэпкъым и хабзэм, хьэл-щэным я теплъэу къытхуэна мылъкущ.
СэркIэ адыгэ фащэр джэгуакIуэм и фэилъхьэгъуэ къудейкъым, атIэ къыт­щхьэщымытыж нэхъыжьхэм яхуэфащэу дунейм дызэрытетын хуейр сщызымы­гъэгъупщэ щыгъынщ. Мы тхыгъэм къе­джэ дэтхэнэми лъэIукIэ захуэзгъэзэну сыхуейт. Иужьрей зэманым фащэр щызытIагъэр куэд хъуа щхьэкIэ, ар щыщатIагъэкIэ зэрыадыгэр, а фащэмрэ адыгагъэмрэ хуэфащэу зэрызащIыпхъэр зыщамыгъэгъупщэну солъэIу. Фащэр щыптIэгъэн ­папщIэ лъэпкъым ухуэфащэу ущытын ­хуейщ. Си щхьэкIэ псом нэхърэ нэхъыбэу сигу къеуэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ пщащэ цIыкIухэм цIыхухъу фащэ зэрыщатIагъэр е цIыхухъу фащэм и пкъыгъуэхэм щыщ бзылъхугъэхэм зэрызыкIэралъхьэр. Ар емыкIу дыдэщ. КъызгурымыIуэм жеIапхъэщ. Ар цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я пщIэр зэхэхауэ зыхъума щыгъынщ. А тIур зэхэзыпщэм лъэпкъым и пщIэр игъэу­лъийуэ къызолъытэ. 
«Дыгъужьым зи мэл пхьы хъуну мэлы­хъуэр и пыIэмкIэ къещIэ», адыгэ псалъэжьыр зэхьэлIар пыIэракъым, атIэ цIыху фащэрщ. Фащэр екIуу пщыгъын, абы хуэфэщэн вакъэ пылъын хуейщ. ­КъищынэмыщIауэ, фащэр зауэлI щы­гъыну щыщыткIэ, абы мэлыхъуэ пыIэ пыплъхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар адыгэм ди фащэ зэгъэкIукIэм и хабзэм пэрыуэ Iуэхугъуэщ. Пасэрей сурэтхэм сахэп­лъэурэ нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдми гу лъыстащ. Ауэ псом нэхъапэращи, ар Iэпкълъэпкъыр зэрыбгъэдэхэн щыгъынкъым, атIэ лъэпкъым лъэныкъуэ псомкIи ехьэлIа гупсысэхэр зы зыщI фэилъхьэгъуэщи, зэкIужу фIэкIа щывмытIагъэ!
 Сэ фащэ зыбжанэ сиIэщ. Пэжым ухуеймэ, мылъкушхуи абыхэм тезгъэкIуэдащ, пкъыгъуэ куэдыр пасэрей адыгэхэм ейм хуэдэу, дыжьыным къыхэщIыкIащ. Урысейм и щIыпIэ куэдым, хамэ къэралхэ­ми ди фащэр щыщыстIэгъащ. Псом хуэ­мыдэу ар щызотIагъэ адыгэ хьэгъуэлIы­гъуэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ, лъэпкъ зэхуэсхэр щезгъэкIуэкIкIэ.
Си псалъэхэм я кIэухыу адыгэ псоми лъэIукIэ захуэзгъэзэнут, адыгэ фащэр щыщахыжкIэ, адыгагъэр къызыщанэну.

Джэдгъэф Беслъэн, джэгуакIуэ.

Гушхуэныгъэ къызет

Лэжьэн щIэздзэу ахъшэ тIэкIу зэхуэсхьэса иужь, псом япэ адыгэ фащэ езгъэдауэ щытащ. Хуэм-хуэмурэ бгырыпхри бгъэгуIулъри зэзгъэпэщауэ сиIэщ. 
Iэмал сиIэху сфIэфI дыдэу щызотIагъэ. Си фащэр адрей щыгъын псоми хэхауэ, ­нэхъ сыхуэсакъыу, сабэ трезмыгъыхьэу ­сохъумэ. Махуэ къызэрыгуэкIхэм щыстIэгъэну сыщосхь, моуэ зэхыхьэ дахэхэм деж фIэкIа къасщтэркъым. Ар си лъэпкъым зэриIэужьыр, а лъэпкъым сэри сызэ­ры­щыщыр, апхуэдэ фащэ сызэриIэм ­сри­гушхуэу, си щхьэр лъагэу ирисIэтрэ си плIэр захуэ ирисщIу сиIэщ. Гушхуэныгъэ къысхелъхьэ. Сэ къыздекIуэкIхэм зыгуэрым фащэ иригъэдыну щIэхъуэпсрэ темыгушхуэмэ, схузэфIэкIымкIэ зыщIэзгъэкъуэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар зэрыфIыгъуэшхуэр си щхьэкIэ згъэунэ­хуа­щи, дэтхэнэ адыгэми къищIэну сыхуейщ.

Жыгуэ Иннэ, радиожурналист.

НэгъуэщI цIыху сохъу

Ди адыгэ фащэр си псэм хэпщIауэ хэтщ жысIэмэ, пцIы сыупсынукъым. Сэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым сыхэтщи, щIэх-щIэхыурэ ар щыстIагъэну Iэмал сиIэщ, щыстIагъэхукIи зыхэсщIэу нэгъуэщI цIыху сохъу. Си гур псынщIэу ­къеуэу щIедзэ. Сызэрыадыгэр къэзыгъэлъагъуэ фащэм и къарур инщ. Си гъащIэм фащэр пэIэщIэу си нэгу къысхущIэгъыхьэркъым. Си пкъым хуэфIыпс фащэр зэрыщыстIагъэу, щхьэхуимыту си лъэр къафэм ирехьэжьэ. Ди унагъуэм адыгэ фащэм пщIэ лей щыхуащI. Си щIалэ нэхъыжьри къэфакIуэ гупым хэтщи, абыи щIэх-щIэхыурэ фащэр щетIагъэ. Си щхьэгъусэми фащэ фIыуэ елъагъури, Адыгэ фащэм и махуэр унагъуэкIэ ди махуэ лъапIэщ.

ШэджыхьэщIэ (Чыл) Марианнэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пажэ.

Гур щыз ещI

Адыгэ фащэ сиIэну куэд щIауэ се­хъуапсэрт. Псоми ящIэ фащэ къызы­хуэтыншэу зэбгъэпэщын папщIэ сомыфI зэрытекIуадэр. Адыгэм и дунейм, абы и тхыдэм и Iэужь нэIурытыр, дэтхэнэ зы адыгэми хуэдэу, сэри сиIэну си нэ къы­хуикIырт. Арати, сытегушхуэри тIэкIу тIэкIуурэ фащэм и пкъыгъуэхэр зэхуэс­хьэсын щIэздзащ. ЩэкIыр къыщыхэсхым сыхэплъыхьащ, япэщIыкIэ адыгэ джанэр езгъэдри, ар зэIущIэ хэхахэм щыщыстIэгъэн щIэздзащ. Цейм и щэкIыр пасэрей щIыкIэу къэслъыхъуэрти, Хъурей Жаннэ къыздэIэпыкъури, ари къыхэсхащ. Апхуэдэурэ и нэхъыбэр зэхуэсхьэсащ, ауэ иджыри псомкIи сыкъызэгъэпэщауэ схужыIэнукъым. Аращ сыхуейху щIысхущымытIагъэри. Ауэ дапщэщи си хъуэпсапIэщ, икIи сфIэфIщ адыгэ фащэ ди цIыхухэм къащтэжыну. Адыгэм и гупсысэ, зэфIэкI, дуней гъэпсыкIэ куэд а фащэм епхауэ щытщ. ЗэрыжаIэщи, фащэ щыптIэгъа иужь, зэпIэзэрыту ущегъэт, уи IэпкълъэпкъкIи псэкIи зыкъуегъэщIэж, адыгэ лъэпкъым узэрыщыщым гушхуэ­ныгъэ къыпхелъхьэ. Пасэ адыгэхэм я дунейм ухэту къыпщохъури, абыхэм уазэ­рыхуэ­фэщэным ухущIокъу. Фащэ щыгъыу уэрамым кърикIуэу слъагъу дэтхэнэри зы щхьэкIэ нэхъ лъагэщ сэркIэ - ар адрей псоми къахолындыкI и зыIыгъыкIэкIи зыщIыкIэкIи. Гур щыз мэхъу апхуэдэ да­къикъэхэм.

Къэбардэ Астемыр, тхыдэдж.

Щыгъыным нэхъ дахэр - укIытэщ

Иужьрей зэманым адыгэ фащэр цIыху­хэм нэхъыбэу къызэращтэжам ущымы­гуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. 
Сэ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэхэр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щезгъэкIуэкIкIэ, фащэр е абы и пкъыгъуэхэр кIэрылъу да щыгъын сфIэфIу щызотIагъэ. Тыркум щыпсэу адыгэхэм адыгэбзэ, хабзэ егъэщIэнымкIэ дерсхэр ядыдогъэкIуэкIри, абыхэм ИнтернеткIэ сащепсалъэкIэ фащэ щызотIагъэ. Си ныбжьэгъухэм я хьэгъуэлIыгъуэм хьэщIэу (Iуэхутхьэбзэ гуэркIэ абдеж къы­щысщымыгугъмэ) срагъэблагъэмэ, фащэкIэ фIэкIа сыкIуэркъым. Адыгэ фащэм цIыху Iэпкълъэпкъыр ехъуэж, и бгыр захуэ мэхъу, фащэр тыншу, къыумыхьэлъэкIыу щыпщыгъыфынур абы и жыпхъэм, щIыкIэ къигъэувым уитмэщ. ПсалъэкIэ схужыIэнукъым адыгэ фащэм къызит къарур зищIысымрэ абы и инагъымрэ, ауэ фащэм хуэфэщэну ущымытмэ, и дахагъэр мэкIуэд. Ар хэт щитIагъэми, моуэ ­гушхуэныгъэ къызэрыхилъхьэр плъагъуу, цIыхур и теплъэкIи зыщIыкIэкIи нэхъ дахэ мэхъу. Сэ хьэгъуэлIыгъуэ езгъэкIуэкIхэм куэдрэ сащыкIэлъоплъ фащэр цIыхухэм зэращыгъми, ар зэмыкIу, абы имыгъэдахэ срихьэлIакъым. Адыгэ фащэм зы ­ны­къусэныгъэщ ди зэманым иIэр - и уасэращ. Ар нэхъыбэм зрахьэнуи, щатIэгъэнуи къыщIэкIынт сомкIэ пэлъэщамэ.
Хуабжьу сыщIохъуэпс гуфIэгъуэ зэ­хыхьэхэм фащэкIэ псори екIуалIэу слъагъуну. Ар махуэ къэс зэрыпхущымыгъэгъынур псоми дощIэ, абыкIэ ди щхьэ къыщIэдгъэпцIэжыни щыIэкъым, ауэ махуэ лъапIэхэм абыкIэ узэхыхьэну фIы­гъуэшхуэт. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIащи, «фащэм я нэхъ дахэр укIытэщ». Сыт тщыгъми сыт хуэдэ утыку дитми нэхъыщхьэр ар зыщыдмыгъэгъупщэнырщ, дыкъызыхэкIам дахуэфащэу дыпсэу­нырщ.

Гъэсэнэ Кямран, джэгуакIуэ.

Поделиться: