Мыщхьэх дахащIэщ

          Iэхъуэбэч Бэллэ КъБКъУ-м юриспруденцэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар Урысей зэкъуэт партым и «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ Советым хэтщ, апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и 6-нэ зэхуэсыгъуэм и депутат Бечеловэ Людмилэ и дэIэпыкъуэгъущ.

         - 2017 гъэм КъБР-м и ЩIалэгъуалэ центрым и зы проектым - КъБР-м и политик ныбжьыщIэхэм я школым - сыхэта нэужь, жылагъуэ Iуэхум сыдихьэхащ. ЕджапIэр къыщIызэрагъэпэщар ныбжьыщIэхэр утыку ихьэфу, социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр пхагъэкIыфу ягъэсэнырт, апхуэдэуи щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынырт, - жеIэ хъыджэбзым. - А Iуэхум хэтат КъБР-м и Жылагъуэ палатэм епха ЩIалэгъуалэ Советри. МазитI дэкIри, советым и секретару сыхахат. Абдеж щегъэжьауэ щIалэгъуалэ зэхуэсхэм нэхъ жыджэру сыкIуэн щIэздзащ. Иджыпсту къехьэкI-нехьэкI хэмылъу схужыIэнущ жылагъуэ лэжьыгъэр зиIысысымрэ Iуэху къызэгъэпэщыкIэмрэ къыщысщIар абдеж зэрыарар.

         ИужькIэ Iэхъуэбэчыр «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэми жыджэру дэлажьэу щIидзащ. Мыгувэу а зэгухьэныгъэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну и пщэ къралъхьащ. Бэллэ абдеж щигъэхьэзыра проектым ахъшэ саугъэт къыхуагъэфащэри, 2018 гъэм и жэпуэгъуэм Бахъсэн къалэм дэт «Насып» рестораным къыщызэригъэпэщащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ «Дызэгъусэщ» фондым и псапащIэ фестивалыр. Гудзакъэ зиIэ хъыджэбзым и япэ жылагъуэ Iуэхур зытриухуар унагъуэ хуэмыщIахэм къыщыхъу  сабийхэм, зеиншэхэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъунырт, зыгуэркIэ я гукъыдэжыр къазэрыхуэIэтынырт. Фестивалым къыхэкIамкIэ цIыкIухэр нэхъ зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуащ.

         - Куэд щIауэ сызэгупсыс Iуэхут ар. «ЩIалэгъуэ гвардие»-м апхуэдэ жэрдэмхэр щIалэгъуалэм зэрадиIыгъыр, ахъшэ зэрахухихыр щызэхэсхым, шэч хэмылъу, ар зэрызгъэзэщIэнум фIэкIа нэгъуэщIым сегупсысыжакъым. Ар си япэ лэжьыгъэу арати, проектыр зэхэгъэувэнымкIэ Москва щыIэ ди штаб нэхъыщхьэм хэтхэри къыздэIэпыкъуащ, - жеIэ Iэхъуэбэчым.

         Проектыр пхигъэкIа нэужь, ар щигъэзащIэми, Бэллэ къыдэIэпыкъуащ зэгухьэныгъэм хэт щIалэгъуалэр. «ФIыщIэ яхузощI зыкъысщIэзыгъэкъуа псоми. Псалъэм папщIэ, «Насып» рестораным и  унафэщI Быф Ритэ пщIэншэу пэшышхуэ тхухихауэ щытащ. ЦIыкIухэр ягъэгушхуащ республикэм и артистхэу Къэздэхъу Мухьэмэд, Жыгун Эдуард, ГъукIэ Ислъам, Мэремкъул Ибрэхьим, Iэпэнэсхэ Ибрэхьимрэ Джульеттэрэ, къафэмкIэ «Амра», «Бахъсэн ауз»  еджапIэхэм зыщызыгъасэхэр», - жеIэ абы.

         Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ псоми къыхашауэ (унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм щыщу) а махуэм я нэгу зрагъэужьащ сабии 100-м щIигъум, икIи зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуащ. 

         КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зы проекти, «PROчтение клуб» зыфIищар, Бэллэ щигъэзэщIащ Бахъсэн къалэм.  

         - ФIыуэ къызгуроIуэ жылагъуэ Iуэхум ухэткIэ узэрыпсэун абы къызэрыпэмыкIуэнур икIи къэкIуэнум зы унэтIыныгъэ гуэр къыхэсхын зэрыхуейр. Ауэ мыбы гурэ псэкIэ сыхэтщи, шэч къызытезмыхьэр  зыщ - жылагъуэ Iуэхум сыхэтыну сызэрыхуейрщ, - жеIэ Бэллэ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: