И хъуэпсапIэхэр зэпхар театрырщ

Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ Адыгей драмэ театрым и артисткэ пажэ Нэхей Маржанэ ди хьэщIэщ.
 Къэбэрдей-Балъкъэрым и театреплъхэм Маржанэ и артист зэфIэкIыр ягъэунэхуну зыбжанэрэ Iэмал яIащ. Режиссёр ЕмкIуж Андзор игъэува «ЛъыщIэж» спектаклым Маржанэ нысэм и ролыр щигъэзэщIат. Псалъэ лей хэмыту, лIыхъужьым и хьэлыр, и Iуэху еплъыкIэр къэбгъэлъэгъуэну гугъу ды-дэщ, ауэ ар хузэфIэкIат Нэхейм. Арагъэнщ абы ЕмкIужым «Зи жьэм нэхърэ зи нэхэм нэхъыбэ къаIуатэ артисткэ» щIыхужиIар. Маржанэ Тхьэкъуахъуэхэ япхъущ, лъэпкъкIэ Куэшхьэблэ къуажэ щыщщ. ЗэрытщIэщи, а къуажэм дэсхэр къэбэрдей адыгэхэм ящыщщ. Артистхэр щагъэхьэзыр ГИТИС-р къызэриухрэ и зэфIэкI хигъахъуэу, Iэзагъэу бгъэдэлъыр кIуэ пэтми нэхъ къызыкъуихыу мэлажьэ ар.
 «Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэщ усэ пшыхьхэм я зи чэзу зэхыхьэм Маржанэ хэтыну къыщрагъэблагъэм, нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуащ. А артист пажэм занщIэу дыболъагъу ар зэрыцIыху тыншыр, гъащIэр, IэщIагъэр, къызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ зэрилъагъур.
 - «Жан» хасэм къызэригъэпэщ усэ пшыхьхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ИнтернеткIэ сакIэлъоплъри, сыт щыгъуи сыхэтыну сохъуапсэ. Иджыщ къыщызэхъулIар, — жеIэ Нэхейм.
 Маржанэ курыт еджапIэм щыщIэсым спортым дихьэхырт. Абы ирипхыну къыщIэкIынт и гъащIэри, ГИТИС-м щрагъэджэну адыгэ гупыр къыхахыу зэхэзыха и анэм тримыгъэгушхуамэ. Маржанэ жеIэ бжэщхьэIум зэребакъуэу театрым зэритхьэкъуар, нобэр къыздэсым абы и мэгъу къарум имыутIыпщу зэриIыгъыр.
Артисткэм и Iуэхур куэдкIэ къыдегъэпсынщIэ и щхьэгъусэ Нэхей Iэдэми театрым зэрыщылажьэм.
-Ди лэжьыгъэм хэмыт цIыхум тыншу укъыгурыIуэнукъым. Артистым и гур утIыпщауэ утыкум итыфын щхьэкIэ и Iуэхур къыдэзыIыгъ щIыбагъ быдэ иIэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI зыгуэрмэ, усэ пшыхьым сыхэтын щхьэкIэ си закъуэ хамэ республикэ сиутIыпщыну фIэщ щIыгъуейт. Зы Iуэхум хэт зэщхьэгъусэхэм я унагъуэр  нэхъ быдэ хъууэ къысфIощI, ауэ ари езы цIыхухэрауэ къыщIэкIынщ зэлъытыжар, - жеIэ Маржанэ.
Хъурум Хъусейн итха «Гуащэмыдэ и нысэ хэдэкIэ» гушыIэ пьесэм къытращIыкIа спектаклым Ленарэ и ролыр щегъэзащIэ Маржанэ. А спектаклыр ягъэлъагъуэу театрым республикэр къызэхикIухьащ. Къуажэ нэхъ пхыдзахэми щыIати, цIыхухэм хуабжьу ягу ирихьауэ къыпэджэжащ.
 Артист куэдым къащхьэщыкIыу, Маржанэ роль хэплъыхь ищIыркъым, езым игъэзэщIахэм щыщуи и псэм фIэмыфI яхэткъым. Абы зэрыжиIэмкIэ, ар зыщIэхъуэпс ролхэр игъэзэщIащ.
«Театрыр си гъащIэщ, ар хэмыту си дунейр си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым. Иджы фильмхэми сыщылэжьэн щIэздзащи, абыи хуабжьу сыдехьэх. Кинор театрым нэхърэ нэхъ тыншу къэзылъытэ щыIэщ, ауэ сэркIэ абыхэм зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэкъым. ЕмкIуж Андзор и фильмым сыхэтщи, сфIэгъэщIэгъуэнщ. Спектаклым хуэдэущ абы кино зэрытрихыр. Артисту хэтын хуейр хэту, я нэм ущIэплъэу уоджэгури, арагъэнщ сэркIэ абы зэщхьэщыкIыныгъэ щIимыIэр».
 Сыт хуэдэ артистми хуэдэу, Маржанэ и хъуэпсапIэхэр театрым, ролыщIэхэм епхащ. Безруков Сергей и театру Москва щыIэм и зэфIэкIхэм щеплъыжыну, и Iэзагъ къыщигъэлъэгъуэну щIохъуэпс ди лъэпкъэгъу артисткэр. ЗэрыжаIэщи, хъуэпсапIэм иIэну гъащIэр зэлъытыжар езы хъуапсэращи, Маржанэ ейхэр зэрызригъэхъулIэнум шэч къытетхьэркъым.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: