Мудар Хьэфэ и кхъэ нэпцI

Къэбэрдейм я пщышхуэр, ЩолэхъужькIэ зэджэр, лIа нэужь, пщыхэр зэныкъуэкъу хъуащ, бий зэхуэхъужауэ зыбжанэрэ екIуэкIащ. Щолэхъужьым и къуэ Къэрэщей унафэр яфIиубыдынкIэ шынэрти, ар яукIын мурад ящIащ пщыхэм: «Япэ зидмыгъэщмэ, езым дыIэщIэкIуэдэнщ, дыкъелынукъым», - жари. Ар Мудар Хьэфэ и пщэ иралъхьащ: «Къэрэщейр тхуэукI, уэр фIэкI, нэгъуэщI пэлъэщынукъым», - жари.

Мудар Хьэфэ бзаджэт. Абы бзаджагъэкIэ иукIын мурад ищIащ Къэрэщейр. Езыр Щолэхъухэ я малъхъэти, хьэщIапIэ кIуащ, и шыбзыхъуэр зыщIигъури. Къэрэщей деж тхьэмахуэкIэ щыхьэщIащ Мудар Хьэфэ. Щежьэжым Къэрэщейр кIэлъыдэкIащ. Гъуэгур зэхуэдитI ящIауэ, Мудар Хьэфэ Къэрэщей жриIащ:

- Гъэзэж, куэдщ укъызэрыздэкIуэтар.

Я Iэр зэрубыдыжри, Къэрэщей къигъэзэжащ.

И щIыб къыщигъазэм, Мудар Хьэфэ и шыбзыхъуэр игъэIущати:

- Еуэ иджы! - жиIащ.

Мудар Хьэфэ и шыбзыхъуэр шэрыуэт, зэуам фIигъэкIынутэкъым. Шыбзыхъуэм Къэрэщейр къиукIащ. Къэрэщей и хьэдэр мэз лъапэм къыщагъуэтыжри щIалъхьэжащ. Я малъхъэм шэч хуащIакъым. Щолэхъухэ я зы шыбзыхъуэ илъэгъуащ Мудар Хьэфэ Къэрэщей зэрыригъэукIар.

Къэрэщей и хьэдэр щIалъхьа нэужь, шыбзыхъуэм Щолэхъухэ яжриIащ:

- Къэрэщей къэзукIар Мудар Хьэфэщ. Къэрэщей илъ фхуэсщIэжынщ.

- Къэрэщей илъ пщIэжмэ, шыбз хакIуапщIэ удот, - жаIащ Щолэхъухэ.

- Шыбз хакIуапщIэ къызэфтын ипэ дыщэ IэмыщIэ къызэфт, - жери шыбзыхъуэм дыщэ IэмыщIэ къаIрихащ Щолэхъухэ.

Щолэхъухэ я шыбзыхъуэр Мудар Хьэфэ деж кIуащ:

- Шы и пIалъэ сощIэ, ухуеймэ, шыбзыхъуэ, ухуеймэ, шыгъашхэ сыпхуэхъунщ, - жери.

ЩIалэр игу ирихьащ Мудар Хьэфэ; Щолэхъухэ зэрашыбзыхъуэр ищIакъым.

- Шыгъашхэ сыхуейщ, - жери Мудар Хьэфэ щIалэр къищтащ.

Мудар Хьэфэ деж Iутурэ зыбжанэ дэкIауэ, Щолэхъухэ я шыгъашхэм пщым и хакIуэр псафэ ишащ. ХакIуэр зыIэщIигъэкI зищIри, шыбзыхъуэм пшапэр зэхэуэху псыхъуэм зыщиIэжьащ. Пшапэр зэхигъауэри,
къыдыхьэжащ:

- ХакIуэр сIэщIэкIри кIуэдащ, - жери.

- КIуэдакъым, - жиIащ Мудар Хьэфэ. - ХакIуэр къекIуэлIэжащ. Уэ дэнэ ущыхэтар нобэ лъандэм?

- Сыщыхэтар бжесIэнщ, - жиIащ шыгъашхэм, - хакIуэм и ужь зесхуэурэ Iуащхьэ срихьэлIэри къэстIати, дыщэ къыщIэкIащ, - жери дыщэ IэмыщIэр иригъэлъэгъуащ.

- Iуащхьэм сышэ, - къыжриIащ Мудар Хьэфэ.

- Пщэдджыжь усшэнщ, - жиIащ шыгъашхэм.

АбыкIэ зэгурыIуэри, шыгъашхэм Щолэхъухэ
хъыбар яригъэщIащ: «Филъ фщIэжынумэ, мыпхуэдэ Iуащхьэм фыкъекIуалIэ», - жери.

- Хьэжэбажащэ сокIуэ, - жери Мудар Хьэфэ пщэдджыжьым дэшэсыкIащ, и шыгъашхэр зыщIигъури. Къэрэщей и шынэхъыщIэр Iуащхьэ къуагъым къыкъуэувати, Мудар Хьэфэ щынэсым сагъындакъыр къытриубыдащ:

- Си шынэхъыжьыр хьэщэхурыпхъуэ хабзэщ зэрыбукIар, сэ лIы хабзэкIэ узукIынщ, - жери Мудар Хьэфэ къиукIащ. И хьэдэр Iуащхьэм щIалъхьащ.

Мудар Хьэфэ и хьэдэр ягъуэтыжакъым. Зыкъомрэ лъыхъуащ. Хьэдэр ямыгъуэтыжмэ, я напэр текIынути, ягъэIуащ: «Хьэдэр къэдгъуэтыжащ, - жари. Ар ягъэIури, Мудар Хьэфэ и хьэдэм и пIэкIэ пхъэкъэб щIалъхьащ, мащэ ятIри. «Мудар Хьэфэ и кхъэ нэпцI» щыжаIар абдежщ. Мудар Хьэфэ и шыпхъур Псыжь яшат. И дэлъхур зэрыщымыIэжыр щызэхихым, ар къэкIуэжащ.

- Си дэлъхум и хьэдащхьэ сывгъэлъагъу, - жери щапиубыдым, заумысыжащ:

- Уи дэлъхум и хьэдэр дгъуэтыжакъым. Ди напэр текIырти, мащэм пхъэкъэб итлъхьащ хьэдэм и пIэкIэ.

- Си дэлъхур къэзукIар Щолэхъухэщ, - жери Щолэхъухэ кIуащ Мудар Хьэфэ и шыпхъур.

- Лей зезыхьар си дэлъхуращ, фэ лажьэ фиIэкъым, - яжриIащ Мудар Хьэфэ и шыпхъум Щолэхъухэ. - Си хьэтыр къэфлъагъуи, хьэдэр къызэфтыж.

Мудар Хьэфэ и хьэдэр зыщIэлъ Iуащхьэр къыжраIащ Щолэхъухэ. Хьэдэр къажэшри щIалъхьэжащ.

Къэрэщеи Мудари дунейм щехыжар 1641 гъэрауэ ялъытэ. Къэрэщейр Талъэстонейм я пщышхуэ Щолэхъу и къуэщ. Мудар Хьэфэ джылахъстэнеипщщ. ПщитIри лъэпкъ зэныкъуэкъум хэкIуэдауэщ тхыдэм къызэрыхэщыр. IуэрыIуатэри щыхьэт тохъуэ абы.

Поделиться:

Читать также: