Къейтыкъуэ Жансэхъу

Беслъэн Къейтыкъуэ и къуэ етхуанэщ Жансэхъу. Ар тхыдэм щынаIуэу щытащ. Урысей пащтыхь Фёдор и лъэхъэнэм Мэзкуу ар пщы уэлийуэ къилъыта щхьэкIэ, Жансэхъу Къэбэрдейм пщышхуэу щыхахакъым.
Жансэхъу къуибл иIащ: 1. Сортмэн – Беслъэнейм щаукIащ, бын иIакъым; 2. Дохъущыкъуэ – Нэгъуеишхуэм щаукIащ, бын иIакъым; 3. Къуэшкъан – и адэ къуэшым и къуэ Тэтэрхъан иукIащ, бын къыщIэхъуакъым. 4. Кълыч –Щолэхъу и къуажэхэм деж щаукIащ, щIэблэ къыщIэнакъым; 5. Елмырзэ – Нэгъуеишхуэмрэ тэтэрхэмрэ ящIыгъуу Щоджэнокъуэ Алыджыкъуэ яукIыну къызэришам къыхэкIкIэ, Елмырзэ и къуитIыр иукIащ, езы Елмырзэ Ендрей щтапIэ кIуэсауэ щытащ; 6. Урыскъан – Елмырзэ и гъусэу Ендрей къуажэм кIуащ, абы Къундет Чэлимэт и шыпхъу Чэбэхъан и щхьэгъусащ; 7. Шужьей – ар анэмэту Тэрч куэдрэ щаIыгъащ, абы щыпсэуащ.
I588 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Темрыкъуэ Мамсрыкъуэ, Къамболэт Къундет, Биту Елбэздыкъуэ сымэ, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь Идар Къамболэт «къэбэрдей-шэрджэс псоми я цIэкIэ» Мэзкуу зэпсэлъэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. Ахэр щызэпсалъэм жаIащ Къэбэрдейр пщыгъуиплIу зэкIэщIэчауэ зэрыщытыр: Идархэ, Къейтыкъуэхэ, Талъостэн Щолэхъухэ, Джылахъстэн Мудархэ.
Щолэхъу езым I589 гъэм щхьэхуэу лIыкIуэхэр пащтыхьым деж игъэкIуат, Къейтыкъуэхэ Урысейм зыпащIэну хуейтэкъым. Къамболэт и лIыкIуэхэм зэрыжаIамкIэ, Къейтыкъуэхэрэ Талъостэнхэрэ къулыкъу зыхуащIэр кърым хъанымрэ щэмхъалымрэт. Идар Къамболэт Къэбэрдейм и пщы нэхъыщхьэу зыкъыщригъэлъытэну хущIэкъу щхьэкIэ, Жансэхъу, Щолэхъу, Мудар сымэ ар пщы уэлийуэ къалъытэу щытагъэнукъым.
I589 гъэм Къамболэт лIа нэужь, адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, пщы нэхъыжьыр пщыхэм я хасэхэм щыхахын хуейт. Иджы чэзур Къейтыкъуэхэ ялъысат. I589 гъэм абыхэм я нэхъыжь Аслъэнбэч хахащ, мазитI фIэкIа дэмыкIыу ар лIа нэужь, абы и къуэш Къейтыкъуэ Жансэхъу хахащ.
Жансэхъу теухуауэ абы и къуэш нэхъыжь Къейтыкъуэ Аслъэнбэч и къуэ Чапол I589 гъэм фокIадэм урыс лIыкIуэу Грузием кIуэ Звенигородскэ Семён мыр жриIащ: «Жансэхъу пащтыхьым къулыкъу хуищIэну езыри и бынхэри, Аслъэнбэч и къуэхэри, я бынхэри, и благъэхэри, и хэкури щIыгъуу, Къэбэрдей зэIущIэм щызэчэнджэщащ Мамсрыкъуи, Пщыкъани, Къундети, Анзорхи (мыхэр лIакъуэлIэш лъэпкъым щыщщ), уэркъхэри, я хэку псори ящIыгъуу пащтыхьым и унафэм щIэтыну, къулыкъу хуащIэну, пащтыхьым и улахуэ къратыну, пащтыхьым и бийхэм урысхэм ящIыгъуу дезэуэнхэу».
Жансэхъу Къэбэрдейм зэIущIэ щызэхуишэсри, а зэIущIэм Идархэрэ Къейтыкъуэхэрэ къэкIуащ, я уэркъхэри мэкъумэшыщIэхэри ящIыгъуу. ЗэIущIэр щыхьэт техъуащ Урысейм зэрыхуэпэжым.
1590 гъэм япэрей Тэрч быдапIэжьыр здэщытам деж, Сунжэ Тэрч щыхэхуэм, пэгъунэгъуу щаухуащ Сунжэ быдапIэр. А гъэ дыдэм пщы нэхъыжь цIэр Жансэхъу трахащ. Урысхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ пщы нэхъыжьу Къэбэрдейм щыувыну хущIэкъуащ Мамсрыкъуэ. Абы къыхэкIащ Думэныкъуэрэ Мамсрыкъуэрэ зэраукIар.

КЪАРДЭН Чэлимэт, тхыдэтх.
Поделиться:

Читать также: