Пшынэбзэ дахэр зи лъабжьэ макъамэр зи Iэпэгъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, пшынауэ, уэрэдус, макъамэтх Iэзэ Лосэн Тимур лъэпкъым и макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIщ.
Утыкур ягъэбжьыфIэ Тимур и «Бзэрабзэ» гупым хэт, илъэс тIощI зи ныбжь щIалэгъуалэм. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Осетие Ипщэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, уэрэджыIакIуэ Хъыжьрокъуэ СулътIан 2015 гъэм къыдигъэкIа «Уафэм лъапцIэу» фильмым Лосэн Тимур хуитха «Лэу-лэу» гущэкъу уэрэдыр игъэзэщIащ «Бзэрабзэ» гупым хэт Дау Iэминэ. Лосэным и псалъэхэмрэ макъамэхэмрэ зыщIэлъ уэрэдхэр гурэ псэкIэ зэрызыхащIэр IупщIу ягъэзащIэ Тхьэгъэлэдж Светланэ, Лий Аслъэн, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, Гуазэ Тимур, ПащIэ Алим, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, ДыщэкI Артур, ЗекIуэрей Азэмэт, Дэгу Каринэ, Хьэкъунхэ Ислъамрэ Оксанэрэ, Къуэдзокъуэ Ислъам, Мэршэн МуIэед, Чылар Нэсрэн, Щокъуий Мурат, Дау Iэминэ, Къуныжьхэ Тимур, Мухьэмэд, Хьэмид сымэ, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэхэщ, «Ботэщей», «Дахэ», «ПщIыхь», «Япэрыфэ», «Нэкъуэлэн», нэгъуэщIхэри.
- «Бзэрабзэ», «Бзэрабзей», «Джэраджэ» жиIэу къызэзгъэпэща щIалэгъуалэ гупым я цIэр зэкIэ зыгуэрым тедубыдакъым. ЩIалихрэ зы хъыджэбзрэ мэхъу «Бзэрабзэ» гупыр. Ахэр уэрэджыIакIуэхэу Дау Iэминэ, Къуэдзокъуэ Ислъам, Мэршэн МуIэед, Щокъуий Мурат, пшынауэхэу Чылар Нэсрэн, Къуныжь Тимур, фэтIарпIым еуэ Къуныжь Мухьэмэд сымэщ. Пэжщ, пшыхьхэр къыщызэдгъэпэщхэм деж хуэныкъуэ дыщыхъукIэ гупым хэтхэм я бжыгъэм къыхэдгъахъуэурэ зыщедгъэубгъу щыIэщ? зы тIощIым нэблагъэу. Аращ «Бзэрабзей» хъужри.

«Рирадэ» гупыр къызэзыгъэпэщари зыгъэлажьэри Лий Аслъэнрэ абы и щхьэгъусэ Ирэрэщ. КъыхэщыпыкIа мы хъыджэбз макъыфIэ цIыкIухэм зэщхьэгъусэхэм пшыхьхэр къыхузэрагъэпэщурэ утыку кърашэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ драгъэхьэхыу. Щэнхабзэм и IэфIыр пасэу зыхэзыщIэ сабийр псэуху лъагъуэ мыхъумыщIэ зэрытемыхьэжынур наIуэщ. Гупым и цIэр яфIэзыщари Тимурщ. И пшыхьхэр, пшынауэм кърихьэжьэ Iуэхухэр ягъэдахэмэ фIэфIу, а цIыкIухэп абыхэм къыхешэ. Апхуэдэу я лэжьыгъэхэр ядиIыгъыу зэрогъэныбжьэгъу. Куэшей Алик зи художественнэ унафэщI «Нал цIыкIу» къэфакIуэ сабий ансамблми ядолажьэ, ныбжьыщIэ цIыкIухэр утыку къришэн, абыхэм гъуэгу етын зэрыхуейр къилъытэу. Гъуазджэм и курыхыр зыхэзыщIэ щIэблэр фIым, дахагъэм, IэфIагъэм, цIыхугъэм, адыгагъэм, хабзэм я телъхьэу къэгъуэгурыкIуэнущ.
ЗэрытщIэщи, макъамэмрэ пшыналъэмрэ лъэпкъ гупсысэр, гъащIэр къызэщIаубыдэ. Пасэрей пшынэбзэ дахэр зи лъабжьэ макъамэм дыщыщIигъэдэIукIэ, Лосэным хузэфIокI блэкIа зэманым дыхишэн. Ар фIыгъуэ мылъытэщ. ЖыпIэнуракъэ, псалъэхэр хэщыпыхьу къыхихами ярейуэ, Тимур и уэрэдхэр щIэщыгъуэ пщохъу, макъамэхэр псэм хожабзэ. Абы и щхьэусыгъуэр пасэрей пшыналъэхэр лъабжьэ зэрахуищIарауэ къыщIэкIынущ. Ди фIэщ мэхъу а уэрэдхэр гъащIэ кIыхь зэрыхъунур, яIэщIэмыужагъуэу куэдрэ зэрызэIэпахынур.
- Пшыналъэ, уэрэд альбом зырыз къыдэзгъэкIащ. Пшыналъэ альбомым пшынауэ джэгу дыдэр фIэсщыжащ икIи абы хэхуар «джэгу зэхэшэ» жиIэу архивым къыхэтхыжахэм ящыщу адыгэ щыIэкIэм тету къэдгъэщIэрэщIэжахэрщ. Адыгэ пшынэм лIэщIыгъуэ куэд къызэринэкIащ икIи лIэужьыгъуэ куэдым иуващ. Илъэсищэ ипэ пшынэр тIэкIу нэгъуэщIу щытауэ къыщIэкIынщ, нобэм къыздэсым абы зихъуэжурэ къокIуэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ цIыхум дежкIэ адыгэ пшынэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Пшынэм ущытепсэлъыхькIэ, ди лъэпкъыр куэдым къахэзыгъэщ джэгу щэнхабзэр уи нэгу къыщIегъэувэ. Абы къещIэкIащ хъуэхъужьри, къафэри, щIалэгъуалэ гушыIэри, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди. Пшыналъэ альбомым къафэ I2 къызэщIедгъэубыдащ, адыгэ лъэпкъ I2-м я нэщэнэу, - жеIэ Тимур. - Нэхъыщхьэращи, а лэжьыгъэхэм Iэпэпшынэри, шыкIэпшынэри, пхъэцIычри, пхъэтIаркъри, фэтIарпIри, скрипкэри, кларнетри, гобойри, виолончелри хэдухуэнащ. Апхуэдэу, макъамэ Iэмэпсымэ зыбжанэ хэзагъэу икIи а псоми пшынэм гъуэгу иратрэ зэщIагъэдэIуэжут сызэрыхуейри, ар къызэхъулIащ. «Джэгу зэхэшэм» «Къайсэр къафэ кIыхьыр» къыкIэлъыкIуащ. Адыгэм къыддекIуэкI а къафэжьым сэр нэмыщI куэд еуащ. Абы и лъабжьэр IуэрыIуатэуи классикэуи щымыту, атIэ а тIум я зэхуаку иту утыку къисхьэну сыщIэхъуэпсырт. Ар къыщызэхъулIэм, хуумыгъэфэщэну щIэупщIэшхуэ иIэ зэрыхъуар гуапэ икIи гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Интернетым абы щеплъам я бжыгъэр псори зэхэплъхьэжмэ мин 700-м нызэрохьэс.
Тимур и макъамэ Iэмэпсымэхэм зэманым ижь къащIихуурэ зэрызаужьар, зэрызахъуэжар IупщIт. Зэрысабийрэ пшынэм пщIэ хуэзыщI, а макъамэ Iэмэпсымэм пасэу хуабжьу дихьэха Лосэныр кIэщIу къытхутеувыIащ зи гъащIэ, зи псэ, зи хъыбар зиIэж пшынэхэм къадекIуэкI тхыдэ гъэщIэгъуэнхэм. Абыхэм ящыщт и анэшхуэм къыщIэнауэ нобэр къыздэсым хуэсакъыу ихъумэр, Батуми щащIа, Истамбыл Адыгэ Хасэм тыгъэ къахуищIа, кIахэ лъэныкъуэмкIэ илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ къикIа пасэрей пшынэхэр. Зи инагъкIи теплъэкIи зэмыщхь а пшынэхэм я зэфIэкIыр чэзууэ ягъэунэху. Тыркум, Иорданием, Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ирагъэблагъэри, Тимур и гупыр щIыгъуу ягъэхьэщIащ. Ди фIэщ мэхъу Лосэн Тимур хуэдэ пшынауэ Iэзэхэр диIэху адыгэр пшынэбзэ дызэрыщымыщIэнур.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: