Шэ къэуэжым и етIуанэ хъыбарыр (Ещанэ Iыхьэ)

Соуэри, пщыхьэщхьэхуэкIуэу Сталинград сынос. Сызэрынэсарауэ, къоджэ жаIэри Жукуфым деж сашэ. ФIэхъус-сэламыр зэфIокIри, Iэпэ еший:

 – Мо Iуащхьэ цIыкIур плъагъурэ? – жи.

 – Солъагъу.

 – НтIэ, плъагъумэ, нэху мыщ щIыкIэ, мы псым исыкIи, а Iуащхьэм тетIысхьэ, – жи. – Нэхущым деж сэ Iэ нэсщIынщ; Iэ нызэрысщIу, уи шыплIэ пылимотыр къызэIудзи, плъэкI къыумыгъанэу ятегъэлъалъэ нэмыцэм: куэдщ ахэр ди хэку зэрыщыхьэщIар, унэ яIэм ирекIуэж!

КъызгурыIуащ сэ абы и мурадыр.

Захуэщ жысIэри, псы Iуфэм сыкъыщыIухьэм, си къуэ гуэрыр нэсащ ерпыланкIэ. Пэлъковник хъуат иджы ар абы ирихьэлIэу. А зэрихабзэжьым хуэдэу, сызэпридзщ Индыли, сыкIуэри Iуащхьэжь цIыкIум сытетIысхьащ – сыплъэмэ, слъагъуу, къаплъэмэ, сыкъамылъагъуу. Си шыплIэ пылимотри згъэпсри сытIысыжащ. Тутын щIэбгъанэ мыхъуу, уэрэд жыпIэнкIэ Iэмал имыIэу – гугъущ уи закъуэу апхуэдэ жэщыр бгъэкIуэныр! КIэху къищIыным сыпэплъэу сыщысащ зызмыгъэхъейуэ.

Ауэрэ нэхущ мэхъури сыкъоплъэ – зыми Iэ нищIыркъым, дыгъэ къыщIэкIыгъуэм зэрынэхьэсауэ сыкъоплъэ – зыми Iэ нищIыркъым, Жукуфри слъагъуркъым, дыгъэр къыщыщIэкIым сыкъотэджри, IэдакъэжьауэкIэ сыкъоплъэ. Сыкъоплъэри – Жукуфыр дыгъэ къуагъым къыкъуэувауэ Iэ къещIри къуэтщ, нэмыцэм къамылъагъун щхьэкIэ. Ар къызэрыслъагъуу зездзыхыжщ аби, мо мазэ псокIэ нэщIа си шыплIэ пылимотыжьым и кIакхъур щIэсчащ. ЗэрыщIэсчарауэ мы дунеижьыр игъэзджызджу уэн щIедзэ. Жэщищрэ махуищкIэ схуэмыувыIэжу лъэлъащ мо пылимот зэшар! Жэщ ещанэр кIэху къищIауэ, си дамэм зыгуэр къытоуIуэ. СыкъеплъэкIмэ – Жукуфырат.

 – Зэ гъэбэяуж, – жи, – мы уи хьэщхьэрыIуэр! СуткIищ мэхъури цIыхуитI зэгуригъэIуэжыркъым. Нэмыцэу зэтебукIар хъунщ, ауэ ди дзэри думыгъакIуэ: дыгъуасэ лъандэрэ шэмпаул ебгъэдзыркъым, гъуэгу мыгъуэ емыжьэн!

КIакхъур сутIыпщыжрэ сыкъэтэджмэ – нэм къиплъыхьыр нэмыцэ хьэдэрэ, топ къутахуэрэ, танк сахуэрэт!

 – Iагъу, мыр сыт мы къомым къащыщIар! – жызоIэри согъэщIагъуэ.

Жукуфыр къыщеудри мэдыхьэшх:

 – Уа, мы Лыкъынэ жиIэр зэхэфхрэ? – жи, инэралхэм я дежкIэ зыкърегъэзэкIри. – «Мы къомым къащыщIар сыт», жи, а къомыр зэтезыкъутар езыр армыра нэхъей.

Инэралхэри къыщетхъри мэдыхьэшх.

Абы хэту «ура, маржэ хъужыххэн!» жаIэри, ди дзэм зрачщ аби, ежьащ. Деуэм-тхум, деуэм-тхум, деуэм-тхуурэ, илъэс хъурейкIэ тхуа нэужь, Берлин дынос. Берлин гуэрым си шыплIэ пылимотыр тызоунащIэри, дыдолъадэ къалэм. Абдежым нэмыцэхэм я Iэр къаIэтри къолъаIуэ:

 – Алыхьым хьэтыр иIэжмэ, мы Лыкъынэ Iуфш закъуэ, зыныдот! – жаIэри.

Арати, зауэр доух.

Зауэр духащ жысIэри, псы тIэкIу сефэну зыкъыщызгъазэм, аргуэру зы нэмыцэ емынэ къоуэри, си пхэщIыщхьэ псом къытохуэ.

«ЫI» жысIэрэ зыкъэзгъазэмэ, а къызэуа нэмыцэр рейхстаг щхьэгъубжэмкIэ къыдоплъри щытщ, ауанышхуэ сыкъищIу. СызэIэбэкIщ аби, шэр къыхэсчыжри – шэ къэуэжти – нэмыцэ къэуар зыIут щхьэгъубжэмкIэ дэхуэу здзыжащ. Шэ къэуэжыр къэуэжщ аби, рейхстагыр зэтрикъутащ, шэр къэзыдзари абы щIипIытIэжащ.

Ар и ухыкIэу зауэр иухащ.

Си шыплIэ пылимотыжьыр сIахри, музей жыхуаIэм щIагъэувауэ щIэткIэ, къэхь КъурIэн, къэдабэ плъыжьым тетрэ дагъэ егъэфэжауэ!

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: