ПСЫШХУЭР СИ ГЪУАЗЭУ

Си цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ сыщIэхъуэпсырт «адыгейкIэ» зэджэхэр (кIахэ адыгэхэр) зищIысыр зэзгъэщIэным, ящыщ гуэрхэм нэIуасэ схуэхъуным, щыпсэу щIыпIэхэм зыщысплъыхьыным. СощIэж, «щIалэ цIынэ» зыхужаIэ ныбжьым ситу, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм, «тедымаи мыр» къысхужаIэу, седаIуэу зэрыщытари. А лъэхъэнэрщ кIахэ псэлъэкIэр дыдейм къызэрыщхьэщыкIым япэу гу щылъыстари, а бзэмкIэ кърагъэт уэрэдхэм, згъэщIагъуэу, едэIуэн щыщIэздзауэ щытари. 
Ди анэшхуэм зэгуэрым зыхуэзгъэзат: «Радиом къиIукI псалъэхэр адыгэбзэм зэрещхь, мамэ (анэшхуэми апхуэдэут дызэреджэр)!» - жесIэу. «Аращ, си тIасэ! А бзэр зэрахьэ «адыгей» зыхужытIэу Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм», - къызитыжат абы жэуап. 
Закъуэрыежьэ - зепщыт
Курыт еджапIэм сыщыщIэса иужьрей илъэсхэм къыщыщIэдзауэ, лъакъуэрыгъажэкIэ къэжыхьыныр, пэсщI щымыIэм хуэдэу, фIыуэ слъагъуу сыкъекIуэкIащ, сытетIысхьамэ, сыздынимыгъэсын щымыIэу къысщыхъуу. 
АтIэми, зэрагъэунэхуамкIэ, лъакъуэрыгъажэкIэ зекIуэ гъуэгуанэ техьэныр, «велотуризм» жыхуаIэр, нэ щIэщыгъуэкIэ дунейр уэзыгъэлъагъу, узыщIэзыгъэгупсысыж, зозыгъэгъэпсэху, уи псэм нэхур хэзыгъапсэ, махуэ къэс къыбдэгъуэгурыкIуэ «къызэрыгуэкI» дунейм ухэзыш Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ. КъинэмыщIауэ, абы хузэфIокI, лъэсу щIэх зэщIумыгъэхьэфын, автомашинэкIи уздынэмысыфын щIыпIэ телъыджэхэр къуигъэплъыхьын. 
Уегупсыс зэрыхъунумкIи, зыIэщIимыгъэз и гъущIышым фIэкIа зыщыгугъын имыIэу, зызрипщытам хуэмыхьэзырыщэу, здынэсыну и нэ къызыхуикI щIыпIэхэм абы ипэкIэ зэи щымыIауэ, зи гугъу тщIы гъуэгуанэм хуэдэхэм и закъуэ техьэну тегушхуам гуфI кIуэцIылъу, зи яужь ихьа Iуэхум итхьэкъуауэ, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIи гупсысапIэ зримытыжу щытын хуейщ. 
А щытыкIэм сызэрыхуэкIуарагъэнт, Налшык икIыу Адыгэ Республикэм и къалащхьэм кIуэ автобусымкIэ а махуэм и пщыхьэщхьэхуегъэзэкIым Куэшхьэблэ къуажэм сыщIынэсар, здесшэжьа лъакъуэрыгъажэр си Iэпэгъурэ къыкIэлъыкIуэ махуэм гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн сытехьэн мурадыр сиIэу. 
Iуэхур къызэрекIуэкIар
Куэшхьэблэ дызэрынэсу, автобусым сыкъикIащ. Къыздисха лъакъуэрыгъажэм и шэрхъхэр щIэсIуэнтIэжри, сышэсащ. Сигу зэрислъхьам тету сызекIуэнумэ, а щIыпIэм километр I3-кIэ пэжыжьэ Еджэрыкъуей къуажэм, «гъущIышым» сытесу, пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ сыдыхьэн хуейт. 
Ар къызэхъулIащ. А пщыхьэщхьэм а жылэм бысым щысхуэхъуащ благъагъэкIэ къызгухьэ Тхьэрыкъуахъуэ Къаплъэн и унагъуэр… 
Нэху зэрыщу сыкъэтэджри унэм сыкъыщIэкIащ, псом япэ зыкъэзужьа си гугъэжу. АрщхьэкIэ, унагъуэр зей нэхъыжьыфIхэр зи бжэр IугъэузэщIыкIа лэгъунлейм щIэсхэт, я макъым зрамыгъэIэту щызэдэуэршэрхэу. ПщIантIэм сызэрыщыпэщащэр щалъагъум, Къаплъэнрэ абы и щхьэгъусэ Марзиятрэ къыщIэкIащ. «Умышхауэ уемыжьэ» жаIэри, пасэу схуагъэхьэзыра Iэнэм сыпэрагъэтIысхьащ. КIуэ аракъэ, къэуат зыщIэлъ шхын гурыхьхэмкIэ сызэIурыуащ. Абы папщIэкIи, бысымхэм фIыщIэ яхуэсщIри Iэнэм сыкъыпэрытэджыкIыжащ. 
Еджэрыкъуей сыкъыдошэсыкI
А махуэм си мурадт «гъущIышымкIэ» Еджэрыкъуей къэзбгына иужь, Лабэ и псы Iуфэм сригъуазэурэ, ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIэплъыпIэм жыжьэу къыхэхужьыкI къуршхэмкIэ сунэтIыну. 
Лъакъуэрыгъажэр иджыри зэ зэпэсплъыхьыжри, и теплъэм арэзы сыкъыщищIым, пщIантIэм ар къыдэсшащ. Бысымхэр къыскIэлъыдэкIащ. Абыхэм сыкъалъагъуу сытетIысхьэн сфIэемыкIути, гъуэгу нэхъыщхьэм нэс лъакъуэрыгъажэр Iэдэжу сшащ. АдэкIэ зыщIислъэфыхьыжын щымыIэжу къэслъытэри, алъандэрэ зи «шхуэмылакIэр» сымыутIыпщу сIыгъа «гъущIышым» сытетIысхьащ. 
Къыхэзгъэщынут, зэхэзекIуэм лъакъуэрыгъажэр емызэгъыу къэзылъытэхэм саIумыщIэмэ нэхъ къасщтэу, Еджэрыкъуей къуажэм псынщIэу сыкъызэрыдэжыным яужь сызэритари. 
Арати, жылэбгъум сыкъыщысым, ипэ пщыхьэщхьэм сыкъыздикIа Куэшхьэблэ къуажэмкIэ сунэтIащ. ЖыпIэнуракъэ, абы нэс дэлъ гъуэгуанэр, си Iэпкълъэпкъыр къызэщIигъэплъа мыхъумэ, къызэрыстехьэлъа щымыIэу, къызэзнэкIащ. 
Куэшхьэблэ
Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ, Блашэпсынэ, Хуэдз жылэхэр къэбэрдей лIакъуэхэм къагъэунэхуауэ жызыIэхэм абыкIэ псом япэу тегъэщIапIэ ящIыр а къуажэхэм дэсхэр адыгэбзэм и къэбэрдей диалектымкIэ зэрыпсалъэрщ. Ауэ, итIани, къыхэгъэщыпхъэщ, а жылэхэм щыпсэухэм «къэбэрдейкIэ» щIеджэм и щхьэусыгъуэр нэхъ жыжьэ къызэрыщежьэр. 
Куэшхьэблэ зэпэплIимэу къуажэ дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу. 
А къуажэм сыкъыщыувыIакъым, кIуэ, псылъэм итыр зэрыщызэсхъуэкIар къыумылъытэмэ. АтIэми, Куэшхьэблэ и къэунэхукIам, и фIэщыгъэр къызытехъукIам зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми я гугъу тщIынщ. 
Мы къуажэр а цIэ дыдэр зезыхьэ районым и жылащхьэщ, Лабэ псышхуэм и Iуфэ Iусщ, адрыщIымкIэ щыIэ Курганинск къалэм (Краснодар крайм хеубыдэ) хуэзанщIэу. Куэшхьэблэ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ километр 60-кIэ пэжыжьэщ, и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу. Мы жылэм дэтщ а цIэ дыдэр зезыхьэ гъущI гъуэгу станц. Абдежым къыщоувыIэ Армавиррэ ТIуапсырэ зэпызыщIэ мафIэгухэр. Къуажэм цIыху мини 7,2-м нэблагъэ щопсэури, дэсхэм я процент 87-р адыгэщ. 
 Куэшхьэблэ ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ Хэкужьым къафIина «къэбэрдей хьэжрэтхэм» щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыжа жылэхэм. Къуажэр япэщIыкIэ Лабэ и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щетIысэхат, Курганинск къалэмрэ Михайловскэ урыс жылэмрэ я зэхуаку дэту. АрщхьэкIэ, а щIыпIэм Лабэ и кIуапIэм щIэх-щIэхыурэ зэрызыщихъуэжым къыхэкIыу, къуажэм дэсхэм псыр щIэх-щIэхыурэ ящIэуэрт. Ар щхьэусыгъуэ яхуэхъури, Лабэ округым и администрацэм зи гугъу тщIы жылэм тIысыпIэщIэу хуигъэлъэгъуащ псышхуэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыгу нэщIыр. 
«Куэшхьэблэ» фIэщыгъэр IыхьитIу зэхэтщ. «Куэш» - «куэшын» псалъэр инжыдждэс, лабэдэс къэбэрдей адыгэхэм я бзэм къыщокIуэ, «Iэпхъуэн» мыхьэнэм хуахьу. «Хьэблэ» Iыхьэм къикIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «къуажэ», «жылэ» жыхуэтIэхэращ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а цIэ дыдэр зэрихьэу Къэрэшей-Шэрджэсми къуажэ зэритыр. 
Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ жылэр, дэсхэми зэхацIыхукIыу, хьэблэ-хьэблэу ноби гуэшащ. Абыхэм, Къэбэрдейр къежьапIэ зэрахуэхъуар ягъэнаIуэу, Анзорей, Дохъушыкъуей, Трамэхьэблэ, Къубатей, Бекъулей, Бэгъущей, къинэмыщIхэмкIи йоджэ.
Къуажэм и Iэгъуэблагъэм узыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэри гъэщIэгъуэнщ: «Iуащхьэ ныкъуэ», «Iуащхьэ дахэ», нэгъуэщIхэри. 
 Блашэпсынэ
А лъэхъэнэм нэхъ сыдэзыхьэхыу щытар адыгэхэр щыпсэуа жыжьэрылъэIэс щIыналъэхэм, псом хуэмыдэжу бгылъэ щIыпIэхэм, зыщысплъыхьыныр арати, мы зекIуэм щыщу гукъинэж нэхъ сщыхъуахэм щыщIадзар Лабэ и ныджэм декIуэкI сэнтхым зиIэта иужькIэщ. 
Куэшхьэблэ ипщэкIэ сызыщрихьэлIа жылэ цIыкIу псоми адэкIэ я гугъу сымыщIу, ящыщ зым - Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) - къызэрыхъуа щIыкIэм кIэщIу сытепсэлъыхьынщ. Къэбэрдей адыгэхэм къызэрагъэпэща мы къуажитIым я зэхуаку дэлъыр километр 11,6-рэщ. 
Блашэпсынэ къуажэр Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм щежэх Щэхъурадж псым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щысщ. 2020 гъэм къызэрабжамкIэ, цIыху мини 3,3-м нэблагъэ дэсщи, я нэхъыбэр (процент 98,7-р) адыгэщ. Жылэм и цIэр IыхьитIу зэхэтщ: «блашэ» - жыг лIэужьыгъуэ (клён), «псынэ» - щIыщIагъыпс мыхьэнэхэр къикIыу. 
Блашэпсынэрэ абы пэгъунэгъуу щетIысэха адрей адыгэ жылэхэмрэ я Iэшэлъашэр ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и ужькIи зэпIэзэрыту щымыта щIыпIэхэм, щыпсэухэм пащтыхь администрацэм и унафэхэр ягу зэрыримыхьым къыхэкIыу. 
Апхуэдэу, I868 гъэм, «Хуэдз зэщIэхъееныгъэкIэ» зэджэ зэпэщIэувэныгъэм иужькIэ, Блашэпсынэ къагъэIэпхъуауэ щытащ лIакъуэлIэшхэу Ашабэхэ, Дерхэ, Думэнхэ, Дохъушокъуэхэ, Къандаурхэ, Щоджэнхэ, нэгъуэщIхэри, я цIыхухэр ящIыгъуу.
Иджы къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу счын хуейр Лабэ Iус къэбэрдей адыгэ къуажэхэм ящыщу ищхьэхэмкIэ нэхъ къыщызэтена Хуэдз жылэшхуэм сынэсыныр арати, гъущIыш цIыкIумрэ сэрэ ди лъэдийхэм гъуэгум нэхъри зыщедгъэукъуэдиящ, дыкъызэрыщыувыIэ щымыIэу… 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: