Дыщэм дэнэ щылъыхъуэр?!

- Дыщеджэм, Коэльо Паулэ и «Алхимик» тхыгъэр зэпкърытхырти, Iущыгъэ зыхэлъ зы гупсысэ ди гум къигъэкIауэ щытащ хамэ къэрал литературэмкIэ дезыгъэджа Кучуковэ Зухра. Абы къыджиIат Алхимик и псэр куэдрэ дыщэм зэрылъыхъуар, ауэ икIэм-икIэжым и «гъуэгуанэр» и унэ къызэрекIуэлIэжар. Дыщэм я нэхъ лъапIэр и лъапсэм илъу къыщIэкIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, насыпыфIэ ухъун щхьэкIэ, Iэмал имыIэу нэгъуэщI щIыпIэ абы ущылъыхъуэн хуейуэ щыткъым, хъугъуэфIыгъуэм я щхьэр дэтхэнэми и унэ зэрилъыр ищIэжын хуейуэ аращ. УзылъэмыIэсыным и ужь уиту къэпкIухь нэхърэ, уи унэм уи Iыхьлыхэр щыузыншэмэ, нэхъыбэм ущIэхъуэпс хъунукъым. Ар еджапIэм си щхьэкIэ къыщIэсха дерсхэм язщ, - жеIэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэ Къарэ Алинэ.
Университетым щыщеджа илъэсхэр и гъащIэм и Iыхьэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къелъытэ хъыджэбзым. ЩIэныгъэм къищынэмыщIа, абы ныбжьэгъу, и Iуэху еплъыкIэр къыдэзыIыгъ куэд щызригъэгъуэтат. 
- Студентым и къару нэхъыщхьэр зыхэлъыр тхылъращ - нэхъыбэ уеджэхукIэ, гъащIэм къыщыув Iуэхугъуэхэми нэхъ тыншу упхокIыф. Къапщтэмэ, сэ езым куэдрэ къысхуихуащ си пащхьэ упщIэ къыщыувым, нэхъ ипэкIэ сызэджа тхыгъэм и лIыхъужь гуэр си нэгу къыщыщIидзэжа, уеблэмэ абы и щапхъэр къыщысщхьэпэжа, - къыхегъэщ Къарэм. - ЗэрыжысIауэ, студент гъащIэр упсэухукIэ уи гум къинэжыну пIалъэщ. Экзаменхэр щекIуэкIкIэ, жэщхэм угузавэу зыбгъэхьэзырын хуейми, пщымыгъупщэнухэм ящыщщ уэ пхуэдэ щIалэгъуалэр уи гъусэу, зэхуэсхэм, зэхьэзэхуэхэм узэрыхэтар, уи къэухьым зэрызебгъэужьар. Дэтхэнэри а гъуэгуанэм ирикIуэн хуейуэ къызолъытэ. А дакъикъэм псори плъэкIыну укъегъэгугъэ, мурад куэд уиIэщ - ахэращ щIэлъапIэр студент гъащIэр. 
Къарэ Алинэ урысыбзэмрэ литературэмкIэ къудамэм и магистратурэм щыщIэтIысхьэжам ирихьэлIэу, Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м лэжьэни щыщIидзащ. Езым еджэныр къимыухыпауэ, и ныбжькIэ щIалэу зэрыщытым къыхэкIыу, Алинэ а лэжьыгъэм жэуаплыныгъэшхуэ пылъу зэрыбгъэдыхьэр къыгурыIуэрт. Мазэ зыбжанэм къриубыдэу ныбжьыщIэхэм зэрепсэлъэн Iэмалхэм ар хэзэгъащ икIи лэжьыгъэр къызэрехъулIэр наIуэ къэхъуащ. АрщхьэкIэ езы егъэджакIуэ ныбжьыщIэм зэрыжиIэмкIэ, нэхъ гугъу зыдехьар класс нэхъыжьхэм щIэсхэм зэрагурыIуэнырщ. Зыми и дежкIи, дауи, щэхукъым дыгъуасэ студенту щыта хъыджэбз цIыкIур егъэджакIуэ хъуауэ цIыкIухэм къалъытэным гугъуехь зэрыпылъыр. Сыт хуэдизрэ Алинэ и щIэныгъэр еджакIуэхэм ягъэунэхуну хэтами, зэман дэкIа нэужь, дэтхэнэри къыдихьэхащ и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ куууэ зэрыгупсысэмкIэ. Алинэ пщэдджыжьым езыр еджакIуэ кIуэурэ шэджагъуэм школым щригъэджэн хуейуэ зэман къыхуихуащ. Япэ илъэсыр апхуэдэу гугъуу ирихьэкIами, а тIури зэдигъэгъуэгурыкIуэф хъуащ. 
- ЕгъэджакIуэмрэ еджакIуэмрэ я зэхуаку ныбжьышхуэ щыдэмылъым фIагъыу хэлъхэм ящыщщ ахэр нэхъ дэзыхьэхынкIэ хъунур, я гупсысэр зэрыбунэтIыныр нэхъ зэрызыхэпщIэр, - жеIэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэм. - Тхыгъэр зэпкърезгъэх къудей мыхъуу, сыхущIокъу Интернетри къэдгъэсэбэпурэ, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ди дерсхэм хэтпщэну. Абыхэм ар ягу зэрырихьыр я нэм щIыболъагъуэ, уеблэмэ езыхэм къыкIэлъыкIуэ дерсыр зэрыдухуэну щIыкIэр яфIэгъэщIэгъуэну щIэупщIэ зэпытщ. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм куэдрэ къахуохуэ зыщIыпIэ зэрыщымылэжьам къыхэкIыу IэнатIэ къыщыхуамыгъэфащэ. АбыкIэ куэд щыуэу къысщохъу, сыту жыпIэмэ иджыпсту къежьа технологиехэм щIалэгъуалэр хуэIэзэщи, я лэжьыгъэри нэхъ купщIафIэу къахузэгъэпэщынущ. Псалъэм папщIэ, литературэ дерсхэр щедгъэкIуэкIкIэ дэ языныкъуэхэм деж дджым пэгъунэгъуу фильм кIэщIхэр тыдох, слайдхэр, презентацэхэр зэрызэхагъэувэм зыхудогъасэ. Апхуэдэуи тхыгъэр я нэгу къызэрыщIыхьэм теухуауэ зэми сурэтхэр изогъэщI, усэ зэхыдолъхьэ е Iуэтэжым къытещIыкIа пьесэ, спектаклхэр догъэув. Апхуэдэ Iэмалхэр яIэу еджэныр нэхъ къащтэ иджыпстурей щIэблэм. Ди зэманым сабийм лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зебгъэужьын хуейщ, аращ егъэджакIуэм и къалэн нэхъыщхьэу къэслъытэр.  
Алинэ иджыпсту урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ щрегъэдж Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ № 33-м. Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ «202I гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэхьэзэхуэм и муниципальнэ Iыхьэм зэрыщытекIуар.
И лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Къарэ Алинэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, спортым, зыгъэпсэхупIэм, гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным теухуауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм сыт илэжьми, жыджэру хэтщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: