Тхыдэр щыхьэт зытехъуэ

Нэхъапэм ИорданщIыбкIэ зэджэу щытар Иордан псым къедза щIыпIэхэрщ. ФокIадэм  и 25-м британыдзэхэм, зауэ гуащIэ ирагъэкIуэкIри, Амман яубыдащ. А махуэ дыдэм адыгэ тхьэмадэхэмрэ офицерхэмрэ зэхуэзащ. Тхьэмадэхэм жаIащ Амман тыркудзэхэр зэрыдэмысыжыр икIи зэгурыIуащ мамыру псэу адыгэхэм я гугъу ямыщIыну.

ЩIэныгъэлI Къущхьэбий Анзор и лэжьыгъэм къызэрыхэщымкIэ, иорданщIыбыр инджылызыдзэхэм яубыда нэужь, абыхэм къызэрагъэпэщащ британ кIэлъыплъыныгъэм щIэт автономнэ щIыпIэхэр: Аммани Джэраши дагъэтIысхьащ инджылыз чэнджэщэгъухэр. Ауэ унафэр зыIэщIэлъыр езы щIыпIэм щыщ тхьэмадэхэр арат.

1920 гъэм и щэкIуэгъуэм Сан-Ремо щекIуэкIа европей къэрал текIуахэм я конференцэм и унафэкIэ хьэрып щIыналъэхэр ягуэшащ. Мандат системэм ипкъ иткIэ, Лъэпкъхэм я Лигэм Иракымрэ Палестинэмрэ, ИорданщIыб щIыпIэри хэту, инджылыз къэралым иритащ. Инджылыз къэрал унафэщIхэм я мураду щытт ИорданщIыбыр щхьэхуэ ящIу къэралыгъуэ къыщызэрагъэпэщыну икIи абы и тепщэу хьэшимит лъэпкъым ящыщ ягъэувыну (хьэшимитхэр Мухьэмэд бегъымбарыр зыщыщу щыта лъэпкъырщ. X-нэ лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ 1924 гъэм къэс а лъэпкъым щыщхэр Мэчэм и унафэщIу щытащ). А мурадыр ягъэзащIэкIэрэ, британ унафэщIхэр хуейт хьэшимитхэм ягурыIуэжыну. Хьэшимитхэри щIэкъурт КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хьэрып къэрал къыщызэрагъэпэщыну. Абы нэмыщI, французхэм яIыгъ Сирием и щIыпIэхэмрэ журтхэм яубыд Палестинэмрэ я зэхуаку щIыпIэр зыIэщIалъхьэну я мурадт. I920 гъэм и щэкIуэгъуэм Хьиджаз къикIри ИорданщIыбым къэкIуащ хьэшимит лъэпкъым щыщ шериф Хъусен и къуэ етIуанэ эмир Абдулыхь. Эмирри и гъусэхэри къыщыувыIащ Мэхьан и деж. Эмирым игъэIуащ езым а унафэм щыщу къэралыгъуэ къызэригъэпэщын мурад зэриIэр. ИужькIэ Иорданием и пащтыхь Абдулахь и гукъэкIыж тхылъым щитхыжащ ИорданщIыбым къызэрыкIуауэ щыта щIыкIэр, ауэ абы адыгэхэм я Iуэху лъэпкъ къыхигъэщакъым.

1921 гъэм гъатхэпэм и 2-м шэджагъуэм Амман къызэрысар, абы къыщызэхуэса, гъунэгъу щIыпIэхэм къикI шейххэм зэрахэпсэлъыхьар къегъэлъагъуэ. Эмирым зэритхыжымкIэ, абы япэ дыдэу къыхуэзар Инджылыз къэралым и лIыкIуэу Амман дэс зиусхьэн Киркбрайдщ.

Иорданым щыпсэу адыгэхэм эмир Абдулахь къызэрыкIуа щIыкIэр фIы дыдэу зыщIэж яхэтщ икIи эмирым итхыжам ар техуэркъым. Адыгэхэм ятхам къызэригъэлъагъуэмкIэ, Мэхьан щызэхуэсауэ щыта хьэрыпхэм, бедуинхэм хуадакъым Абдулахь и мурадхэр икIи ар псынщIэу Мэхьан дагъэкIыжащ. Гъуэгу здытетым, эмир Абдулахь Амман и гъунэгъуу къыщыувыIащ. 1921 гъэм гъатхэпэм и 2-м адыгэ тхьэмадэхэм генерал Мирза-бей Уасфи Къумыкъу я пашэу эмир Абдулахь Амман кърагъэблэгъащ икIи жраIащ абы и хэщIапIэр Амман щиухуэну хуит зэращIыр. Дауэ мыхъуми, а зэманым Аммани абы къедза щIыпIэ псоми адыгэхэр щытепщэт. Абы къыхэкIкIэ, эмир Абдулахь адыгэхэм яхуэмызэу Амман блэкIынутэкъым.

1921 гъэм гъатхэпэм и кIэм Ерусалим щекIуэкIащ зэIущIэ, абы щызэпсэлъащ Инджылыз колониехэмкIэ министр Уинстон Черчиллрэ эмир Абдулахьрэ. Ахэр зэгурыIуащ Инджылызым и унафэм щIэту Абдулахь ибн Хъусен зи нэхъыщхьэ эмират Трансиордание къэралыгъуэ къызэрагъэпэщыну. ЗэгурыIуэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, Инджылызыр мылъкукIэ къыдэIэпыкъуну икIи авиабазэхэр Трансиорданием щиухуэну и пщэ дилъхьэжащ. Палестинэм щыIэ комиссар нэхъыщхьэм и унафэм щIэту Британием и резидент щыIэн хуейуэ къагъэуващ.

Зэпсэлъэныгъэхэр яуха нэужь, эмир Абдулахь къежьэжащ икIи Сальт деж къыщыувыIащ. Эмирым Амман фIэкъуажэ цIыкIут, абы къэралым и къалэ нэхъыщхьэ щиухуэну зрипэстэкъым. Абы къыхэкIыу, мурад ищIащ нэхъ къуажэшхуэ къыхихыну икIи Сальт нэхъ фIэтэмэм хъуащ. Ауэ Сальт щыпсэухэм эмирым и мурадхэр ягу ирихьакъым икIи псынщIэу дагъэкIыжащ. Абдулахь гъуэгу теувэжащ.

Амман Трансиорданием и къалащхьэ щIыныр адыгэхэм къызэращтам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэт. Япэрауэ, езанэ дунейпсо зауэшхуэр щекIуэкIа зэманым адыгэхэмрэ хьэрыпхэмрэ я зэхущытыкIэр зэIыхьат. Ар къызыхэкIар адыгэхэр тыркухэм зэрателъхьэр, хьэрыпхэр инджылызхэм зэрагъусэр арат. Адыгэ къуажэхэм бедуинхэр нэхъыбэрэ ятеуэ хъуат. А зэман зэхэзэрыхьам куэд мыхъу адыгэхэр дэIэпыкъуэгъу нэхъ хуэныкъуэт, я лъабжьэр ягъэбыдэн папщIэ. Абы къыхэкIыу, адыгэхэм нэхъ яфIэтэмэмт эмир Абдулахьрэ инджылыз администрацэмрэ ягухьэныр. Абы нэмыщI, тыркухэр ИорданщIыб зэрикIыжрэ адыгэ куэд лэжьапIэншэу къэнат, лэжьыгъэ яIэжтэкъым административнэ лэжьакIуэу щытахэм, полицэ гупхэм хэтахэм, гъущI гъуэгу лэжьакIуэхэм, нэгъуэщIхэми. КъэралыщIэм лэжьапIэ къритыну ахэр щыгугът. Абдулахь хущIэкъут адыгэхэр гъунэгъу къищIыну, зыбгъэдишэну. Адыгэхэм фIэкI, Абдулахь и мурадыр зыми даIыгъатэкъыми, ахэр гъэзэщIэн хуейуэ лэжьыгъэшхуэ къыпэщылъхэм дэIэпыкъуэгъу къыщыхуэхъуну ящыгугът. Езы эмирым мащIэт гъусэу иIэр – цIыхуищэм нэсыртэкъым. Адыгэхэм зауэлI полицэ гупышхуэ зэгъэпэща яIэт. Езы Мирза-бей и шуудзэр цIыху щиплIым нэсырт.

1922 гъэм фокIадэм и I6-м Лъэпкъхэм я Лигэм диIыгъащ Инджылызым къыхилъхьар - Трансиорданиер Палестинэ мандатым къыхагъэкIыу эмират «щхьэхуит» къызэгъэпэщыным теухуар. I923 гъэм Палестинэм и комиссар нэхъыщхьэ Герберт Самуэль жиIащ Трансиорданиер къэрал щхьэхуиту къилъытэну Инджылызыр зэрыхьэзырыр. Эмират Трансиорданиер зэраухуэххэу, Абдулахь яужь ихьащ езым и дзэ зэщIэузэда къызэригъэпэщыну. Ар имыIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым: къэралыщIэм и щIыналъэ зыбжанэм щыпсэухэм эмирым и унафэ щIэувэн ядэртэкъым. Трансиорданием и дзэ зэщIэузэдам лъабжьэ хуэхъуащ Мирза-бей и адыгэ шуудзэ гупыр. А гупыр, япэрауэ, эмирым и хъумакIуэ хъуащ, полицэм и къалэнхэри игъэзащIэу щIидзащ.

ИужькIэ къызэрагъэлъэгъуэжамкIэ, 1920 гъэм ипэхэм дзэхэм я Iыхьэ щанэр адыгэ щIалэгъуалэт, 1930 гъэм дзэхэм я Iыхьэ тхуанэр адыгэ офицерхэмрэ сэлэтхэмрэт. Инджылыз офицерхэм адыгэ зауэлIхэм яхуэфэщэн пщIэ къыхуащIырт икIи адыгэ щIалэгъуалэр яфIэфIу дзэм хагъэхьэрт. Полицэми адыгэ куэд хэтт. Эмирыр зыхъумэ гвардием адыгэ фIэкI зыри хагъэхьэртэкъым. Гвардием и фащэу къащтар адыгэ фащэрат. КъэралыщIэм и административнэ къулыкъущIэхэми адыгэ куэд хагъэхьат. Осман къэралыгъуэм и унафэм щыщIэта зэманым щIэныгъэ зыгъуэта адыгэхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щагъуэтащ къэрал IуэхущIапIэхэм, къалэхэм я мэриехэм, къуажэ IуэхущIапIэхэм.

1928 гъэм Трансиорданием и япэ конституцэм ипкъ иткIэ, адыгэ лъэпкъым щыщу депутатитI хагъэхьащ хабзэкъызэгъэпэщакIуэ Советым и депутат I6-м. Британ мандатым и зэманым щыгъуэ къулыкъу нэхъ инхэр зыIыгъа адыгэхэм ящыщу къыубж хъунущ: адыгэхэм я унафэщI генерал Мирза-бей (щылIар 1932 гъэрщ), ар Абдулахь эмирым и ныбжьэгъут икIи и япэ чэнджэщэгъут, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэрал Iуэхугъуэхэм япэ щIыкIэ эмирым хигъаплъэр арат; Гъумар Хьикмэт – къэрал полицэм и япэ унафэщIыр, 1931–1934 гъэхэм юстицэм и министру щытар, 1941–1942 гъэхэм ХабзэкъызэгъэпэщакIуэ советым и депутатар, сатумрэ мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министру, илъэс куэдкIэ эмирым и чэнджэщэгъуу щытар; Щауэкъат Хьэмид – 1925 гъэм полицэм и унафэщIу, ХабзэкъызэгъэпэщакIуэ советым и депутату 1941 гъэм щытар; Саид-паща Аль-Муфти – 1929–1934 гъэхэм ХабзэкъызэгъэпэщакIуэ советым и депутату, 1938 гъэм Амман и мэру, I944-I949 гъэхэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щытар; Фаузи АльМуфти – ХабзэкъызэгъэпэщакIуэ советым и депутату 1934–1937 гъэхэм, 1942–I947 гъэхэм щытар, Шейхъ Гъумар Лутфи Аль-Муфти – япэ дыдэу Трансиорданием ислъам институтыр (I92I гъ.) къыщызэзыгъэпэщауэ щытар, къэралым и муслъымэн дин IуэхузехьэпIэм и унафэщIу 1921-1936 гъэхэм щыIар, нэгъуэщIхэри.

Британ мандатыр щыщыIа зэманым адыгэхэм я нэхъыбэм щIы куэд яIыгъащ Уэсмэн къэралым къаритауэ щытауэ. Адыгэ къуажэхэм щыIэт шы лъэпкъыфI къэгъэхъуным елэжьхэр. Япэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ якъутауэ щыта Хьиджаз гъущI гъуэгур ящIыжыну языныкъуэ адыгэхэр иужь ихьэри ар зэрагъэпэщыжащ икIи ар яхъумэныр къызэрагъэпэщащ. А зэманым Амман щIыпIэм щыпсэум я нэхъыбэр адыгэхэр арат икIи ахэр эмирым и щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэт. Эмирым ар къыгурыIуэрти, абыхэм пщIэ яхуищIырт, адыгэ тхьэмадэхэр игъэныбжьэгъурт, Iуэху къаIэтмэ, яхыхьэрт. Британ мандатым и зэманым щыгъуэ Амман куэду къыдэтIысхьэу щIадзащ нэгъуэщI щIыпIэхэм, къэрал гъунэгъухэм къикI хьэрыпхэр. Ауэрэ адыгэхэр нэхъ мащIэу яхэплъагъуэ хъуащ. Дзэми хьэрыпхэр нэхъыбэ щыхъуат. I939 гъэм Хьэрып легионым хагъэхьэжауэ щытащ къэрал гъунапкъэдзэхэр. ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэм щыщIидзам ахэр цIыху 1350-рэ хъурт, ауэ а зауэшхуэм и кIэм деж я бжыгъэр цIыху 8000-м нэсащ. Адыгэ офицерхэмрэ сэлэтхэмрэ зэгъусэу я бжыгъэр Хьэрып легионым и Iыхьэ пщIанэ ирикъужыртэкъым. ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэр щекIуэкIа гъэхэм инджылыз генерал Глабб зи унафэщI Хьэрып легионыр къагъэсэбэпащ дэIэпыкъуныгъэ IуэхухэмкIэ. 1941 гъэм и гъатхэм Легионым щыщ гупхэр хэтащ Иракым зыкъыщызыIэтахэр зыгъэбэяужахэм. I94I гъэм  и мэкъуауэгъуэм Сирием и щIыпIэхэм ихьауэ щытащ. Легионым щыщ гупхэм аэродромхэр, коммуникацэхэр, нэгъуэщIхэри яхъумэрт. I946 гъэм гъатхэпэм и 22-м Лондон Iэ щытрадзащ Инджылыз - Трансиордан зэгурыIуэныгъэм. Абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, Лъэпкъхэм я Лигэм и мандатым и пIалъэр иухырт. Трансиорданиер къэрал щхьэхуиту къилъытэрт.

1946 гъэм накъыгъэм и 26-м Трансиордание эмиратым фIащащ Иордан Хьэшимит пащтыхьыгъуэ.

Зыгъэхьэзырар

 

 НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: