Хэкупсэм и гур лъэпкъ псоми хузэIухащ

Мэлбахъуэ Тимборэ илъэси 105-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къыдогъэкIыж «Мэлбахъуэм и блокнотхэр» зыфIаща тхылъым щыщ пычыгъуэхэр. 

ЕтIуанэ Iыхьэ
 ***
 Хэкупсэ нэс ухъуфынукъым, лъэпкъ зэхэгъэж пщIыуэ. Мыдрейуи - лъэпкъ зэхэгъэж зымыщIым и закъуэщ къызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ зылъагъуфынур. 
 ***
 Зы лъэпкъыр хебгъэлъафэу адрейр япэ ибгъэщмэ, тIури пфIэкIуэдынущ. 
***
 Сыту IэубыдыпIэншэ мы кърымдэсхэр! Урысхэми, адыгэхэми, украинхэми ялъу сыт хуэдиз ягъэжа абыхэм! Сыт хуэдизрэ урысхэм ящIхэм теуа, сыт хуэдизрэ си адэжьхэм езэуа (а щIыпIэращ XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм адыгэ лъэпкъым и Iыхьэ щанэр абы щыщыIам, Хэкум икIын хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэр къыщежьэр).
***
 ЦIыхур къызэрыпцIыхунур и хьэлращ. Лъэпкъри къызэрыпцIыхунур и хьэлращ. Аращ «лъэпкъ хьэл» щIыжаIэр. Ауэ хьэлыр къэзыгъэлъагъуэр гукъыдэжырщ. Гукъыдэжыр - губжьщ е зышыIэныгъэщ, бзаджагъэщ е щабагъэщ, е цIыхуфIагъщ. Хъарзынэщ цIыхур и къэгубжьыгъуэм къэгубжьмэ, и щабэгъуэм щабэмэ. Ауэ шхыдэу, фыщIэу зыгуэр щимыдэн хуейм деж щэныфIэу зиущэхуми, щIагъуэкъым.
***
 Сыт хуэдизу ар щIалэгъуалэм я мыжагъуэми, ущиемрэ щапхъэмрэ хуэдэгуми, блэкIамрэ пасэрей псэукIэмрэ я гугъу яхуэдмыщIу хъунукъым - дыкъызыхэкIар ящIэн хуейщ. Ахэр ди адэжьхэм къызэранэкIа хабзэхэм яхуэпэжын хуейщ, къаIэрыхьар яхъумэрэ ягъэбагъуэу. 
 ***
 Иджырей сабийхэм псынщIэу зыхуейр къагуроIуэ, псынщIэу заужь. Ауэ илъэс 15-ми 20-ми ахэр сабиищэу къонэ. ХузэфIэкIамэ, иджыри IэплIэкIэ къезыхьэкIыну хьэзыр и анэм и закъуэкъым ар сабийуэ къызыщыхъур.
***
Псом нэхърэ нэхъ тIэщIэкIыр гъэсэныгъэмрэ политикэ зэхэщIыкIым-рэщ. Ди щIалэгъуалэм ящыщ языныкъуэхэм къафIэIуэху дунейм теткъым, къызыхэкIыр умыщIэу, псэукIэ тыншым егъэлеяуэ хуопабгъэхэр. Ахэр куэд дыди хъуркъым, ауэ мыдрей Iыхьэ нэхъ иным зэран яхуохъу. А щIалэхэм я адэшхуэхэм лъырэ пщIэнтIэпсрэ ягъэжащ я щIэблэм алыфбейрэ щIакхъуэ Iыхьэрэ къаIэрыхьэн папщIэ, езыхэр шампанс-кэрэ шашлыкрэ фIэкIа хуейкъым. 
***
Ди гъавэр зэрыбэвымкIэ, ди Iэщыр зэрыбагъуэмкIэ «къуаншэр» зэрымыщIэкIэ е я насып кърихьэкIыу щIыпIэ -берычэтым итIысхьа ди адэжьхэращ. А насыпым иджы, лэжьыгъэм дыхуэмыщхьэхыу, дэри зыгуэр хэтлъхьэжамэ, ди Iэзагъыр хэдгъэхъуамэ арат! НэгъуэщI мыхъуми езыр-езыру къытIэрыхьа ты-гъэхэр идмыкъухьу, и къэуатыр щIэдмыхыу къэдгъэсэбэпыгъащэрэт. 
***
 Адыгагъэ жытIэу зыщIэдгъэщIагъуэ хьэщIэ егъэблэгъэкIэм и мыхьэнэр:
1. МэжалIэр гъэшхэн.
2. Ешам зегъэгъэпсэхун.
Иджыпсту екIуэкIыр хьэщIагъэ гъэпудщ. Зыгуэр чэнджэщэну къэкIуамэ - епсалъэ, щIэныгъэ хуеймэ - егъащIэ, дахагъэ къилъыхъуэмэ - егъэплъ. Ауэ шашлык кIуэцIыбгуэу фадэм иумыгъэтхьэлэ. Абы адыгэхэри балъкъэрхэри дегъэпудри, мыхьэнэншафэ къыттрегъауэ. 

 ***
Ди «ныбжьэгъу лъапIэхэм» ящыщ гуэрхэм къащыщIращ: я цIэр республикэм адэкIэ щыIуамэ, къызыхэкIахэм ящхьэпрыкIауэ забжыж. Ауэ щыхъукIэ, я щIэныгъэри, гъэсэныгъэри, Iэзагъри, цIыху хэтыкIэри къызыхахар къэзылъхуа я лъэпкъращ. Унэхъуащ ар зыщыгъупщэр. 
***
 Зы зэман КIыщокъуэ Алим зауэм теухуауэ и тхыгъэ гуэрхэм щхьэкIэ дытехъущIыхьащ. Ауэ хэт арэзы мыхъунур КIыщокъуэ Алими, Кулиев Къайсыни, Темыркъан Юри дуней псом щыцIэрыIуэ совет литературэшхуэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ пажэ зэрыхъуамкIэ. Дэри тхуэфащэщ абыхэм даригушхуэну. 
 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: