Адыгэ литературэм и Ашэмэз

Уэрэзей Афлик къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 23-м илъэс 75-рэ ирокъу

Лъэпкъыжьым и нэпкъыжьэр уэрэдыжьщи,

Уэрэдыр зи тхьэ лъэпкъыр лъэрытетщ.

  Уэрэзей Афлик.

 

Сызэрыгушхуэу диIэ усакIуэхэм ящыщщ Уэрэзей Афлик.

Дэтхэнэ зы усакIуэми и IэдакъэщIэкIхэм къахэнэхукIыж хуэдэщ абы езым тхылъеджэм хуигъэпс образыр, ар а цIыхум и псэукIэмрэ и хьэл-щэнымрэ щытемыхуэ щыIэми. .. Хэт УщиякIуэщ, хэт ДжакIуэщ, хэт ФIэрафIэщ, хэт ЛIыхъужьщ. АтIэ, Уэрэзейм сыт хуэдэ образ нэхъ екIуу пIэрэ? Абы и унэцIэм щIэлъ макъамэмрэ гъэфIэгъыбзэу къэIу и цIэмрэ щIэжьыуэжу, а усакIуэр бжьамияпщэу солъагъу.

 

 

Махуэм и гуауэри,

Махуэм и IэфIри

ЩызэщIэкъуауэ зы дамэу,

Нэрымылъагъуми,

Плъагъуу къыпфIэщIу

Усэм хэлъын хуейщ макъамэ.

 

…Уэ умыщIэжми,

Уи гум щоджэгур

Усэм хэлъын хуей макъамэр.

Мис апхуэдэу, ди гум илъ макъамэ зыхэдмыщIэжхэр и усэбзэм хэлъу, Уэрэзей Афлик и «бжьамий кIапэхум» дыкъегъафIэ.  

Сабий дыхьэшхым и пшыналъэр,

Махуэ дыгъэпсым и бзий налъэр,

Куэбжэпэм плъыру щыт дэшхуейр,-

НэгъуэщI насыпу сыт сыхуей ?!

 

…Гъунэ зимыIэ дуней иныр

Хуримыкъужми сигу къииным

ЗегъэнщI, насыпкIэ къищIу щыз,

Iуплъамэ лъахэм и зы бжьиз.

Ар жиIэу Афлик щыусэм и деж, зи къалэмыпэр «плъыржьэр» критикэм мы сатырхэм зэи ямыIуэта гупсысэ щIэщыгъуэрэ образ гъэщIэгъуэн гуэррэ химылъэгъуэнкIи хъунущ, ауэ усакIуэм къызэрыщIигъалъэр тхылъеджэм зыхэтщIащ, цIыхум и гущIэ лъапсэм къыщыщIэзыгъэлъэфыр зэры-УсакIуэр дощIэри, дыхэгупсысыхьу и усэ тхылъым дроплъэ.

Хьэнэфийм къигъэнэхуркъым

Унэр,

Шхахуэ мафIэм къигъэплъкъым

Шыуаныр,

ХьэлIамэпсыр хьэлIамэм

ЙобэкI.

 

…Гущэм хэлъу

Сабий гуащIэмащIэр

Къоплъ дунейм,

ФIыи Iеи имыщIэу.

Нэ пIащитIыр

УпщIэбэу ущIащ.

 

Ар къыхоплъэ дунейм гъэщIэгъуэну.

Сыт абы мы дунейм щилъагъунур?

Нанэ хуэмурэ гущэр щIеупскIэ.

Хьэр щыбанэкIэ анэр къыдоскIэ.

Уэрэзейм къиIуатэ гупсысэхэм я куууагъым хуумыгъэфэщэну абы и усэ сатырхэр апхуэдизкIэ псынщIагъуэщи, мыдэ дыгъэпсым зи ткIуэпсхэр хэпщIыпщIэ псыежэх хуэдэщ. Аращ ар адрей ди усакIуэхэм къащхьэщызыгъэкIри.

Нэхущым махуэр

КъыхебзыкI,

Пщэдджыжьым дыгъэр

ЩIеуIукI,

МэкIакIэ къанжэр

ТемыпыIэу,

Iуащхьэ хъурейри

Къущхьэ пыIэу

Къыхоплъэ хъуакIуэ

Къыдаху хъушэм… - жиIэурэ, къыфIэмыIуэххыхэ

пфIэщIурэ, гупсысэр къызэщIоплъэ:

Пщэдджыжьым дихыу

Дауэдапщэ

Илъэс минищэурэ

Мин дапщэ

ЩIы хъуреишхуэм

Нэху тещхьа,

ЛIэщIыгъуэ дапщэ

Зэрихьа?

ИтIани ар

ЗэрыщIэщыгъуэу,

ИтIани ар

Зэрыгугъусыгъуу,

Зэрытыншыгъуэу,

Хуэмыщхьэхыу,

Илъэс илъэсым

КъыкIэлъехьыр.

КъызэхекIухьыр

Дыгъэ нэзыр,

Зэм дыгъэ бзийр,

Зэм пшагъуэр щызу.

ИкIи щыгъуащэркъым

И гъуэгум,

ИкIи зы закъуэщ

Къеуэр и гум,

Гузавэу

Зыгъэузыр и лыр:

КъигъэщIа цIыхум

И акъылыр

Къыщихурэ

Бгъунлъэм щIы хъурейр,

Дауэ хъужыну

Дуней псор?

Адыгэ литературэм и Ашэмэз бжьамий кIапэхум зыщригъэгъазэми, лъэпкъым гурыгъузу иIэм гъыбзэ дэхъуу, ди тхыдэрщ зызригъэзыр:

Вагъуэ пщыкIутIыр си Iэпкълъэпкъ

пщыкIутIу,

ПщIыхьэпIэ нэхум псэм

ЩигъэIутIыжырт…

Къызэтесхыжмэ напIэр – си псэр мэткIур,

Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр схуримыгъэкъужу.

 . . .

 

Уэшхыпс къиуам пщэдджыжь уэсэпсу

ЛъакъуапIэр щIым трелъэсыкI,

БлэкIар къэкIуэнум хэлъщи къуэпсу,

Щхьэ къупщхьэр щIым къыщIопсэлъыкI.

 

…СыдокIыр Iуащхьэм. Си лъакъуапIэм

Къегъанэр тыншу си лъэужь,

ЛъакъуапIэм илъу си губампIэр

Къыпхузогъанэр, си Iуащхьэжь.

Джордж Байрон и усэхэр зыхэпщIэн щхьэкIэ, ар зэрытхэу щыта бзэр зэбгъэщIэныр мащIэIуэщ. Апхуэдэ дыдэу, ди усакIуэхэм я усэм хэлъ къэуатыр дэр хуэдэу зыми зыхищIэнукъым.

УсакIуэр и сабиигъуэ лъахэм хуеплъэкIыжмэ, мыр жиIэу мэусэ:

Си псэр зытхьэкъуа джабэ нэкIу лъагэ,

Си нэджыджхэм щIэуджыхь псы уэр,

Фи нэжэгужагъэм ирипагэу,

ПыгуфIыкIыу сыт къыщIеуэр гур?

 

Бэтокъуащхьэ щхьэщылъ пшэ плъыжьыфэ,

Къруукъуэ къыщыкIий къру,

Махуэ къэсыхункIэ игъэбжьыфIэу,

Дэнэ къифхрэ щIылъэм ефт къарур?

Адыгэ щIалэ цIыкIум и гущIэм нарт лIыхъужьхэм увыпIэу щаIыгъыр зыхуэдизыр-щэ!

Сэшхуэу хьэмкIутIейр зыкIэрытщIауэ,

Тхъуэжьей папщIэу дышэсынти чыш,

Бэдынокъуэ гъусэ зыхуэтщIауэ,

Дум едгъэкIуэлIэнтэкъым зы «чынт».

Адыгэ бзылъхугъэм дуней псор хуоусэ, ауэ мыпхуэдэ увыпIэ лъызыгъэсар Афлик и закъуэщ:

…Щэхуу лъэмакъыр, Iущащэу нэрыбгэр

УэгумкIэ йохьэри уафэм зеукъэбз.

 

…Мо уафэ изым и куэщI зи хэщIапIэ

Вагъуэхэм я щхьэр цIыхубзым хуагъэщхъ…

Бжьамий кIапэхуу дунейр зыдэщIэлэжым гурыщIэр щытепщэкъэ:

МэкIэрахъуэ шэрхъыжьу дунейр.

А дунейр уэрэ сэрэ дыдейщ.

ЗэпэIэщIэу тIэщIэкI ди щIалэгъуэр

Зэхуэзэнущ зэгуэр…

Ди ЩIалэгъуэу.

Нобэ ди литературэм и дежкIэ псы Iубыгъуэщ Уэрэзей Афлик хуэдэу адыгэбзэм и пшыналъэм мыр къизыгъэкI усакIуэхэр:

Адыгэ унэм и хьэщIэщым

Адыгэ псалъэр ноби щоIу-

Макъ къэскIэ уи псэм къепэщэщрэ,

ИткIухьу псалъэ къэскIэ уиIу.

АБРОКЪУЭ Бэллэ, усакIуэ, «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ.
Поделиться: