ФIы псори фIыщIэм деж къыщожьэ

 Зи цIэр Кавказым щхьэдэIукIа щIэныгъэлIышхуэ Хьилми Хьэсэн 1892 гъэм Дагъыстэным щыщ Кахиб къуажэм къыщалъхуащ, лъэпкъкIэ аварщ. 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м илъэс 90 зи ныбжь щIэныгъэлIышхуэр укIыпIэм ирашэри, псэ хейуэ дунейм ехыжауэ щытащ. Дунейм тетыхукIэ тхылъ 12 и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлIым. Зи пычыгъуэ фи пащхьэ къитхьэри абыхэм я зым къыхэтхащ. 
 Алыхьталэм Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм «Фатихьэ» сурэр къыхуригъэха нэужь, Iиблис зэщыджэу гъащ, жи. И бынхэр ихъуреягъкIэ къеувэкIри, къеупщIын щIадзащ ямылъагъужыным: «Сыт ущIэгъыр, ди адэ?» 
 И нэпсхэр къызэрежэхым хуэдэурэ, Iиблис жэуап къарет: «Алыхьым Мухьэммэд Бегъымбарымрэ абы и Iумэтымрэ КъурIэным щыщу зы сурэ къахуригъэхащи, зэран сахуэхъуфынкIэ си гугъэр хызигъэхыжащ!» 
 «Умынэщхъей! – къыжраIэ и бынхэм. - Дэ абыхэм къыхуащIа тыгъэр фIыщIэ ямыщIу хъухукIэ дыувыIэнкъым. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэкIуэдыжынщ!» 
 «Фэ ар фхузэфIэкIынукъым, - къапедзыж и бынхэм Iиблису ямылъагъужыным. – А сурэм и пэм мыпхуэдэ псалъэхэр къыщокIуэ: «Iэлхьэмду лиллахьи рэббил хьалэмиин!» - «ФIыщIэр Алыхьым ейщ, дунейхэм я Тхьэм!» (КъурIэн, I:2).
 И бынхэм жаIэ: «Умыгузавэ! Дэ цIыхухэм лIахэр къызэрытэджыжынур я фIэщ мыхъуу тщIыхукIэ дыувыIэнкъым. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэунэхъунщ!»
 Iиблис аргуэру къапэроуэ: «Ари фхузэфIэкIынукъым фэ, сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм ахэр иригъэсащ мыпхуэдэу жаIэу: «Малики йэумиддин» - «Къэтэджыжыгъуэ махуэм и тепщэм» (КъурIэн, 1:4). 
 Iиблис и бынхэм аргуэру я адэр ягъэудэIун щIадзэ: «Умыгузавэ! Дэ абыхэм дакъыкIэрыкIынкъым, тхьэнэпцIхэм яхуэпщылIу едмыгъэсауэ. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу зэтригъэкIуэдэжынщ». 
 Я адэ ямылъагъужыным аргуэрыр идэркъым: «Фэ ар фхузэфIэкIынукъым! Сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм абыхэм мыпхуэдэ псалъэхэр яIурилъхьащ: «Ийакэ нэхьбуду» - «Уэращ дызыхуэпщылIыр» (КъурIэн, 1: 5). 
 И бынхэм адэм и гур фIы хуащIыну хэтщ: «Умыгужьей! Дэ цIыхухэр щхьэхынэ тщIынщ, Алыхьым къалэн къащищIахэр ямыгъэзэщIэжыфын хуэдэу. ИтIанэ ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэунэхъунщи къигъэсэхыжынщ». 
 «Ари фхузэфIэкIынукъым! - къажреIэ аргуэру Iиблис, - сыту жыпIэмэ, абыхэм мыпхуэдэу къапсэлъ: «Уэ ийакэ нэстэхьиин» - «Уэращ къыддэIэпыкъуну дызэлъэIур» (КъурIэн, I:5). 
 И бынхэм жаIэ: «Умыгъынанэ! Дэ ахэр гъуэгу захуэм тедмыхуауэ дыувыIэнкъым, Алыхьыр къахуэгубжьу пасэрей лъэпкъхэм ещхьу игъэкIуэдыжыху!» 
 «ФхузэфIэкIынукъым фэ ар! – къажьэхолъэ аргуэру Iиблис. - Сыту жыпIэмэ, абыхэм мыпхуэдэу жаIэ: «Ихьдинэ щиратIэл мустэкъиим, щиратIэл лэзинэ Iэнхьэмтэ хьэлейхьим, гъэйрил мэгъдууби хьэлейхьим уэ лэддаллиин» - «Гъуэгу захуэм дытету, уи нэфI зыщыхуахэр здэпшэмкIэ дышэ, Уэ узыхуэгубжьахэм, гъуэщахэм я гъуэгукIэ мыхъуу» (КъурIэн, 1:6-7). 
 И бынхэм жаIэн щIадзащ: «ЦIыхухэр езыхэр къызытехъукIа Iэдэмрэ Хьэуарэ нэхърэ нэхъыфIкъым, зыщыпсэу щIыпIэхэри Жэнэтым нэхърэ нэхъыфIкъым! Уэ Iэдэмрэ Хьэуарэ бгъэбэлэрыгъри, Жэнэтым къребгъэхуащ! Дэ цIыху къызэрыгуэкIхэр тхуэмыгъэгъуэщэну ара?»
 Ар зэрызэхихыу, Iиблис узижэгъуэн и махуэу гъуахъуэри, хым зыщIигъэмбрыуащ. 
 Илъэс псокIэ шейтIан шырхэр я закъуэ псэуауэ, я адэ ямылъагъужыныр хы тхъурымбэм къыщIосыкIыжри, кIийуэ къахолъадэ: «ФыгуфIэ, цIыкIухэ! Сэ къэзгъуэтащ цIыхухэр гъуэгу захуэм тедгъэгъуэщыкIыу зэрыдгъэкIуэдыжын Iэмал!»
 «Сыт хуэдэ?» - къоупщI и бынхэр. 
 Iиблис жэуап ярет: «Тхьэ унафэм щIэмыувэныр яфIэфIу, гуэныхь къызэрахьамкIэ Алыхьым зэрызыхуаумыс псалъэхэр жамыIэжыфу тщIынщи, япэщIыкIэ я Тхьэм бэлыхь къатредгъэлъхьэнщ, итIанэ пасэрей лъэпкъхэм ещхьу, псори зэтригъэунэхъуэнщи, зэфIэкIащ!» 
 Езы Iиблиси абы и бынхэми гуфIэу зэрыгъэкIиин щIадзащ, я мурадыр къазэрехъулIэнум шэч къытрамыхьэжу. 
 Асыхьэтым уафэм Алыхьталэм и псалъэ къоIукI: «Ей, ямылъагъужын! Уэ ахэр тобэ къэхьыжыкIэм щыбгъэужу щытми, хэт Сэ зэран къысхуэхъуфынур, абыхэм я гуэныхьхэр яхуэзгъэгъуну мурад сщIымэ? «Къысхуэгъэгъу» жаIэну хунэмыс щIыкIэ ящхьэщысхынущ Сэ абыхэм я гуэныхьхэр! ИращIэ Си пщылIхэм: Зыгъэгъу, ГущIэгъубэ жыхуаIэр Сэращ!» 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: