Зэманым декIу

КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Правительствэм щэнхабзэмкIэ и министр, Къалэн куэд щагъэзащIэ центрым и лэжьакIуэ Хьэгъэжей Иринэ диплом плъыжькIэ къиухащ КъБКъУ-м и Инженер-техническэ факультетыр (иджы АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ институтыр). Жылагъуэ Iуэхухэм дихьэх хъыджэбзыр университетым щIэсыху хэтащ студентхэм я зэгухьэныгъэми. Абдеж къыщыщIэдзауэ Хьэгъэжейм къехъулIэу къызэрегъэпэщ щэнхабзэ, жылагъуэ, цIыху куэд щызэхуашэс нэгъуэщI Iуэхухэр.
- Студент зэгухьэныгъэм сызэрыщылэжьар щхьэпэ схуэхъуащ. Лэжьыгъэ убзыхукIэр зэзгъэщIащ, цIыху куэд къэсцIыхуащ, - жеIэ Иринэ.
 Къыхиха IэщIагъэм Иринэ ирилэжьэн щIидза щхьэкIэ (Налшык IэфIыкIэхэр щащI IуэхущIапIэм фIагъыр къыщипщытэу), куэд дэмыкIыу хъыджэбзым къыгурыIуащ ар зэримылэжьыгъэр.
 - ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухым, си Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIу щытащ. Къэслъытэрт балигъ сыхъуауэ, икIи схуэфэщэн IэнатIэр кабинет лэжьыгъэм епхауэ щытын хуейуэ. Арати, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и къудамэм мазихкIэ сыщылэжьащ. АрщхьэкIэ узыпэрыт лэжьыгъэр гурэ псэкIэ къыумыщтэмэ, абы ущехъулIэнукъым. Сэ сыт щыгъуи щIэ гуэрым сыхуопабгъэ, зызужьыну сфIэфIщ.
Иринэ и IэнатIэм зыкъыщыщигъуэтыжар Къалэн куэд щагъэзащIэ центрым щылэжьэну кIуа нэужьщ. Япэ дыдэуи и пщэ къыдэхуа къалэныр Студент гъатхэ зэхыхьэр Налшык къыщызэгъэпэщынрати, хъыджэбзыр и зэмани къаруи еблэжакъым.
Иринэ 2018, 2019 гъэхэм хэтащ «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм икIи тIэуми ахъшэ саугъэт къыщихьащ. Езым зэрыжиIэмкIэ, абы къыщигъэлъэгъуа проектыр зи жэрдэмыр и дэлъху Эльдарщ (щIалэр Ставрополь щыIэ СКФУ-м щоджэ, абы щызэхэт «Горец» цIыхубэ ансамблми и унафэщIщ). Республикэм икIа нэужьщ щIалэм гу лъитэ щыхъуар щIалэгъуалэм я анэдэлъхубзэр тэмэму къызэрамыгъэсэбэпым. Адыгэбзэр хэIущIыIу ищIын мурад иIэу, абы фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр иригъэдын щIидзащ, адыгэбзэ псалъэхэр тету.
Иринэ и дэлъхум и мурадыр диIыгъащ икIи абы теухуауэ «Мэшыкъуэм» хуигъэхьэзыра проектыр щыпхыкIым, щыгъынхэр щадыну цех къызэIуахащ, «Хасэ» фIэщыгъэр иIэу. IуэхущIапIэм зрагъэужьын папщIэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым Иринэ и етIуанэ проектыр игъэхьэзырри, абы къыпэкIуа ахъшэмкIэ школхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр я лъэщапIэм кърагъэблагъэурэ мастер-классхэр драгъэкIуэкIащ. А Iуэхум къыхашащ КъБКъУ-м и декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым щеджэхэри.
Щыгъынхэм тетыну псалъэхэр хэщыпыхьауэ къыхах ныбжьыщIэхэм. Абы щIэлъ гупсысэри Инстаграмым и напэкIуэцIым къыщаIуэтэж. Япэ дыдэу мазэ, дыгъэ, гупсысэ, Хэку псалъэхэр зытет плIэхэр ядащ.
Хьэгъэжей Иринэ и мурадхэр зыхуэунэтIар зэхыхьэхэр, пщыхьхэр езыгъэкIуэкI цIыхухэр щагъэхьэзыр школ зэрыщыIэнырщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, иджыпсту щIалэгъуалэр апхуэдэ лэжьыгъэхэм къыхэшэн хуейщ, утыкум щымыукIытэу, я гупсысэ нэхъ тегушхуауэ къагъэлъэгъуэфу есэн папщIэ. Псом хуэмыдэу хъыджэбзым къелъытэ районхэм щыIэ ныбжьыщIэхэм гулъытэ яхуэщIыпхъэу.
Иринэ езыр хэтащ ШколакIуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм Анапэ щиIэ «Смена» центрым гъэ къэс щрагъэкIуэкI егъэджэныгъэ Iуэхум. Хьэгъэжейм ныбжьыщIэхэм дерсхэр ядригъэкIуэкIащ оратор гъуазджэм хигъэгъуазэу. А школым ипкъ иткIэ, Иринэ щыIащ Ставрополь къалэм, Шэшэным, Ингушым, Дагъыстэным. Хъыджэбзым иджы къыгурыIуащ цIыхухэм ядэлэжьэныр, яхэтыныр игу зэрырихьыр, дэрэжэгъуэ къызэрыритыр.
- Районхэмрэ къуажэхэмрэ щIалэгъуалэм зэрызыщаужьынум теухуауэ Iэмалхэр щынэхъ мащIэщ. Абы къыхэкIыу ахэр гъащIэм зыгуэркIэ къыхэтшэну дыхущIокъу, ди зэхуэсхэм къыдогъэблагъэ, - къыддогуашэ Хьэгъэжейр. - Псалъэм папщIэ, си лэжьэгъу Жабеловэ Гульнарэ и жэрдэмкIэ, «Про творчество» зэхыхьэ иныр едгъэкIуэкIауэ щытащ, цIыху куэд къызэщIедгъэубыдэу. Абы зэщIигъэуIуа гупым сыхэту, районхэм дыкIуэурэ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр къыхэтшащ, ахэр республикэ зэхьэзэхуэм хэдгъэтащ. НыбжьыщIэхэм я нэр зэрылыдыр плъэгъуа и ужькIэ, нэхъыбэж пщIэну утрегъэгушхуэ. Апхуэдэ проектхэр республикэм щыIэн хуейщ, щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэфын, е, сэ сщIэрэ, зэрыцIыхун папщIэ. Зыми и жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ иджыпсту ди щIалэгъуалэм зы ныкъусаныгъэ ядызолъагъу. Зы Iуэху гуэр зыгуэрым къызэригъэпэщамэ, ар Iэмал имыIэу Iэпаудыжын хуейуэ къащохъу. Ар нэхъ IупщIу щыболъагъу Интернетым. ЖысIэнуращи, цIыхум къыхужаIэнум егупсысурэ гукъыдэж ящIа Iуэхур ирашэжьэну куэдыр тегушхуэжыркъым. Сыхуейт ди цIыхухэр, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр дызэкъуэту, зым и мурадыр адрейм диIыгъыу дызэдекIуэкIыну. Абы щыгъуэм нэхъыбэж къыдэхъулIэнут.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: