Илъэс 12-м къриубыдэу

Нэдгъэблэгъа 2022 гъэм и щэкIуэгъуэм дунейм цIыхуу щыпсэур меларди 8 ирикъуащ. Апхуэдэ хъыбар къет ООН-м. Абы къокIыр цIыху бжыгъэм псынщIэ дыдэу хэхъуэу. Илъэс 12 ипэкIэ, 2010 гъэм дызэрыхъуу щытар меларди 7-щ. Мыпхуэдэ щытыкIэм занщIэу къыхэгъэщыпхъэу зы хэлъщ: апхуэдизу псынщIэу щIыхэхъуэм и щхьэусыгъуэр гъащIэр нэхъ кIыхь зэрыхъуарщ, армыхъумэ сабийуэ нэхъыбэ къызэралъхуркъым. ЦIыхухэм я ныбжьыр хэпщIыкIыу хокIуатэ. Псом хуэмыдэу ар ехьэлIащ Европэм, Америкэ Ищхъэрэм, Японием. Нэхъапэми хуэдэу, сабий куэд къыщалъху Африкэм, Азие Курытым, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум я къэралхэм. Абыхэм унагъуэ къэс быни 4-5 нэхърэ нэхъ мащIэ щапIыркъым.
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, дунейр меларди 9-м нэсынущ 2037 гъэм. Аурэ меларди 10-м нэблэгъа иужь цIыху бжыгъэм кIэрыхуу хуежьэнущ. Ар къыщыхъунур 2070-2080 гъэхэрауэ хуагъэфащэ.
 НэгъуэщIи. Иджы зыми шэч къытрихьэркъым 2023 гъэм Индиер цIыху бжыгъэкIэ Китайм зэрыщхьэпрыкIынум. А къэралитIым мы зэманым яхуозэ ЩIы хъурейм цIыхуу тетым я процент 35-р. ЦIыхухэр иужьу къызэрыщыхатхыкIам кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, мелуани I46-рэ хъу Урысейм (къыхыхьа щIыналъэщIэхэм щыпсэухэр яхэмыту) зэкIэ дунейм I0-нэ увыпIэр щиIыгъщ, зэрыхъури проценти 2 къудейщ.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: