Щэнхабзэр зи бзыпхъэ

Къафэр си гъащIэщ жеIэ Алътуд адыгэ къуажэм къыщалъхуа Лу Сюзаннэ. И сабиигъуэр ЩэнхабзэмкIэ унэм щигъэкIуащ, и анэр абы щылажьэрти. Музыкэ школым фортепианэм щыхуеджащ, къэфэнри зыхилъхьэ щыIэтэкъым.
Иджы Сюзаннэ Алътуд къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и IэщIагъэлIщ, апхуэдэуи сабий къэфакIуэ ансамбль абдеж къыщызэригъэпэщауэ илъэси 10-м нэблэгъауэ гуп егъасэ.
А гъуэгуанэм техьэн ипэкIэ, Сюзаннэ 20I5 гъэм къиухащ КъБКъУ-м и Физико-математикэ факультетым медицинэ физикэмкIэ и къудамэр. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэту къыщалъхуа къуажэм игъэзэжа нэужь, абы къыгурыIуащ зэрыцIыкIурэ зыхэт щэнхабзэ Iуэхум епхауэ лэжьэну зэрыхуейр икIи IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуам арэзы ирихъуащ. 2020 гъэм «ЦIыхубэ технологическэ университет» мыкоммерцэ автоном IуэхущIапIэм IэщIагъэлIхэр зэригъэхьэзыр и программэм хыхьэу, «къэфэнымкIэ гъэсакIуэ» цIэр къыхуагъэфэщащ.
Зи лъэпкъ тхыдэм пщIэ хуэзыщIу къэгъуэгурыкIуэ Алътуд къуажэм къыдэкIуэтей и щIэблэр адыгэ щэнхабзэм дригъэхьэхын мурад иIэущ Сюзаннэ щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центрым епхауэ «Горный родник» къэфакIуэ гупыр къыщIызэригъэпэщар.
Сюзаннэ и лэжьыгъэмкIэ къызэщIеубыдэ цIыкIухэр спортым, щэнхабзэм, волонтёр лэжьыгъэм хэшэныр.
- Щэнхабзэм ехьэлIа лэжьыгъэм дыкъытеувыIэмэ, къафэм сабийхэр гупищу гуэшауэ къокIуалIэ. Нэхъ цIыкIухэр (зи ныбжьыр илъэси 5 - I4 хъухэр) зыхэт гупитIым сабийуэ I00 къокIуэ. «Жемчужинка», «Горяночка» гъэфIэныцIэхэр абыхэм яфIэсщащ. Я ныбжьыр илъэс I5-м къыщыщIэдзауэ 30-м нэс хъухэм я гупым цIыху 25-рэ хэтщ, - жеIэ Сюзаннэ.
 Абы и къэфакIуэ цIыкIухэм я зэфIэкIыр къуажэми районми щекIуэкIа Iуэхухэм мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуащ. «Горный родник» ансамблыр илъэс къэс «Прохладненская весна» фестивалым хэтщ, апхуэдэуи «Подари улыбку миру» щIыналъэ зэпеуэм и зы лIэужьыгъуэ «Лъэпкъ къафэ» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщахьащ. «Хабзэм и хъумакIуэхэр» район зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуа иужь, лъэпкъ щэнхабзэр зэрахъумэмрэ я Iэзагъэмрэ къыхигъэщу, Прохладнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм ЩIыхь тхылъ гупым къыхуигъэфэщащ. Ансамблыр ирагъэблагъэ республикэм щекIуэкI щэнхабзэ Iуэхухэми. Апхуэдэ зыщ КъардэнгъущI Зырамыку и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ ирагъэкIуэкI зэхыхьэхэм дэрэжэгъуэ ин яхэлъу зэрыхэтыр.
 - Ди къуажэм илъэсым и кIуэцIкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэпеуэхэр щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ. Дэ ди къалэным хохьэ гупхэр зэщIэдгъэуIуэу апхуэдэ спорт джэгухэм етшэлIэну. КъищынэмыщIауэ, волонтёр лэжьыгъэри зэдгъэтIылъэкIкъым. Иджыпсту ди волонтёр гупым цIыху 20 хэтщ, къуажэми, районми, республикэми щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру я гуащIэ халъхьэу, - жеIэ Сюзаннэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: