Пластилин дуней

Пластилиныр итальян псалъэм къытехъукIащ, «зэкIэрыпщIэ» жиIэу къокI. Пластилин папщIэу къагъэсэбэпу щыта пкъахуэ щхьэхуэхэр илъэс 500-м щIигъуауэ щыIэми, езыр къыщежьар иужькIэщ. Абы и тхыди иIэжщ.
XVI -нэ лIэщIыгъуэм щыIа итальян архитектор Вазари Джордж сурэт щIыным, зэкIэрыгъэпщIэным, зэIущэным теухуауэ итха тхылъым щытепсэлъыхьауэ щытащ шэхумрэ ятIэмрэ къыхэщIыкIа пкъахуэ быдэм. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар пластилиным и зы лIэужьыгъуэт. Пластилин къэзыгупсысыну хэтахэм хабжэ зыбжанэ: нэмыцэ Колб Франц, инджылыз Харбут Уильям, американ Маквикер Джо сымэ. I880 гъэм Колб зэхилъхьа пкъахуэм арат фIищари - «Plastilin»-т. Ар аптекэм хущхъуэзэхэлъхьэу щылажьэрт. Архитектор, сурэтыщI, IэщIагъэлI куэд и ныбжьэгъут. Езым гъуазджэм пыщIэныгъэ хуимыIэ пэтми, гъэунэхуныгъэ щхьэхуэхэр иригъэкIуэкIри, къехъулIащ. Ди зэманми Мюнхен къыщыбгъуэтынущ «Мюнхен и скульптурэ пластилиныр». Харбут Уильям Британие школым гъуазджэмкIэ щригъаджэрт. Абы и есэпхэм студентхэр ятIагъуэм щелэжьырт: модель щхьэхуэхэр зэкIэрагъапщIэрт. Зы есэпым къриубыдэ зэманыр яхуримыкъу хъуащ студентхэм я лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсын папщIэ. КъыкIэлъыкIуэ есэпым ятIагъуэр гъурти, абы хэпщIыхьыжынIауэ гугъут. Харбурт зрипщытащ щIэрыщIэу къэпщтэжу тыншу узэлэжьыж хъу пкъахуэ гуэр къигупсыысынымрэ ар зэхилъхьэнымрэ. Куэдрэ елIэлIа нэужь, абы къехъулIащ мыгъуу мазэкIи нэхъыбэжкIи узэлэжь хъу пкъахуэр. И фэкIэ ари ятIагъуэм хуэдэт. ЩIэныгъэлIым къигъэщIам «Plasticine» фIищащ. И есэпхэм къыщигъэсэбэпын къудейм трищIыхьауэ щытами, Харбут гу лъитащ и студентхэм ар егъэлеяуэ ягу зэрырихьам, зыIэпишэу зэрелэжьым. ИкIи патент зэригъэпэщу куэду къыщIигъэкIыну мурад ищIащ. Харбут и пластилиныр гъуазджэми къыщагъэсэбэпырт, унэгуащэхэми я бынхэм куэду къыхуащэхурт. I900 гъэм Харбурт пластилин къыщыщIагъэкI фабрикэ къызэIуихащ. Абы пластилиныр щащIырт плъыфиплI иIэу. Пластилиныр тыншым, шынагъуэншэу къэбгъэсэбэп хъум къыщымынэу икIи пудт, хэти къищэхуфырт. Американ инженер Маквикер Джо и пластилиныр 1955 гъэм къигупсысащ. Ар елэжьырт обой зэрагъэкъабзэ ткIуаткIуэ зэхилъхьэным. ИкIи а зэхищIэхэмкIэ дэгуэшащ сабий садым гъэсакIуэу щылажьэ и шыпхъум. Пкъахуэ хужь зэпышыр зигу ирихьа гъэсакIуэр абыкIэ цIыкIухэм яридэлэжьэн щIидзащ. Сабий садым и лэжьакIуэхэм пкъахуэ гъэщIэгъуэныр ягу ирихьащ, ар куэду къыщIэгъэкIын хуейуи къалъытащ. Пластилин лIэужьыгъуэр цIыхубэм куэду къащэхурт. Маквикер мелуанырыбжэ хъуащ илъэс 27-м иту.
    Ди зэманым пластилиныр щыIэщ лIэужьыгъуэ бжыгъэншэу: зэмыфэгъуу, мэ яIэуи ямыIэуи, нэхъ быдэуи, нэхъ лантIэуи, зэфэзэщуи цIу яхэпхъауи. Пластилиным сабийхэри ироджэгу, скульпторхэмрэ архитекторхэмри иролажьэ, аниматорхэми къагъэсэбэп. Урысей мультфильмхэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ «Пластилиным къыхэщIыкIа къуаргъыр». ГъэщIэгъуэнщ Британие телевиденэм и лэжьакIуэ Мэй Джеймс пластилиным къыхэщIыкIа быдапIэ иухуауэ зэрыщытар. 2009 гъэм Мэй Джеймс «Chelsea flower show – 2009» гъэлъэгъэуныгъэм хигъэхьащ «Пластилин дуней» зыфIища и лэжьыгъэр. Абы елэжьащ цIыху 2000. Пластилину плъыфэ 24-рэ къагъэсэбэпащ, псоми зэхэту тонни 2,5-рэ я хьэлъагъыу. Удз гъэгъахэр Iэрамэ-Iэрамэу, жыгхэр, хьэсэ цIыкIухэр иухуэри, жыг хадэ телъыджэм и кум Харбурт Уильям и фэеплъ хищIыхьыжащ, пластилин яжьафэм къыхэщIыкIауэ. Мэй Джейм и лэжьыгъэр гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэм щытемыкIуами, абы щхьэхуэу къыхуагъэфэщауэ щытащ пластилин-медаль.
Иджырей пластилинхэр къыхащIыкI шэхум, парафиным, ятIагъуэм, зымыгъэж пкъыгъуэхэр халъхьэу. Пластилиныр тыншщ икIи шынагъуэншэщ цIыкIухэм уаридэлэжьэну. Абы сабийхэр нэхъ гурыхуэ ещI, я гупсысэми зрегъэужь. Абы къыхэкIыу, сабий садхэми пэщIэдзэ классхэми куэду къыщосэбэп.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: