Анэшхуэм и Iуэтэжхэр

Си анэшхуэ Къанкъул (Къэшэж) Iэминат Дым и пхъум куэдрэ къытхуиIуэтэжу щытащ хъыбар хьэлэмэт куэд. Ахэр ятеухуат езыр къызыхэкIа лъэпкъым, зыхыхьам, ди щIыналъэм щыцIэрыIуэ цIыхухэм, апхуэдэуи зрихьэлIа, и нэгу щIэкIа къэхъукъащIэ хьэлэмэтхэм. Сигу къэкIыжащ абы къыджиIэжа хъыбару лъэпкъ псысэхэмрэ таурыхъхэмрэ куэду зэхуэзыхьэсыжа, абыхэм ящыщ куэд сабийхэм яхуэзыIуэтэжу щыта адыгэ узэщIакIуэ Къэшэж ТIалиб теухуар.
Iэминат зэрыжиIэмкIэ, ТIалиб и къуэшхэм ящыщт езым и адэ Дым. Дымрэ Мадинэрэ зэдагъуэтат щIалитIрэ пхъуищрэ: Хьэжмусэ, Хуатэ, КIулэ, Лолэ, Iэминат. Си анэшхуэ Iэминат сабийхэм я нэхъыщIэт. Ар куэдрэ щыIэрейт ТIалибхэ я унэ. ТIалибрэ абы и щхьэгъусэ ФатIирэ бын зэрамыIэм къыхэкIыу, Iэминат абыхэм я унэ куэдрэ яхьырт. Быным хуэдэу фIыуэ зэщхьэгъуситIым ялъэгъуа хъыджэбз цIыкIур еджэнымрэ тхэнымрэ егъэджакIуэ ТIалиб хуигъасэ къудейтэкъым, атIэ есэп щIыным дихьэх сабийм математикэм и щэху куэд нэрылъагъу щищIырт абы.
Таурыхъ-хъыбару ТIалиб Iэминат къыжриIэжахэм фIыр сытым щыгъуи Iейм щытекIуэрт, усэрыбжэ цIыкIухэр къыжриIэу, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ куэдым щигъэгъуазэу щытт. Арагъэнущ си анэшхуэри цIыху зытету, гъэсауэ щIыщытар. Куэдрэ ТIалиб тепсэлъыхьырт ар, фIыщIэ хуищIырт, щытхъу псалъэхэр хуигъэпсырт. ТIалиб абы гуапагъэрэ щIэныгъэу къыбгъэдилъхьам ирипагэу щысакъым анэшхуэр, атIэ зэрыхузэфIэкIкIэ узэщIакIуэ, IуэрыIуатэдж, адыгэлI щэджащэм абы кърита фIыгъуэр игъэбатэу щытыгъащ.
Си анэшхуэр езыр зыми емыщхь цIыхубзт. Теплъэ дахэ зиIэ, зи пщIэр зыIыгъыж, уардэу зекIуэ цIыхубзыр нобэми цIыхухэм ягу къагъэкIыж. Къамылыкъуэ къуажэм щыпсэу Къанкъул лъэпкъым къахэхъуа щIалэ Хьэбалэ щхьэгъусэ хуэхъуа Iэминат насыпыфIэ хъуат. Абы и щыхьэтщ зэщхьэгъусэхэм бын пщыкIуз зэрызэдагъуэтар. Къуажэм, районым, республикэм щапхъэ зытрахыу щыта цIыхубзщ си анэшхуэр. Абы и бынхэр зэригъасэм, къабзагъэу зэрихьэм, унэ-лъапсэм и щытыкIэм къакIуэурэ цIыхухэр къеплъу щытащ. Совет лъэхъэнэм абы къыхуагъэфэщащ «Анэ-лIыхъужь» цIэ лъапIэр. ГъэщIэгъуэныращи, мы цIэр абы къыщIыхуагъэфэщар бын куэд зэригъуэтам и закъуэкъым, атIэ бынхэм яхилъхьэ гъэсэныгъэм, ябгъэдилъхьэ хабзэм, ущииныгъэу яжриIэм, еджапIэм ахэр фIы дыдэу зэрыщеджэм къыхэкIащ.
Си анэ Ритэ куэдрэ игу къокIыж и анэм а дамыгъэр къыщыхуахьа зэманыр. Москва къикIауэ унэм къыщIыхьа цIыхубзитIрэ щIалищым занщIэу ягъэщIэгъуар унэ лъэгурт. Лэч хужьыбзэкIэ лам зи вакъэхэр зылъыгъыу къыщIыхьахэр къигъэуIэбжьат. ЦIыхубзитIыр къыщIэкIуа Iуэхугъуэм щыхьэт техъуэн папщIэ сабий щыгъынхэр зэпаплъыхьу, фIей-къабзэкIэ унэ пэшым зыщагъэгъуазэу щытащ. Бын пщыкIузым фIей гуэр якIэрылъын дэнэ къэна, дэтхэнэми я щхьэцхэр зэщIэлъэщIарэ дыху ятекIэжауэ къыщалъагъум, упщIэхэр псори лей хъуащ.
Къуапитху зиIэ вагъуэр дыщэм къыхэщIыкIарэ ахэр дыжьын бзийкIэ гъэщIэрэщIэжауэ щытт дамыгъэр. Тыгъэ лъапIэр си анэшхуэм и бгъэгум хагъэтIысхьащ икIи псалъэ гуапэхэр къыжраIащ, щапхъэгъэлъагъуэу зэрыпсэум папщIэ. Анэшхуэр зэи тепсэлъыхьу зэхэсхакъым а медалым. Ар абы хуэмыфащэу къратауэ къыщыхъурт. Абы и къалэн нэхъыщхьэу къилъытэр и бынхэр зыхуей хуэгъэзауэ къэгъэхъунырт, я ныбэрэ щыгъынрэ хуэмыныкъуэхэу, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дзы зыми къыхуамыщIу. Абы ар къехъулIащ.
Сабий гъэсэным, пIыным куэд къызэщIекъуэ икIи хеубыдэ. Апхуэдэ зы Iыхьэщ сабийхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр дегъэкIуэкIыныр, абыхэм ямыщIэ щIэ куэдым я бжэ яхузэIухыныр, гъащIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу, къызыхэкIа лъэпкъым щыгъуазэу, абы и цIыху пажэхэм ятеухуа хъыбархэр ящIэу къэгъэтэджыныр. Арагъэнущ анэшхуэм куэдрэ къыщIытхуиIуатэр зи гугъу сщIа хъыбархэри.

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: