Бзу гъуабжэ

(сабийхэм папщIэ)
Шындэбзий зэгъуэкIым бзу шыр цIыкIу къыщыхутащ. Цыфэнд фIэкIа зытемыт и дамэ цIыкIуитIыр ешэщIри, щIопхъуэ. АрщхьэкIэ зыхуэмыIэту къоувыIэж, нэщхъейрэ и пэ цIыкIур къыпыхуауэ. Залинэ бзу цIыкIум еIусэн ирикуакъым, Iэмэ щыумэ, языныкъуэ къуалэбзухэм зэрахабзэу, къамыщтэжынкIэ шынэри.
Куэд дэмыкIыу унэ къуагъымкIэ зы бзу балигъ къыкъуэлъэтащ, ар шырым и анэр зэрыарар гурыIуэгъуэт. Зэрыгузавэр нэрылъагъуу щхьэщыгум щоухуэразэри, щоухуэразэ. Залинэ ищIэркъым мылъэтэфу утыкум къина бзу шырымрэ гузэвэгъуэр зытелъ абы и анэмрэ къахуигупсысынур. Щымыхъужым, тхылъымпIэ пхъуантэ мыин къигъуэтри, бзу шырыр абы иригъэтIысхьащ. Куэдрэ исынти- къилъыжри, кIэкуакуэу тIысыжащ.
 Залинэ псом нэхъ зыщышынэр я джэдуужьырт. Абы бзур къыIэщIэлъагъуэмэ, ирихьэжьэу зэрежьэжынум шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым. Пшапэ зэхэуэгъуэми нэсащ, анэри Iэгъуэблагъуэм итыжкъым. ТхылъымпIэ пхъуантэм имызэгъа цIыкIур зыхигъэтIысхьэн къауцрэ шхий щIэщрэ къыхуищыпу Залинэ здэщысым, и нэр хуэзащ, бжыхь гъуанэм зыгуэр къызэрыдэплъым. Ар я гъунэгъу Дэбэч цIыкIут. ИлъэсиплI фIэкIа мыхъу сабийр и ныбжьым хуомыгъэфэщэну Iущыцэт.
- КхъыIэ, сэ къызэт а бзу шырыр,- къелъэIуащ ар.
- Уэстынт, Дэбэч, ауэ мыр шыр цIыкIущ, IэкIэ уеIусэ хъунукъым, щIыIэми ес…
- Сэ ар нанэ схуищIа цылъэпэдым изгъэтIысхьэнщи зэфIэкIакъэ…
Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ, жыхуаIэрати, Дэбэч и цылъэпэд лъэныкъуэр иIыгъыу къежэкIащ. Бзу шырыр цылъэпэдым гъунэгъу зэрыхуэхъуу, езыр-езыру лъэдакъэм нэсыху екIуэтэхри, зэуэ къещхьэукъуэхащ. Бзу абгъуэм зыкIи къыкIэрыхуртэкъым лъэпэд хуабэр. Дэбэч дэрэ дызэгурыIуэри, бзу шыр цIыкIур гуэным тхьащ, нэху абы къыщедгъэкIыну.
Пщэдджыжьым сыпIащIэу гуэныбжэр Iусхащ. Бзу цIыкIур апхуэдизкIэ фIэфIу цылъэпэдым исти, сымыгъэхъейуэ щIэсхри, хугурэ щIакхъуэ щыкъуейрэ куэду щиспхъа пщIантIэ дыгъэпсым дэзгъэтIысхьащ. А дакъикъэм абы къыбгъурыхутащ и анэр. Мо зыхуэзэша шырым и дамэхэмкIэ зрешэкI, и пэ цIыкIум йоуIу, йоубзэрабзэ. ИтIанэ, тIэкIу егъашхэри, зы щIакхъуэ Iыхьэ цIыкIу пэкIэ иIыгъыу, Iуолъэтыж. ГурыIуэгъуэт анэм нэгъуэщI шырхэри игъэшхэн хуейуэ къызэрыпэплъэр.
 А зыIэзыбжьэм бзу гъуабжэ гупышхуэ пщIантIэм къызэрыдохьэ. Залинэ гузэващ ахэр шырым тезэрыхьынкIэ, арщхьэкIэ зэримыгугъауэ, бзу хамэхэм мо шырыр къызэралъагъуу хъурейуэ къаувыхьри, гъурыгъуххэу абы щыкъуныр жьэдалъхьэу хуежьащ. Модрей цIыкIуми къыжьдалъхьэр ирегъэлъэтэхри яхэтщ. Бзу шырыр тIэпIу ягъашхэщ, езыхэми загъэнщIри, гупыр зэрыдэхыжащ. ГъэщIэгъуэныщэщ, гъэмахуэри щIымахуэри ди щIыпIэм щизых бзу гъуабжэхэм фIэкIа хамэм я шыр зыгъашхэ къуалэбзухэм зэрахэмытыр.
 Зи закъуэу къэна цIыкIум темыпыIэу хъуреягъыр къызэхежыхь, къызэхежыхьри, бжэIупэм Iут розэ гъэгъам и лъабжьэм зигъэпсэхуну кIэщIотIысхьэж. Анэри къэлъатэурэ къыкIэлъоплъ,сэри си нэIэ тезгъэкIыркъым. Апхуэдэу махуэм дыкIэлъыплъым, пшапэм цы лъэпэдым идгъэтIысхьэжурэ махуэ- махуитIыр кIуащ.
 Махуэ ещанэм бзухэм я зэрыгъэкIий макъышхуэ къэIуащ. Сыплъэмэ, ди шыр цIыкIур куэбжащхьэм фIэсщ. Абы зэрызехьэу къыщхьэщытщ анэмрэ абы щIыгъу адрей бзухэмрэ. Шырыр гушхуауэ и дамэ цIыкIуитIымкIэ зеIэтри, лъагэу унащхьэм къытетIысхьа анэм бгъуротIысхьэж. Псоми гуфIэгъуэр зэрахьэ…

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: