Егъэн Мадинэ: Сэ гъащIэм игъэфIахэм сащыщщ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пажэу щыта Егъэн (Багъэтыр) Мадинэ дыщIыхуэзам щхьэусыгъуэ иIэщ. Япэрауэ, ар иджыблагъэ илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ и ныбжькIэ. ЕтIуанэрауэ, абы и адэ Багъэтыр Аркадий илъэс куэдкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ, республикэм и журналистикэм хэлъхьэныгъэ хуэзы­щIахэм ящыщщ. Мадинэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ. Къафэм зэрыхыхьаращ япэу дызэреупщIари.

Налшык пщафIэхэр щагъэхьэзыру дэт училищэм 1986 гъэм сыщеджэрти, «Студент гъатхэм» къафэ щызгъэзэщIэн хуейуэ пщэрылъ сщащIат. Зэщхьэгъусэхэу Марыщ Зауррэ ДыщэкI ФатIимэрэ сагъэхьэзырат. КъэпщытакIуэ гупым хэт, «Кабардинка» ансамблым и художественнэ унафэщI Ульбашев Мутай си къэфэк1эр игу ирихьри, я гупым сригъэблэгъащ. КъэфакIуэхэм сахыхьэныр си адэм зэримыдэнур сщIэрти, сэ япэ зизгъэщу зыри жысIакъым. ДыщэкI ФатIимэ ди унэ накIуэри «Кабардинка»-м сыхыхьэну хуит сищIыну си адэм елъэIуати, къикIа щыIэкъым. ИтIанэ, ансамблым сыкIуэу си къэфэкIэм езгъэплъыну Ульбашевыр си адэм къыщелъэIум, арэзы хъуат. Къызэплъри, ягу срихьат. Абдежым псори зэхыхьэри, си адэр къытрагъэхьащ, абы и лэжьапIэм кIуэурэ епсалъэрт, ди студием яшэурэ къыдагъэплъырт, сытми, арэзы ящIри, къэфакIуэ гупым сыхагъэхьат, ауэ адыгэ хабзэм семыбэкъуэну псалъэ быдэ сIихауэ щытащ. Махуэ къэс концертхэр диIэти, ди гупым хэтхэм сыщIашэжурэ си адэм сратыжырт. Апхуэдэурэ екIуэкIыурэ 1987 гъэм унагъуэ сихьащ, щхьэгъусэ схуэхъуари (Егъэн ­Руслан) арат щылажьэри, иужькIэ си Iуэхур нэхъ тынш хъуащ.

Ансамблым илъэс дапщэкIэ ухэта?

- Псори зэхэту илъэс 14-кIэ. Илъэс 26-рэ сыхъуу арат «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ» цIэ лъапIэр къыщыс­хуагъэфэщам. Битокъу Аслъэнбэчрэ сэрэ «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэр димыIэу «цIыхубэр» къытфIащауэ щытащ. Москва ди Iуэхум арэзы щытехъуэу, Iэ къыщыщIадзын папщIэ хуабжьу гугъу зэрыдехьар иужькIэщ къыщытщIар.

- УщIалэ дыдэу «цIыхубэ» цIэр къыщыпфIащым, «ущIигъэлIэжакъэ»?

- Схуэмыфащэу, дяпэкIэ къэзлэжьыжын хуей гуэру къызатауэ къысщыхъурти, сыт щыгъуи а цIэ лъапIэм сызэрыхуэфэщэным сыхущIэкъурт. «Кабардинка»-м и концерт программэхэр илъэс куэдкIэ сэращ езыгъэкIуэкIар, апхуэдэ пшыхьхэм деж сэ утыку сыкъыщихьэкIэ, си цIэунэцIэр зэи къисIуэжыртэкъым. СфIэемыкIут.

- Сыт хуэдэ къафэхэра нэхъ пфIэфIыр?

- Гугъущ а упщIэм жэуап ептыну. Сэ къафэ куэд згъэзэщIащ, абыхэм си псэм фIэмыфIа яхэтуи схужыIэнукъым. Ауэ нобэ утыку сихьэн хуей хъумэ, «Къафэм» фIэкIа сыкъэфэнукъым. Лъэпкъым и псэр, и хьэл-щэныр, и зыIыгъыкIэр нэсу къызытещ а къафэм щIагъыбзэ куу иIэщ. Сэ си гъащIэм увыпIэ хэха, уеблэмэ япэ увыпIэ щиIыгъщ къафэм. Къафэм уегъасэ, уеущий, дуней тетыкIэ екIу узэриIэным укъыхуреджэ. Абы Iэпкълъэпкъыр зэригъэдахэ къудейр сыт и уасэ?! Сэ хуабжьу си гуапэщ иужьрей зэманым щIэблэм къафэм гу зэрыхуащIыжар, ауэ абыхэм я нэхъыбэм къафэм и хабзэхэр IэпкълъэпкъкIэ ягъэзащIэ къудейщ. Къафэр псэкIэ зыхэпщIэн хуейщ, абы папщIэ и щIагъыбзэм, абы и къежьэкIам зыщыбгъэгъуэзапхъэщ.

- «Кабардинка»-м и гъусэу уздэщыIа щIыпIэхэм ящыщу сыт хуэдэхэр нэхъ уигу къинэжа?

- Япэ дыдэу Сириемрэ Тыркумрэ дыщыкIуар зэи сигу ихужынкъым, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къытхуэгумащIэу къызэрытпежьар, зыкъытщамыгъэнщIу дызэрагъэхьэщIар. Уеблэмэ абы щыгъуэм зэдгъэцIыхуа, ныбжьэгъу къытхуэхъуа куэд нобэми къыткIэлъокIуэ, дызэролъагъу. Ауэ нэхъыбэу сигу къинэжар ди балетмейстеру щыта Думэныщ Iэулэдин къытхилъхьа гъэсэныгъэмрэ езым и хьэл дахэмрэщ. Адэ-анэм хуэдэу ар къытхущытащ, фIы дыхъумэ фIэфIу, абы дыхуиущий зэпыту. Ди ансамблым хэтхэм Iэулэдин и жыIэ зыми тIу ищIыртэкъым. Дэнэ дымыкIуэми, сыт хуэдэ хьэщIэщ дыщIэсми, дызэрыщIэтIысхьам хуэдэу къабзэу зэщIэдмыкъуэжауэ дыкъыщIэкIыжу идэртэкъым.

- «Кабардинка»-м укъызэрыхэк1ыжар къыптехьэлъакъэ?

- Пылъхьэншэу фIыуэ слъагъуу сыщылэжьами, сценэм сызэримытыжыр къыстехьэлъауэ схужыIэнукъым. Зэгъусэу ансамблым хэтахэр щIэх-щIэхыурэ дызэхуозэ, дыкъофэ, дызэхэсщ, дызэролъагъу.

- ЩIэрыщIэу гъащIэр къыщIэбдзэжатэмэ…

- Зыри схъуэжыну сыхуейтэкъым. Сыарэзыщ си гъащIэмкIэ, сэ сащыщщ абы игъэфIахэм.

- Лъэпкъ къафэр фIыуэ зылъагъухэм, абы зи гъащIэр тезыухуэну мурад зы­щIахэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?

- Гугъущ ар. Сыт хуэдэ IэнатIэ упэрытми, а узэлэжьыр къохъулIэн папщIэ фIыуэ плъагъун хуейщ. Куэдым зэрагугъэм хуэдэу, къэфакIуэу ущытыныр тыншкъым. Утыку укъихьэу укъафэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым. Си анэшхуэ тхьэмыщкIэм: «Укъызэрыфэм щхьэкIи ахъшэ къуату ара?» - жиIэурэ игъэщIэгъуауэ щытащ «Кабардинка»-м сыщыхыхьам. Апхуэдэу егупсысыр куэдщ. Псом япэрауэ, уи Iуэхур къыбдэзыIыгъын цIыху уиIэн хуейщ. Къэфэну хуей дэтхэнэми хьэл быдэ хэлъыпхъэщ. Куэдым, куэд дыдэм ухэнынущ, къафэр гъащIэм Iэпэгъу щыпщIмэ, ауэ щыхъукIи, къафэм къуитыр нэхъыбэжщ. Абы зы щхьэкIэ нэхъ лъагэ уещI. Дуней псом къыщацIыху къэфакIуэ цIэрыIуэхэр къафэращ утыку изышар.

Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться: