Уи щхьэм и пщIэр ущIалэ щIыкIэ къыболэжь

Дыгъужьокъуэ Къазбэч и цIэр зэхэзымыха щыIэнкIэ хъуну? Сыадыгэщ жиIэу адыгэщIым къыщыхъуа дэтхэнэ зыми а цIэр зэхихауэ фIэкIа, нэгъуэщIу си пщIыхьэпIэ къыхэзгъахуэркъым. Дыгъужьокъуэ Къазбэчыр зи лIыгъэкIэ къылъэщIыхьэн щымыIэу лъэрызехьэт, шыщхьэмыгъазэт, Iэщэр кърихамэ, къикIуэт зымыщIэ лIы бланэт. Езыр ЩэрэлIокъуэхэ ящыщт, Шапсыгъым и куэщIым къихъукIами, зэрыадыгэу я бынщ ар. АдыгэлIым Iэджэ хъыбар гъэщIэгъуэни пылъщ. И Iэщэм бийр игъэгулэзу зэрыщытам хуэдэу, и губзыгъагъми цIыхухэр зэхигъэплъэжу щытащ, мис апхуэдэ зы хъыбар цIыкIу бжесIэжынущи, си щIалэ, цIыхухэм зэхегъэхыж, гъэсэпэтхыдэу къахуэгъанэ.

Еуэри, жылэ хасэм хэт тхьэмадэ жьакIэхухэр Дыгъужьокъуэ Къазбэч зэхуишэсащ. Апхуэдэ хабзэ зимыIэ лIым щIызэхуишэсыр ягъэщIагъуэу, ар зыхуахьынури къахуэмыщIэу тхьэмадэхэр жыхуаIа пIалъэм къызэрыугъуеящ. Къазбэчу плъагъум ефэндыр къыбгъэдэст. Зэхуэсыр щекIуэкI хьэщIэщым и бжэм деж щыт щIалэ бжьыфIэм Къазбэч щхьэ щыхуищIым, ар щIэкIри, зы урыс лIышхуэ, и пащIэр щIэгъэджэрэзэжауэ, къыщIишащ, абы жиIэр ди бзэкIэ зэридзэкIын хуэдэу зы тэрмэш щIыгъуу. КъыщIашэри ягъэтIысащ.

– Уи бысымым и тхьэусыхафэр къегъэIуатэ, – жиIащ Къазбэч, тэрмэшым зыхуигъазэри.

Урыс лIышхуэми телъ уIэгъэр къигъэлъагъуэурэ Дзагуэ и къуэр къызэреуам и гугъу ищIащ. Абдежым Дзагуэ и къуэр хьэщIэщым кърашэну щIалэм унафэ яхуищIащ.

– Лажьэ зимыIэ лIым ущIеуар сыт? КъэIуатэ! – жиIащ губжьауэ Къазбэч.

– Ди псынащхьэм псы къыхэсхыну сыщыкIуэм, зигъэхъеякъым, IукIуэту къыхызигъэхыныр къызогъанэри, кIуэтакъым. Езыр ефэу щысащ, псыр къыхихыу и Iуэхур зэфIигъэкIыхункIэ сызыпигъэплъащ, – жиIащ Дзагуэ и къуэм.

Щысхэм я нэхъыбэм Дзагуэ и къуэм ищIар яфIэзахуэу я щхьэр ящIу хуежьащ, ар макъкIэ къызэпхызыгъэIукIаи къахэкIащ:

– Дзагуэхэр лIакъуиблу адыгэ щIыгум щопсэу, къыщыхъуа хэкум исыжщ, псынащхьэр зытет щIыри абыхэм яйщ. Урысыр къакIуэу къытхыхьами, ди бийщ, уи нэм илъагъу псоми уеIэн хуейуэ щыткъым, IукIуэту псыр къыхригъэхын хуеящ.

Дыгъужьокъуэм псалъэм и кIапэр къэзыщтар зэпиуд хабзэтэкъыми, жиIэну зыхуейр и кIэм нигъэсу щым хъужыху игъэпсэлъащ. И напIэр едзыхауэ, къэпсалъэм дежкIэ и щхьэр мащIэу шияуэ, къызэрыфIэIуэхур къригъащIэу, ауэ зэрыгупсысэри имыущэхуу едэIуащ. ХьэщIэщым щIэсхэм зы макъ къахэмыIукIыу зы тэлайкIэ щэху зэрыгъэхъуащ. Псори Къазбэч дежкIэ къаплъэрт, жиIэнур сыту пIэрэ, жыхуаIэу зэщIэдэIукIырт.

Къазбэч и щхьэр къиIэтри, Дзагуэм и къуэм еплъурэ еупщIащ:

– Уэ пщIар езым уфIэзахуэ?

Дзагуэ и къуэм Iуэхур езыр зыщыгугъым зэрыщымыIэр щIыфэкIэ зыхищIэу къэгумэщIащ, ерагъыу, зэхэпх къудейуи жиIащ:

– СщIэркъым.

– Дзагуэм и къуэм и ныбжь емылъытауэ, ищIам хэлъыр нэсу зэхимыщIыкIынкIи хъунущ, къапщтэмэ, абы емыкIу пылъу имыщIэнри гъэщIэгъуэнкъым. ГъэщIэгъуэныр нэгъуэщI зы Iуэхущ – мыбдеж щыс тхьэмадэшхуэхэм а мыхъуныр къызэрамылъэгъуаращ. Япэу жысIэну сызыхуейр аращи, Тхьэр закъуэщи лъэщщ, абы и жьауэм дыщIэкIыу дыздэкIуэн щыIэкъым, жытIэм захуэм ифI дыхуигъэзэж, къуаншагъэ хэлъмэ, гущIэгъу къытхуищI! Псэ зыIуэту Тхьэм дунейм къытригъэхьэ псори зэхуэдэщ. ТеплъэкIэ зэмыщхьми, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр яритащ, абыкIэ зэщхьщ. Абы уфIэкIыжмэ, етIуанэрауэ, мыр уэ ууейщ, жиIэу мы щIылъэм тет хъугъуэфIыгъуэхэр зыми унейуэ яритакъым. Апхуэдэ дыдэу гъащIэри хьэхуу къритауэ аращи, ари Iихыжынущ.

Дзагуэм и къуэм и лъэныкъуэр къэзыщта нэхъыжьхэр укIытэри, я щхьэр ирагъэзыхащ.

– Мы фи пащхьэ ит зауэлIыр къыщытхыхьэжам насып къеуэлIауэ къэфлъытэрэ? Пащтыхьым игъатхъэхэм ящыщкъым и дзэм хэт зауэлIхэр. Iэщым хуэдэущ къызэрилъытэр, зыуи къридзэркъым, унагъуи ямыIэу, жьэгу щIыгъуи имыхуэу мэпсэу, зигу фIей илъхэр абы зэрылъэIэсынум щIэбэнурэ я нэхъ илъэс тхъэгъуэхэр мы тхьэмыщкIэхэм фIагъэкIуэд. Я цIыхугъэм хуэмыфащэу ягъэикIэ, щеуэ куэдрэ къохъу, зэпымычу йощхьэкIуэ, ягъэцIыкIу, ягъэпуд.

Дзагуэм и къуэм дежкIэ зигъазэри, Къазбэч и макъым зригъэIэтащ, псоми зэхахын хуэдэуи адэкIэ къыпищащ:

– УIэгъэ пщIар, щIалэ, уэр нэхърэ фIыуэ нэхъыжьщ. ФIы сощIэ жыпIэу пщIам нэхърэ, Iейуэ пщIар куэдкIэ нэхъыбэщ. Мы лIыр псэуакIуэкъэ? Зи унащхьэ темылъым яхутрилъхьэркъэ? Iэщхэр игъэзащIэркъэ? И Iэпэм дыщэ къыпощ, жыхуаIэм хуэдэкъэ? Нобэ цIыхум и нэхъыжьыгъэм уемыплъу, уи Iэр тепшэщIамэ, пщэдей уи адэ уи Iэр къызэрыхуэпIэтынур абыкIэ нэрылъагъукъэ? Уи щхьэм и пщIэр ущIалэ щIыкIэ къыболэжьыж. Нобэ мы Iуэхур ауэ сытми пщIэкIмэ, пщэдей пщIэ зыхуумыщIыжу гугъу уехьынущ, ар къэмыгъэхъуным и унафэр дэращ зыIэщIэлъыр.

Абдеж щысхэм Къазбэч и псалъэр дащтащ.

– АтIэ, жысIэр къыздэфIыгъыр пэжмэ, Дзагуэ и къуэр фэлъыр ихыгъуэкIэ згъэпшынэнущ. И щIыбым къамыш уэгъуэ тIощIкIэ езгъэуэнущ, ар зылъагъум апхуэдэ хабзэншагъэ зепхьэ зэрымыхъунур ялъагъун хуэдэу. ЦIыхур и цIыхугъэкIэ дывгъэлъытэ, и лъэпкъыщхьэкIэ щывмылъытэм деж. Ар ди щхьэрэ ди хабзэрэ зыгъэлъэпIэн щысэщ.

Дзагуэм и къуэм и Iэблэр яубыдри, хьэщIэщым ирашащ, Дыгъужьокъуэм зэрыжиIам хуэдэуи, и щIыбым къамыш уэгъуэ тIощIыр ирахащ.

Мис апхуэдэ Iущыгъэ хэлът Дыгъужьокъуэм, цIыхур зыхэхуа щытыкIэ гугъум зэкIэщIимыгъэлэжьыкIын папщIэ, хуей щыхъум, щысхьрабгъурэ пхъашагъэрэ къызыхигъахуэу, игъуэу къыщилъытэм, гумащIагъэрэ щабагъкIэ цIыхум къахэщу. ЩыIащ адыгэлIхэр, ахэр ди хъыбарыжьхэм къыхэнэжами…

 

Зытхыжар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: