ГушыIэкIэ дахэ иIэт

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым и артист па­жэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Къэрэшей-Шэрджэс Респуб­ликэм щIыхь зиIэ и артист Къэжэр Борис ­псэужамэ, дыгъэгъазэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут. 
Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театр еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Къэжэр Борис 1975 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. Ар япэу утыкум къыщихьам ­на­Iуэ хъуат зэфIэкI ин зэрыбгъэдэлъыр. Теат­рым зэрыщылэжьа пIалъэм Iэзагъэу хэлъыр къигъэлъагъуэу ар спектакль 85-м щIи­гъум щыджэгуащ. Абыхэм ящыщщ Заки­ровым и ролыр (Абдуллин А. «ЕпщыкIущанэ тхьэмадэ»), Ной (Ричард Н. «Уэшх зыщэ»), Пас­куалинэ (Эдуардо де Филиппо «Купьелло ­гуащэм и унэм къыщрагъэхьа илъэсыщIэр»), Нинел (Николаи А. «Гулъытэншэ хъуахэр»), ­Мэжид (Ольмезов М. «Унэ лъапIэ»), нэ­гъуэщI­хэри. Актёр Iэзэу зэрыщытыр Къэжэр Борис къыщигъэлъэгъуащ «Шууей», «Къурш­хэр ­жеиркъым», «Сабий пщIыхьхэр», «ЗэIущIэ» кинофильмхэм. 
А псом къыдэкIуэу, Борис цIыху гуапэт, и лэжьэгъухэм сыт и лъэныкъуэкIи гулъытэш­хуэ яхуищIырт. Ар щIэныгъэ зиIэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ цIыху гъэсат икIи и лэжьэгъу гупым нэхъыжьыфIу яхэтащ. Ар ущиякIуэ, чэнджэщэгъу, гъуэгугъэлъагъуэ куэдым яхуэхъуащ. Артистыр зыцIыхуу щытахэм ягу къыщагъэкIыжкIэ, япэщIыкIэ и гушы­IэкIэ дахэрщ зи гугъу ящIыр. А гукъэкIыжхэм ящыщ зыбжанэ ди гуапэу фи пащхьэ идолъ­хьэ. 

 

Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: