Анэдэлъхубзэм и хъумакIуэхэр

ЕгъэджакIуэмрэ  унэтIакIуэмрэ  я  илъэс

Илъэси 10-м щIи­гъуауэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ субъектым щокIуэкI Анэ­­дэлъхубзэр езы­гъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэ­лъагъуэ «Ды­зэщхь­къым, ауэ дызэхуэдэщ» ХII щIыналъэпсо зэпеуэ. Абы хэтщ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм, Адыгэ Респуб­ликэм щыпсэу лъэпкъ­хэм я анэ­дэлъхубзэхэр езы­гъэджхэр. Мы гъэм а зэпеуэр къыщызэрагъэ­пэ­щащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм. Iуэху дахэм и жэрдэмщIакIуэхэщ Кавказ Ищхъэ­рэм хыхьэ республикэхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэр, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ щIыпIэ ­институтхэр, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэхэр. 

Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр къапщытащ кIэлъыплъакIуэ гупым. Абы хэтащ щIыналъэхэм я министерствэхэм я лIыкIуэхэр, абыхэм щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм я IэщIагъэлI пашэхэм ящыщхэр. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу къэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и пашэ Мыз Залинэ. 
Анэдэлъхубзэр езыгъэдж IэщIагъэлI 20-м щIигъу зэхьэзэхуащ махуитIкIэ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу абы хэтащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ Нарткъалэ дэт сабий гъэсапIэ №5-м щезыгъэдж Гулажын Маринэ, балкъэрыбзэмрэ литературэмрэ Цагъуэ Нурий и цIэр зэрихьэу Налшык дэт курыт школ №31-м щезыгъэдж Бичекуевэ Кулинэ сымэ. Абыхэм зэхьэзэхуэм и утыкум екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ: дерс зэIухахэр ятащ, лэжьыгъэм творческэу зэрыбгъэдыхьэр, литературэмрэ гъуазджэмкIэ яIэ зэфIэкIхэр наIуэ къащIащ. 
Зэпеуэм къигъэув къалэнхэм япкъ иткIэ, ди егъэджакIуэхэр хэтащ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Зыщыщ щIыпIэмрэ зы­щы­лажьэ IуэхущIапIэмрэ ятеухуахэр къыщаIуатэ «ДызэрывгъэцIыху» Iыхьэм егъэджакIуэхэр щытепсэлъыхьащ зыпэрыт IэнатIэм зэрехъулIэм, ирагъэкIуэкI егъэджэныгъэ, жылагъуэ Iуэхухэм, лэжьыгъэм нэхъыбэу щыдэзыхьэх унэтIыныгъэхэм, къинэмыщIауэ, щалъ­хуа щIыналъэхэм дахагърэ лъапIэныгъэу бгъэдэлъхэм. «Дерс зэIухахэм» зэпеуэм хэтахэм наIуэ къащIащ ябгъэдэлъ педагогикэ Iэзагъым и лъэныкъуэхэр, я лэжьыгъэм лъабжьэ хуащI методикэ пэрытхэмрэ технологие пашэхэмрэ нэхъ трагъащIэу. «Методикэ мастерской» унэтIыныгъэм егъэджакIуэхэм утыку ирахьащ дерс­хэм нэхъыбэу къыщагъэсэбэп лэжьэкIэ мардэхэр, гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ ябгъэдэлъ Iэзагъымрэ IэкIуэлъакIуагъымрэ щыхьэт техъуэ Iэмалхэри щIыгъужу. 
Ди гуапэ зэрыхъущи, зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым къалъытащ Гулажын Маринэ и Iуэху зехьэкIэр адрей и хьэрхуэрэгъухэм ящыщ куэдым яйм ефIэкIыу. УнэтIыныгъэхэм Маринэ хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. А псори зэхалъхьэжри, Гулажын Маринэ къы­хуагъэфэщащ щIыналъэпсо зэпеуэм ещанэ нагъыщэ зиIэ и щIыхь тхылъыр, саугъэт лъапIи щIыгъуу. 
КъинэмыщIауэ, къэпщытакIуэхэм щхьэхуэу къыхагъэщащ Бичекуевэ Кулинэ бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэри. «Анэдэлъхубзэр сакъыу зыхъумэ» унэтIыныгъэмкIэ Кулинэ нэхъыфIу къалъытащ. 
Мыгъэрей зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа Гулажын Маринэ дохъуэхъу егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэригъэхьэу, лъагапIэщIэхэр и плъапIэу куэдрэ узыншэу лэжьэну. 
- КупщIафIэу, гукъинэжу екIуэкIащ зэпеуэр. Абы хэта дэтхэнэ егъэ­­джакIуэми лъэкI къигъэнакъым, Iэзагърэ зэфIэкIыу бгъэ­дэлъыр ­къигъэлъэгъуэн папщIэ, - жеIэ Мыз Залинэ. - Кавказ Ищхъэрэм анэдэлъхубзэр щезыгъэджхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэщхьщ: лъэпкъыбзэр хъумэн, ар зыIурылъ, абы пщIэ хуэзыщI щIэблэ къэгъэхъун. Фестиваль жыпхъэм хуэкIуа мы зэпеуэр егъэ­джа­кIуэхэм я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ, гупсысэхэмкIэ щызэдэгуа­шэ уты­ку­шхуэм хуэдэт. ­МахуитIкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэр хъуащ зэгу­ры­Iуэныгъэм, гуапагъэм, ехъулIэныгъэм хуэгъэпса лъэпкъыбэ зэхыхьэ.
Ди республикэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа егъэджакIуэ IэкIуэлъа­кIуэхэм дохъуэхъу ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэу, узыншэу куэдрэ лэжьэну. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: