ЕгъэджакIуэм и пщIэм теухуауэ

«ЕгъэджакIуэм и пщIэр къэIэтыжын хуейщ» - ар и купщIэщ Узбекистаным и президентым и администрацэм и лэжьакIуэ, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэм кIэлъыплъ Мирзиёевэ Саидэ утыку къызэрихьа псалъэм.
«Нобэрей егъэджакIуэр къулыкъущIэхэм ирагъэкIуэкI дауэдапщэхэм пщылIу хэт Iэпыдзлъэпыдзу аращ. Ахъшэ зэтын хуэмей унэIут ящIауэ, абы унэ-унэкIэ къекIухь, бжы жыхуаIэр ибжу, лъасэу, Iэнэ зэрихьэу, школым къекIуалIэ комиссэ къомыр игъэхьэщIэу, зэхуэс зэшыгъуэхэм тIысыпIэ нэщIхэр щрыригъэкъурэ щхьэхуимыту газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ тридзэу», - щыжиIащ Саидэ Узбекистаным щрагъэкIуэкIа Япэ щIэныгъэ олимпиадэм щытекIуахэм я саугъэтхэр щратыжым. - А щытыкIэм зедмыгъэхъуэжу хъунукъым. Ди президентми зэрыжиIащи (Мирзиёев Шавкат – Саидэ и адэщ - Ч. М.), егъэджэныгъэм и Iуэхур зыхуей хуэдгъазэмэ, лъэпощхьэпо псори IукIуэтынущ. Аращи, хэкIыпIэу диIэр егъэджакIуэрщ, аргуэрми - егъэджакIуэрщ!» ХабзэщIэм и проектым елэжьын щIадзакIэщ. Абы ипкъ иткIэ, егъэджакIуэм имыкъалэн езыгъащIэм тезыр щытралъхьэныр хабзэкIэ зыукъуэдий япэ къэрал хъунущ Узбекистаныр.
«Ди жагъуэ зэрыхъущи, - жиIащ Мирзиёевэм, - илъэс куэдкIэ ди сабийхэр тхуезыгъаджэ егъэджакIуэхэр зыми хуимыту, къаыщхьэщыжын ямыIэу, я улахуэри мащIэ дыдэу щытащ. Иджы а щытыкIэм дыкъимыкIыу хъунукъым».
Узбекистаным щежьа Iуэхум Урысейми джэрпэджэж щигъуэтащ. Совет зэманхэм къащIэна хьэлыжьщ, Къэрал Думэм хэтхэм зэрыжаIэмкIэ, егъэджакIуэм и пщэ къыдэмыхуэ къалэнхэр нобэми зэрихьыр. Мы гукъеуэр зиIэр Узбекистаным и закъуэкъым. Хэхыныгъэ пIалъэхэм я зэхуакум къыдэнэ далэрщ егъэджакIуэм сабийхэр ирагъэджэну зэман къыщыхуагъанэр. Я гугъу умыщI махуэ щIагъуэ дэмыкIыу зэхуахус зэIущIэшхуэхэм. Абыхэм я нэхъыбэр къызэзыгъэпэщыр егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я нэIэ щIэт сабийхэмрэщ, жаIащ депутатхэм.
ЕгъэджакIуэхэм я пщIэр къэIэтыжын зэрыхуейм шэч закъуи хэлъкъым. Ауэ зи Iэуэлъауэр иджыри мыужьыхыжа илъэсыщIэ дауэдапщэхэр щапхъэу къэтхьынщи, IэщIагъэм и пщIэр езыгъэхуэх егъэджакIуэхэри гъэсакIуэхэри зэрымымащIэм и щыхьэту къыпхуэувыну адэ-анэхэм я тхьэусыхафэхэр тхузэтехыжыну пIэрэ?
«ФIыщIэ фхудощI пщIэ къызэрытхуэвмыщIам щхьэкIэ», - жиIэри, захуигъэзащ япэ классым щIэс и еджакIуэхэм я адэ-анэхэм Налшык щылажьэ егъэджакIуэхэм я зым. «Сыт уигу иримыхьар?» - жаIэу щыхагъэзыхьым, удз гъэгъамрэ тортымрэ ахъшэ зыдэлъ «письмоулъэ» имыгъусауэ къыщIэкIащ. «ЦIыкIухэ, пщэдей егъэджакIуэхэм я махуэщ» псалъэухамкIэ къыщIидзэу, ди къуажэхэми къалэхэми IуэрыIуатэшхуэ щызокIуэ, тхыжын фIэкIа хуэмейуэ. «Хэт фи гугъэ мы Iэлуминыр зэрызылъхьэнур?» - жиIэри, школыр къэзыух сабийхэм кърата Iэлъыныр къахуидзыжащ, жи, дыщэхэкIхэм фIыуэ хэзыщIыкI «егъэджакIуэ» гуэрым. «И улахуэр мащIэщи аращ абы Iулъхьэ къыщIыхихыр», - жезыгъэIахэм щрагъаджэр щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэрщ.
ЕгъэджакIуэм улахуэфIи, пщIэи, тыгъэ цIыкIуи, ини хуэмыфащэу зыми жиIэркъым. Ауэ сабийхэм я нэ къабзэхэр къыптеубыдамэ, абыхэм я гур дунейм щызыгъэкI япэ щхьэусыгъуэ умыхъуным ухуэсакъын хуейщ. Пщэдджыжь къэс ди пхъэнкIийр Iузышхэми я улахуэр инкъым, ауэ «пщIэ къытхуэфIщ» жаIэу къызэхэувэркъым. ЕгъэджакIуэ цIэр пагэу зезыхьэну хуейм псом япэ езым и щхьэм пщIэ хуищIыжыпхъэщ.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: