Лъэпкъ щэнхабзэр зи псэм хэлъ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, пшынауэ, уэрэдус, макъамэтх Iэзэ Лосэн Тимур и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 50 ирикъуащ. Ар ящыщщ макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэм. Нэхъыщхьэращи, щIалэгъуалэр тезыгъэгушхуэ, абыхэм гъуэгу езыт нэхъыжьыфIщ.
Лосэн Тимур къызэригъэпэща «Бзэрабзэ» гупым утыкур ягъэбжьыфIэ, республикэм и махуэшхуэхэр, хьэгъуэлIыгъуэ джэгухэр, щэнхабзэ зэхыхьэ гуапэхэр ягъэдахэ. И гупым и гъусэу иужьрей илъэсхэм пшыхь щIэщыгъуэхэр зэхеублэ, и лэжьыгъэхэр зигу дыхьэхэр, пшыналъэхэмрэ макъамэхэмрэ фIыуэ зылъагъухэр куэду къришалIэу. Пшынауэ, бэрэбэнауэ, Iэпэпшынауэ, бжьамияпщэ, уэрэджыIакIуэ жыпIэми къызэщIэзыубыдэ гупым и пшыхьхэм лъэпкъ пшынэбзэр зи псэм хэлъхэм я гукъыдэжым куэду хигъэхъуэнкъэ?! Иджыблагъэ екIуэкIа апхуэдэ пшыхь гукъинэжыр куэдым щIэщыгъуэ ящыхъуащ. Нэхъапэхэми хуэдэу, мыбы цIыхушхуэм зыкърагъэхьэлIащ, лъэпкъ пшыналъэм, пшынэбзэм зэрыхуэзэшар IупщIу. Лосэн Тимур нэхъапэIуэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIа, цIыхубэм ягу дыхьа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ къадэкIуэу, пшыхьым щагъэзэщIащ уэрэдыщIэу I0.
Адыгэм и тхыдэр къызыхэщ лъэпкъ макъамэкIэ гъэнщIауэ Лосэным къызэригъэпэщ пшыхь гукъинэжхэм я утыкур ягъэбжьыфIэ республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэми утыку ихьагъащIэхэми. Апхуэдэхэщ Лий Аслъэн, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьырокъуэ СулътIан, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, ДыщэкI Артур, ПащIэ Алим, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, Гуазэ Тимур, ЗекIуэрей Азэмэт, Дэгу Каринэ, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, Хьэкъунхэ Ислъамрэ Оксанэрэ, Мэршэн МуIэед, Къуэдзокъуэ Ислъам, Чылар Нэсрэн, Дау Iэминэ, Щокъуий Мурат, «Налшык», «Бзэрабзэ» гупхэм хэт щIалэгъуалэр. Абыхэм гум дыхьэу, псэкIэ зэрызыхащIэр IупщIу ягъэзащIэ Лосэн Тимур итха, макъамэ зыщIилъхьэжа е къигъэщIэрэщIэжа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ.
ЗэрытщIэщи, макъамэмрэ пшыналъэмрэ лъэпкъ гупсысэр, гъащIэр къызэщIаубыдэ. Пасэрей пшынэбзэ дахэр зи лъабжьэ макъамэм дыщыщIигъэдэIукIэ, Лосэным хузэфIокI блэкIа зэманым дыхишэн. Ар фIыгъуэ мылъытэщ. ЖыпIэнуракъэ, псалъэхэр хэщыпыхьу къыхихами ярейуэ, Тимур и уэрэдхэр щIэщыгъуэ пщохъу, макъамэхэр псэм хожабзэ. Абы и щхьэусыгъуэр пасэрей пшыналъэхэр лъабжьэ зэрахуищIрауэ къыщIэкIынущ. Ди фIэщ мэхъу а уэрэдхэр гъащIэ кIыхь зэрыхъунур, яIэщIэмыужагъуэу куэдрэ зэрызэIэпахынур.
Пшыналъэ, уэрэд альбомхэр къыдигъэкIащ Лосэным. Пшыналъэ альбомым «пшынауэ джэгу» фIищыжащ икIи абы хэхуар «джэгу зэхэшэ» жиIэу архивым къыхахыжахэм ящыщу къигъэщIэрэщIэжахэрщ. Адыгэ пшынэм лIэщIыгъуэ куэд къызэринэкIащ икIи лIэужьыгъуэ куэдым иуващ.
- Илъэсищэ ипэ пшынэр тIэкIу нэгъуэщIу щытауэ къыщIэкIынщ, нобэр къыздэсым абы зихъуэжурэ къокIуэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ цIыхум дежкIэ адыгэ пшынэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Пшынэм ущытепсэлъыхькIэ, ди лъэпкъыр куэдым къахэзыгъэщ джэгу щэнхабзэр уи нэгу къыщIегъэувэ. Абы къещIэкIащ хъуэхъужьри, къафэри, щIалэгъуалэ гушыIэри, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди. Пшыналъэ альбомым къафэ I2 къызэщIедгъэубыдащ, адыгэ лъэпкъ I2-м я нэщэнэу, - жеIэ Тимур. - Нэхъыщхьэращи, а лэжьыгъэхэм Iэпэпшынэри, шыкIэпшынэри, пхъэцIычри, пхъэтIаркъри, фэтIарпIри, скрипкэри, кларнетри, гобойри, виолончелри хэдухуэнащ. Макъамэ Iэмэпсымэ зыбжанэ хэзагъэу икIи а псоми пшынэм гъуэгу иратрэ зэщIагъэдэIуэжут сызэрыхуейри, ар къызэхъулIащ. «Джэгу зэхэшэм» «Къайсэр къафэ кIыхьыр» къыкIэлъыкIуащ. Адыгэм къыддекIуэкI а къафэжьым сэр нэмыщI куэд еуащ. Абы и лъабжьэр IуэрыIуатэуи классикэуи щымыту, атIэ а тIум я зэхуаку иту утыку къисхьэну сыщIэхъуэпсырт. Ар къыщызэхъулIэм, хуумыгъэфэщэну щIэупщIэшхуэ иIэ зэрыхъуар гуапэ икIи гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Интернетым абы щеплъам я бжыгъэр псори зэхэплъхьэжмэ мин 700-м нызэрохьэс.
Тимур и макъамэ Iэмэпсымэхэм зэманым ижь къащIихуурэ зэрызаужьар, зэрызахъуэжар IупщIщ. Зэрысабийрэ пшынэм дихьэха Лосэныр кIэщIу къытхутеувыIащ зи хъыбар зиIэж пшынэхэм къадекIуэкI хъыбар гъэщIэгъуэнхэм. Абыхэм ящыщт и анэшхуэм къыщIэнауэ нобэр къыздэсым хуэсакъыу ихъумэр, Батуми щащIа, Истамбыл Адыгэ Хасэм тыгъэ къахуищIа, кIахэ лъэныкъуэмкIэ илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ къикIа пасэрей пшынэхэр. Зи инагъкIи теплъэкIи зэмыщхь а пшынэхэм я зэфIэкIыр чэзууэ ягъэунэху. Тыркум, Иорданием, Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ирагъэблагъэри, Тимур и гупыр щIыгъуу ягъэхьэщIащ. Ди фIэщ мэхъу Лосэн Тимур хуэдэ пшынауэ Iэзэхэр диIэху адыгэр пшынэбзэ дызэрыщымыщIэнур. Пасэрей пшынэбзэ дахэр зи лъабжьэ макъамэр щIэщыгъуэ тщищIу нобэ лъэпкъ щэнхабзэр зи Iэпэгъуу утыку ит Лосэным хузэфIокI пасэрей зэманым, тхыдэм дыхишэн. Лъэпкъ щэнхабзэм, цIыхубэм гукIи псэкIи хуэлажьэ щIалэ зэчиифIэхэр дызэриIэр фIыгъуэ мылъытэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: