ПщафIэ цIыкIу

Илъэс 14 зи ныбжь Куэцэ Инал пщэфIэным дихьэх къудейкъым, абы балигъ куэдым яхуэмыщI шейдефэхэр IэфI дыдэу ещI. Инал и къуэш нэхъыщIэ Идар теухуа тхыгъэ зыбжанэрэ ди газетым тетащ, абы «Детская Новая Вол­на-2022» зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къызэрыщихьам теухуауэ.

Инал и ныбжьыр илъэс  11-м иту пщэфIэн щIидзащ. И анэр къыщалъхуа махуэм игъэгуфIэну япэу пщэфIати, IэфI дыдэу къехъулIат. А лъэбакъуэ дахэмкIэ тегушхуа щIалэщIэ цIыкIум шейдефэу «Шу» франджы IэфIыкIэ ищIыну ехъуапсэри…
«ГъэщIэгъуэнракъэ, къызэхъулIат!», - жеIэ щIалэ цIыкIум.
Абы щегъэжьауэ Инал пщэфIэным и щэхухэм хуеджэн, и Iэзагъэм хигъэхъуэн щIидзащ. Урысеймрэ Европэмрэ я кондитер куэдым я деж зыщигъэсащ абы, Кислицын Александр, Никондровэ Верэ, Овандэ Ханс сымэ жыпIэми. Илъэс 14-м ит Инал кондитер нэскIэ уеджэ хъуну Iэзэ хъуащ.
Езым зэрыжиIэмкIэ, цIыхум зыгуэр зригъэ­хъулIэн папщIэ, а зыщIэхъуэпсым ерыщу хуэкIуэн хуейщ. Ар пэжщ, ауэ щIалэ цIыкIум и мурадхэр къехъулIэнтэкъым, и унагъуэр мы­хъуамэ. ЗэкъуэшитIым щIэгъэкъуэныфI яхуохъу къэзылъхуахэр:
- Дэтхэнэ адэ-анэми хуэдэу, дэри дыхуейщ ди быныр гъуэгу дахэ тедгъэувэну, щхьэж и IэщIагъэ щымыуэу къыхихыну, - жеIэ абыхэм я анэ ­Батыр Мадинэ. - Сабийхэм яIэ зэфIэкIым елъытауэ, защIыдогъакъуэ, дочэнджэщ. А IэщIагъэм ар иримы­лэжьэнкIи хъунщ, ауэ, зэкIэ абы щитхьэкъуакIэ, и Iуэхур думыIыгъыу хъунукъым.
КъищынэмыщIауэ, зэ­къуэ­­шитIыр спортым дехьэх. Инал шууей Iэзэщ. Уеблэмэ куэд мыщIэу екIуэкIыну шыгъажэм хэтыну и мурадщ. Ауэ абы зэкIэ IэщIагъэ псоми япэ иригъэщыр пщэ­фIэнырщ.
Куэцэ Инал IэфIыкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэ куэд ищIу зригъэсащ.
- IэфIыкIэхэр сщIыну ­сф­IэфI дыдэщ, ауэ зыхэслъхьэ щымыIэу фIыуэ солъагъу франджыхэм я макарон пирожнэр. ИкIи срогушхуэ зи щIыкIэкIэ нэхъ гугъуу къалъытэ а IэфIыкIэр нэгъэсауэ зэ­рысхуэщIым. Къыхэзгъэщыну сыхуейт сэ сщIы шейдефэхэм псоми сысейуэ зыгуэр зэрыхэслъхьэр. Апхуэдэ IэфIыкIэ зэрыщыIэрэ куэд щIами, сэ абы дыщIызогъуж зыми емыщхь ар зыщIын.
Иджыблагъэ Инал Сочэ къалэ ирагъэблагъэри, пщафIэхэм я урысейпсо зэхыхьэм хагъэтащ. Къыхэгъэщыпхъэщ сабийуэ а зэIущIэм хэтар зэризакъуэр. Абы цIыху цIэрыIуэхэр, пщафIэ Iэзэхэр щызэригъэцIыхуащ.
- КъаруущIэ сиIэу Сочэ сыкъикIыжащ. Абы хэтахэм ящIэхэм сеплъащи, щIэ куэдым си акъылыр хуэкIуащ, ахэр къэзгъэсэбэпыну сопIащIэ. КъищынэмыщIауэ, сэ сохъуапсэ, балигъ сы­хъумэ, ресторан ин къызэIусхыу ар дуней псом цIэрыIуэ щысщIыну.

ИНЭРОКЪУЭ Данэ.
Поделиться: