Гуащэ хъун хуейуэ дунейм къытехьат…

1560 гъэм пащтыхь гуащэ Анастасие, Грозный Иван и щхьэгъусэр, дунейм йохыж. Мыгувэу, тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIауэ, пащтыхьым мурад ищIащ етIуанэу къишэжыну. Лъыхъухэр зэбграгъэкIащ: Польшэм, Швецием, КъухьэпIэ Кавказым.
А зэманым Хэкум щаIуатэрт Къэбэрдеипщым ипхъу нэхъыщIэ цIыкIум и дахагъэмрэ Iущагъымрэ теухуа хъыбархэр.

Иван IV Кавказым къигъэкIуа и лIыкIуэхэр Вокшерин Федоррэ Мякинин Семенрэт. Абыхэм япежьащ пщы Темрыкъуэрэ и къуищымрэ: Мамсрыкъуэ, Думэныкъуэ, Бэлгъэрыкъуэ. Апхуэдэуи ящIыгъут ипхъу нэхъыжь Алътыншаш и къуэ Сэин-Болэт. 
ХьэщIэхэм ягъэщIагъуэрт джэгум щызэхэт хъыджэбзхэр зым нэхърэ адрейр зэрынэхъ дахэр. Ауэ, хьэтиякIуэм Темрыкъуэ ипхъу нэхъыщIэмрэ убыхыпщ Дэгумыкъуэ Къаплъэнрэ утыкум къэфэну къыщришэм, Вокшериныр Мякининым зыхуигъазэри, щэхуу жриIащ: «Мис ди пащтыхьым къэшэн хуэхъунур. ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым и дахагъэр. ЕпIэщIэкIын хуейщ, апхуэдэ хъыджэбз тхьэIухуд куэдрэ дагъэсыркъым.
ХьэщIэхэм я мурадыр а пщыхьэщхьэ дыдэм бысымым хуаIуэтащ. Пщы Темрыкъуэ махуэ зыбжанэкIэ гупсысэн хуейт. Абы Идархэ я нэхъыжьхэр зэхуишэсыну и мурадт, жаIэм едэIуэну.
Гуащэнэ щашэкIэ шууей минрэ щитхурэ гъуэгум дэкIуэтэну жаIащ, и дэлъху нэхъыжьхэр зи пашэ къэбэрдей, астрэхъэн, нэгъуей, къэзакъ зауэлIхэр хэту.
Пащтыхьым япэу зэрыIущIар
1561 гъэм и бадзэуэгъуэ махуэ дыгъэпсым, Гуащэнэ Москва къызэрыкIуэрэ махуитI дэкIауэ, пащтыхь Иван и цIыхухэр и гъусэу къаргъей щакIуэ дэкIащ. Ар зэпымыууэ егупсысырт и лIыкIуэхэм Кавказым къыхураха хъыбарыфIым - къыхуэгъэсыртэкъым адыгэпщым ипхъу тхьэIухуду жыхуаIам щыхуэзэну пIалъэр. Ауэ абы иджыри махуитI иIэт. 
Пащтыхьым набдзэгубдзаплъэу къызэхиплъыхьащ къыдэщэкIуэну къеблэгъахэр. И нэр техуащ шы дахэ хужьым тес щIалэщIэм. Нэпкъпэпкъ псыгъуэ екIу зиIэ щIалэм уардэу зыщиIыгът шым. Ар зи гъусэу къыщIэкIар къэбэрдеипщ Темрыкъуэ и къуэхэм ящыщ СулътIанщ (Урысейм къулыкъу щищIэну ягъэкIуат, Черкасскэ Михаил цIэр зыфIащарат). 
Пащтыхьым телъыджэ щыхъуащ шагъдий адыгэш цIэрыIуэм тес Черкасскэмрэ шы хужьыпсым пагэу тес щIалэмрэ я теплъэр. Зэми пащтыхьыр фыгъуэ мащIэ хэлъу хуеплъэкIырт бгъащхъуэ хужь зыIыгъ а щIалэщIэм.
ЩэкIуэныр яублащ. Пащтыхьым унафэ ищIри, бэрэбанэмрэ накъырэмрэ зэдагъэжьууащ, Iэуэлъауэшхуэ къаIэтащ хьэхэмрэ шыхэмрэ. Iуэхум хуэмыхьэзыру къыщIэкIа шы хужьыр щтэри, щIалэщIэр ирихьэжьащ. Пащтыхьыр абы занщIэу кIэлъыпхъэращ. Грознэм зэхихащ губгъуэ щхъуантIэм илъэда шым тес щIалэщIэм «Самгъур!» жиIэу уафэм иутIыпща и къуршыбгъэм зэреджэр. Пащтыхьыр къэуIэбжащ, мывэм хуэдэу уафэм асыхьэту зыкъезыдзыхыу щабэу шууейм и щхьэщыгум къыщхьэщыувэжа бзур къыщилъагъум. Зы банэ макъ къыфIамыгъэкIыу шум бгъурыту жэрт щIалэщIэм и хьэ гъэсаитIри. ЩакIуэхьэхэмрэ къуршыбгъэмрэ шыр нэхъ Iейуэ ягъэщтэну пащтыхьым къыщыхъуами, илъагъурт абы хуэм зэрызищIыр. Нэхъ и пэкIэ Черкасскэ Михаил жиIэу Иван зэхихат шэрджэсхэм я щакIуэхьэхэр зэрагъасэ щIыкIэр, ауэ иджы абы а псор и нэкIэ илъагъурт. Мэз лъапэм ахэр къыщыувыIэри, щIалэщIэр шым къепсыхащ. Къыщеувэхым, абы и пыIэр щхьэщылъэтри, дыщафэ-гъуафэ хъужауэ щхьэц ухуэнаитIыр къыщIэхуащ. Хъыджэбз цIыкIуу къыщIэкIа шууейм щабэу Iэ дилъэрт и шым. СулътIан къызэрысу пыIэр къипхъуэтэжри, хъыджэбзым иритыжащ, адрейми ар псынщIэу зыщхьэритIэгъэжащ. 
Пащтыхьыр къэгубжьати, абы пыIэр щхьэриудыжыну Iэбащ, арщхьэкIэ: «УкъызэIусыну ухэмытыт!» - жиIэри, хъыджэбзыр и сэшхуэм епхъуащ. 
- Пащтыхь нысащIэр уэра?! ЗанщIэу укъэсцIыхуакъым. Си нэгу укъызэрыщIэзгъэхьам нэхърэ унэхъ дахэжщ, Темрыкъуэ ипхъу! УтхьэIухудщ, ауэ ущхьэзыфIэфIщ. ПщIэрэ уэ пащтыхьыр къэзыгъапцIэм иращIэр? ЯукI… Пащтыхь щакIуэм хъыджэбз хэтыну хуиткъым.
- Сэ лIэныгъэм сыщышынэркъым. Ари нэхъыфIщ, щхьэхуимыту упсэу нэхърэ…
- Лъыхъур пщIэ зыхуэтщI уи адэм деж ныщIэдгъэкIуар пщIэуэ пIэрэ уэ?
- Дауэ сымыщIэнрэт?! Ди шэрджэс сэшхуэхэм ущIохъуэпс, пащтыхь. Абыхэм къапэхъун дуней псом щыбгъуэтынукъым.
- Хьэуэ, Марие, урыс сэшхуэхэри мынэхъ Iейуэ жанщ. Сэ сызытхьэкъуар уи дахагъэм и закъуэкъым. Си лIыкIуэхэм къызжаIащ уэ икIи узэрыщэныфIэр, гъэсар, губзыгъэр. Урысейр ещанэ Урым хъун хуейуэ собж сэ. ИкIи ар зэзгъэхъулIэнущ. Щхьэгъусэ пэж сыхуейщ, си гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ сыт щыгъуи къыздиIыгъыфу. 
- Сэ сы-Мариекъым, атIэ сы-Гуащэнэщ. Хуэсакъ, пащтыхь, уи гурылъхэр умыцIыхум жыбоIэ. 
Апхуэдиз пагагъэ хэлъу хъыджэбзым жэуап щитым: «Гуащэнэу ущытащ, иджы урыс пащтыхь гуащэ Марие ухъунущ. Уэ, дахэ, Гуащэ ухъун хуейуэ дунейм укъытехьащ. Ар сэращ бжезыIэр, Урысей псом и пащтыхь Грозный Иванщ», - къыжриIэжащ.

 

ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: