Нэхугъэрэ дахагъэрэ зи IэрыкI

КъБР-м и цIыхубэ художник, ТворчествэхэмкIэ дунейпсо академием хэт, «Золотая палитра» дунейпсо выставкэм и лауреат Аккизовэ Сиярэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
Дагъыстэн тхакIуэ цIэрыIуэ Меджидов Кияс ипхъу Сиярэ сурэт щIынымкIэ щIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа япэ дагъыстэн бзылъхугъэщ. И щхьэгъусэ Аккизов Екъубрэ Сиярэрэ Мэхъэчкъалэ художественнэ училищэр къыщауха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрыр псэупIэ яхуэхъуащ, зы лъэщапIэм щылажьэу. Зэщхьэгъусэхэм я IэдакъэщIэкIхэр республикэм и сурэтыщI гъуазджэм и гъэтIылъыгъэфIхэм щыщ хъуащ.
Гъуазджэм хуэпэж икIи абы хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI, зи лэжьыгъэхэр куэдым ягу дыхьэ художник цIэрыIуэ Аккизовэ Сиярэ I975 гъэм УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. Ар республикэпсо, урысейпсо, союзпсо, хамэ къэрал (Польшэм, Болгарием, Германием) выставкэхэм хэтащ. Налшык, Псыхуабэ, Киев, Тбилиси, Мэхъэчкъалэ, Грознэм, Москва щигъэлъэгъуа и лэжьыгъэхэр куэдым ягу къинэжащ. Дунейпсо выставкэм къыщалъытащ нарт IуэрыIуатэм къыхэщ лIыхъужьхэм я сурэтхэу и щхьэгъусэ Екъубрэ Сиярэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Япхъу Имари зэщхьэгъусэхэм я лъагъуэм ирикIуэжауэ, сурэтыщI нэхъыфIхэм ящыщщ.
Сиярэ и сурэтхэр и лэжьэгъухэм апхуэдизкIэ яфIэщIэщыгъуэщи, сыхьэт бжыгъэкIэ уеплъми зыщомыгъэнщIу щIэ гуэр халъагъуэу, нэхурэ дахагъэкIэ гъэнщIауэ жаIэ.

- Художественнэ школым сыщыщIэса зэман лъандэрэ, республикэм и сурэтыщI гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэм дызэрыхагъэгъуазэрэ, илъэс 15-м щIигъуауэ, Сиярэ соцIыху икIи и IэдакъэщIэкIхэр сигу дохьэ, - жеIэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. – И лъэщапIэм зыщысплъыхьыну, жиIэж хъыбархэм седэIуэну сфIэфI дыдэт. Абы щыгъуэ сыдахьэхат Сиярэ и IэдакъэщIэкIхэм. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым шыIэныгъэ зыхэлъ а цIыху зэпIэзэрытым къигъэщI сурэтхэм я дахагъэр, ахэм гупсысэу хилъхьэфыр.
- Аккизовхэ я лэжьапIэ пэшыр хэтт КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэ сэ сыздэщыIэми, Сиярэрэ сэрэ дызэрымыцIыхункIэ Iэмал иIэтэкъым, - жеIэ искусствовед Сындыку Нелли. – Ар цIыху гъэщIэгъуэнщ, ныбжьэгъуфIщ. Екъуб дунейм ехыжа нэужь, и щхьэгъусэм Лъэпкъ музейм фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэ гукъинэж къыщыхузэригъэпэщащ. Сиярэ Екъуб и фэеплъым, ар дэзыхьэхыу щыта гъуазджэм, сурэт щIыным хуэпэжщ, къыщIэна лэжьыгъэхэри хуэсакъыу ехъумэ.
- I972 гъэ лъандэрэ Сиярэ соцIыхури, зэпымыууэ нурыр къызыщхьэщих цIыху гуапэу, зрихьэлIэхэм дэрэжэгъуэ яриту апхуэдэщ. Екъубрэ Сиярэрэ зи хъэтI зиIэж сурэтыщIщ, я лэжьыгъэхэр зыми хэгъуащэркъым, – жеIэ искусствовед Леонтьевэ Нинэ. – СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм 2013 гъэм япэу и лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ. Абы лъандэрэ псы куэд ежэхами, нобэр къыздэсым Сиярэ республикэм и сурэтыщI гъуазджэм зезыгъэужьхэм ящыщщ. Адэ-анэм яхуэфащэщ я лэжьыгъэхэм пызыщэ япхъу Имарэ. Гуапэщ абы иджыри къыпызыщэн къащIэхъуэну.
Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм Ткаченкэ Андрей сурэт щIыным щыхуигъэсахэм ящыщ художник Ахъмэт Лиуан игу къинэжащ Аккизовхэ я лъэщапIэм щилъэгъуа, плъыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэбэкI лэжьыгъэ телъыджэхэр. СурэтыщIым щапхъэу къелъытэ Екъуб къыщIэна, гъуазджэм зезыгъэужь, цIыхубэм дахагъэрэ гуапагъэкIэ ядэгуашэ унагъуэр.
Сиярэ зэманымрэ гъащIэмрэ къагъэув щIэхэм зыдезыгъэкIуфщ. Абы иджырей Iэмэпсымэхэм ирилэжьэфу зригъэсащ, инджылызыбзэр зригъэщIащ. СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм пщIэ зэраIэм и щыхьэтщ КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ 20I8 гъэм Аккизовэ Сиярэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр къызэрыхуагъэфэщар.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: