ЩIышылэм и 25-р студентхэм я махуэщ

Студентхэм дежкIэ щIышылэм и 25-р махуэ хэха яхуэхъуат 1755 гъэм. Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ абы щыгъуэм Iэ щIидзат Москва университетыр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Ауэ абы щыгъуэм ар иджыри студентхэм я махуэшхуэтэкъым, атIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къыщызэIуаха махуэу арат. Абы щегъэжьауэ Татьянэ студентхэм я джэлэсу къалъытэ. 1850 гъэрщ студент псоми а махуэшхуэр ягъэлъапIэу щыхъуар. Зы зэман абы Пролетар студентым и махуэкIэ еджэу къекIуэкIащ, щыIащ махуэшхуэр щаIэщIэгъупщыкIыжа илъэсхэри. 1995 гъэм хуэмурэ ар къагъэщIэрэщIэжу хуежьащ икIи 2005 гъэм дэфтэркIэ щыхьэт техъуэу УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ Урысейм и студентхэм я махуэшхуэм теухуа унафэм.

Хабзэхэр

Татьянэ и махуэкIэ иджыри зэджэ махуэшхуэм ирихьэлIэу цIыхухэм ягъажьэрт дыгъэ теплъэ зиIэ щIакхъуэхэр. Унагъуэм ис псоми Iыхьэ зырыз лъагъэсырт, къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ дыгъэр и хуабагъэкIэ дэтхэнэми дэгуэшэнут. Апхуэдэуи цIыхубзхэм загъэщIэращIэрти, унэ лъэгум щIымахуэ псом илъа алэрыбгъухэр псыхъуэм яхьырт ягъэкъэбзэну. Ахэр куэбжэм ирадзыжырт. Хъыджэбзхэм дежкIэ ар IэмалыфIт я къабзэлъабзагъэр щауэхэм ирагъэлъэгъунымкIэ. Апхуэдэуи а махуэм зым адрейм зэрызыщIигъэкъуэнум и ужь итт, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэр бгъэщIэхъумэ, Iуэху мыщIагъуэ езыр ухэхуэнкIэ хъуну къалъытэрт. 
Апхуэдэуи нэхъ пасэм я фIэщ хъурт Татьянэ и махуэм дунейм къытехьа хъыджэбз цIыкIум унэгуащэ хъарзынэ къызэрыхэкIынур.

 

IутIыж махуэшхуэр
 

Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэр къыщызэрагъэпэщыр Москва университетрат, абы и ужь иту адрей еджапIэхэми махуэшхуэр гъэлъэпIэн щIадзэрт.

Ди зэманми, зэрыхабзэу, балхэмрэ пшыхьхэмрэ ирагъэкIуэкI. ЗэратхымкIэ, 2012 гъэрщ цIыху нэхъыбэ дыдэ щызэхыхьар. ЩIышылэм и 25-м Урысей и студентхэм я махуэр Москва зэрыщагъэлъэпIа Iуэхугъуэхэм щIалэгъуалэ мин 200-м нэблагъэ хэтауэ ятхыж. 
А махуэм и щIыхькIэ университет саугъэтхэр ягъэуващ Ломоносов Михаилрэ Шувалов Иванрэ я цIэкIэ. А махуэр студентхэм дагъэлъапIэ Татьянэ зыфIаща цIыхубз псоми. 
Махуэшхуэр ирохьэлIэ студентхэм щIымахуэм ят экзаменхэм икIи апхуэдэхэм деж щIалэгъуалэм яIэ нэщэнэхэр ягу къагъэкIыж. Абыхэм ящыщщ: нагъыщэ лъагэ щыпхуагъэува экзаменым пщыгъа щыгъыныр пхъуэж мыхъуну къызэралъытэр, ахъшэ жьгъей я лъэдакъэм зэрыщIалъхьэр, лъэбакъуэ ижькIэ экзаменыр щекIуэкI пэшым щIэбэкъуэныр, нэгъуэщIхэри. 

 

НэгъуэщI къэралхэм
 

Англием и студентхэм мыпхуэдэ махуэшхуэр тхьэмахуэкIэ ягъэлъапIэ. Фэилъхьэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр ящыгъыу щIалэгъуалэр уэрамхэм ирокIуэ, спорт зэпеуэхэмрэ нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэмрэ ирагъэкIуэкI. Загъэпсэхун къудейкIэкъым ар щIащIэр, атIэ псапэ зэращIэн ахъшэ а Iуэхугъуэхэм къызэрыхахырщ. 
ГъэщIэгъуэнращи, франджыхэм я студентхэм махуэ хэха яIэкъым - еджапIэ нэхъыщхьэхэм езым траухуэ ар щагъэлъэпIэнур.
Португалием накъыгъэм екIуэкI экзаменхэр иуха нэужь, Порторэ Коимбрерэ я университетхэм IутIыж махуэшхуэр къыщызэрагъэпэщ. Ар жэщым сыхьэт 12-м Португалием и пащтыхьхэм я зым хуагъэува фэеплъым деж къыщыщIадзэри, къалэ зыгъэпсэхупIэхэм музыкантхэм зыкъыщагъэлъагъуэу махуэ псор йокIуэкI. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр къыщыхъур студентхэр университет къэс я фэилъхьэгъуэкIэ хуэпауэ ящыгъыу къалэм и кIыхьагъкIэ щрикIуэрщ.
Болгарием студентхэм я махуэр щагъэлъапIэр дыгъэгъазэм и 8-рщ. А махуэм зэхуэщIащ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ псори.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: