Карл V - м и пащтыхь башыр

Париж дэт «Лувр» музей цIэрыIуэр быдапIэущ къызэрыунэхуауэ щытар. Франджым и пащтыхь Август Филлип II- м и унафэкIэ яухуауэ щытащ Ситэ хытIыгум и бгъэдыхьэпIэхэр зыхъумэн хуей быдапIэр. А щIыпIэр Парижым и курыкупсэт абы щыгъуэ. Музейм и фIэщыгъэр къыхэкIащ а щIыпIэм дыгъужьыр щыкуэду зэрыщытам. «Лувение» жиIэмэ, «дыгъужьыр щыкуэд» къокI.
1990 гъэм яухуа быдапIэр ин дыдэтэкъым. И хъуреягъыр щIытIт – быдапIэм и къуапэхэм чэщанэ хъурейхэр хэтт. Чэщанэхэм я нэхъ иным метр 30 и лъагагът, метр 15 и бгъуагът. XIV - нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ быдапIэм ихъумащ Париж и бгъэдыхьэпIэр. ИужькIэ, Карл V- м ар езым и хэщIапIэ ищIащ икIи быдапIэр нэхъ ину къащIыхьыжащ.
Карл V - р щыпсэуа зэманыр Франджым и дежкIэ гугъут, зауэм и гуащIэгъуэт. Инджылызым Франджыр зыбжанэрэ къыхигъэщIат. I935 гъэм Пуатье деж франджыхэр щыхагъащIэри, а зэманым пащтыхьу щыта Иоанн II - р гъэру яубыдащ. Ар гъэрыпIэм исыху, къэралыгъуэм тетащ и къуэ Карл. 1364 гъэм Иоанн II - р Лондон щылIащ. Карл хабзэм тету къэралыгъуэм теуващ. Инджылызхэр хигъэщIэни пIалъэкIэ мамырыгъэ яриухылIэжыни лъэкIащ. Карл V - м щIэинхьыжу (наследник) игъэуващ балигъыпIэ имыува и къуэр - Карл VI - р. Карл V - м абы уэсыт хуищIащ пащтыхьыгъуэм и дамыгъэу ябж хьэпшып лъапIэ псори. Абыхэм ящыщт Сен-Дени аббатствэм щахъумэ пащтыхь башыр. Иджыпсту ар Луврым щIэлъщ.
Пащтыхь башым и щIыкIэр щызэтещыпыкIа тхыгъэ хэлъащ 1379-1380 гъэхэм ягъэбелджыла пащтыхь хьэпшып лъапIэхэр къыщрабжэкIа дэфтэрым. Абы тепщIыхьмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу, башыр ди зэманым зэхъуэкIыныгъэ щIагъуэ имыIэу къызэрысар. Абы тещIыхьа аIуудз гъэгъахэр (лилия) нэхъапэм лэч хужькIэ лауэ щытащ. Башым и щхьэм тетщ Карл V- м и теплъэр. Токъумакъым и къэухьхэм тетщ пащтыхьым и гъащIэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр къыщыгъэлъэгъуа теплъэхэр. Пащтыхь башыр къыхэщIыкIащ дыщэмрэ дыжьынымрэ. Токъумакъыр гъэщIэрэщIащ налкъут хужькIэ (жемчуг), плъыжькIэ (рубин), щIыхукIэ (сапфир). Езы башым сантиметр 60 и лъагагъщ.
Иужьу пащтыхь башыр къагъэсэбэпауэ щытащ 1804 гъэм, Бонапарт Наполеон къэралыгъуэм и тепщэ щыхъуам.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: