Щхъухьыр -Iэщэу

1933 гъэм археолог Робер ду Меснил ду Бьюссон Щам и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Евфрат и Iуфэм щыIэ Дура - Европос пасэрей къалэ-быдапIэжьым и къутахуэхэр къитIэщIыжащ. 256 гъэм а урым быдапIэжьыр Сасанид къэжэрыдзэм иубыдауэ щытащ. ЛъыхъуакIуэхэм къатIэщIыжащ быдапIэм и блынхэм хуэкIуэ пхыкIыпIэр. Абдежым къыщагъуэтащ къупщхьэлъапщхьэ 19. Дзэ хуэIухуэщIэ къагъуэтахэм тращIыхьри, ахэр урым зауэлIхэм я къупщхьэлъапщхьэу хуагъэфэщащ. Абыхэм япэмыжыжьэу щылът аргуэру зы зауэлIым и къупщхьэхэр. Абы щIыгъут къэжэр жыр пыIэрэ (шлем) джатэрэ. Къупщхьэм и щылъыкIэм къыуигъащIэрт, зауэлIым и псэр хэкIын и пэ, жьы хуримыкъуу и бгъэм зэрепхъуар, щыгъынхэр къитIэтэну зэрыхэтар.
Тхыдэм и къэхъукъащIэхэр зэхуахьыжри, щIэныгъэлIхэр арэзы зэдэхъуащ къалэр яубыдын папщIэ къэжэрхэм быдапIэ блыным хуэкIуэу щIытI зэращIар. Урым сэлэтхэми абыхэм я мурадыр къащIэу, ар къызэпаудын щхьэкIэ езыхэми щIыр щIатIыкIыурэ къахуэкIуауэ. Ауэ къэжэрхэр нэхъ хьилэшыуэ къыщIэкIащ. Урымхэм занщIэу япэщIэмыувэу, абыхэм зи Iугъуэм урибэуэнымкIэ щхъухь тхъуэбзащхъуэрэ сагъызымрэ зэхэлъу ягъэсащ. Ар щискIэ къыхиху Iугъуэ Iувыр метр 11 зи кIыхьагъ пхыкIыпIэмкIэ ягъэкIуащ, бийр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ. Урым сэлэтхэр газ щхъухьым зэуэзэпсэу илIыкIахэщ. Абы итхьэлащ Iугъуэр бийм и дежкIэ зыутIыпща къэжэр сэлэтри. ИIыгъыр хыфIидзэу пхыкIыпIэр щибгынэн хуея зэманыр зэпилъытыфауэ къыщIэкIынукъым. Урым сэлэтхэм япэмыжыжьэу археологхэм къагъуэтащ сагъызымрэ тхъуэбзащхъуэм я лъэужь. Археологхэм я къэхутэныгъэр щыхьэт тохъуэ Дура-Европосым щытеуэм цIыхур зэрылIыкI газхэр Iэщэу къызэрагъэсэбэпам.
ЩIэтIыкIымкIэ быдапIэ блыным нэс нэмысыфами, къалэр икIэм-икIэжым къащтащ. Ауэ абы къэжэрхэр щыгувакъым: е яукIащ, е Къэжэрым яхужащ. Абы и ужькIэ быдапIэм апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ иIэжакъым, ауэрэ бгынэжа хъуащ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Дура-Европос быдапIэ-къалэм къыщагъуэтахэр химиер Iэщэу пасэрейхэм къагъэсэбэпу зэрыщытам и япэ щыхьэтщ.
Ди эрэм ипэкIэ IV  лIэщIыгъуэм щыIа пасэрей китай тхыгъэхэм къыщыхьащ быдапIэхэм бийр бгъэдамыгъэхьэн папщIэ, щхъухь зыхэлъ газхэр къагъэсэбэпу щытауэ. Псалъэм папщIэ, ампийрэ (горчица) хъунгъалIэрэ (полынь) зэхэлъу ягъэсырт. Абы и Iугъуэр щIытIхэм ирагъахуэрт. Нэхъ иужькIэ гыныр (порох) къэунэхуащ. Пасэрей Китайм зэуапIэ губгъуэм къыщигъэсэбэпырт гынымрэ сагъазымрэ къыхэщIыкIа лагъымхэр. Лагъымыр къыщыуэкIэ абы къриху Iугъуэ-щхъухьым хиубыдэхэм я пэхэм лъы къыщиудырт, я щIыфэхэм псыбыбхэр къытрикIутэрт.
Ику ит лIэщIыгъуэхэм Китайм къыщагупсысащ нэгъуэщI щхъухь зэхэлъ. Сэхурэ сагъызрэ тхылъымпIэ Iувым кIуэцIакIутэрти, лагъым ящIырт. Газ щхъухь лIэужьыгъуэхэр зэхалъхьэн папщIэ иджыри къагъэсэбэпырт сульфид, дзыгъуэгъалIэ (мышьяк), аконит, ару (горец).
XVI лIэщIыгъуэм Бразилием щыпсэухэр конкистадор жыхуаIэхэм (испан, португал зэрыпхъуакIуэ) япэщIэувауэ щытащ шыбжий плъыжьыр щагъэскIэ къыхиху IугъуэмкIэ. А Iэмалыр иужькIи къыщагъэсэбэпауэ щытащ Латинскэ Америкэм къыщыхъуа зэщIэхъееныгъэхэми.
Химие Iэщэхэм хэббжэ хъунущ «алыдж мафIэ» зыфIаща пкъахуэ зэхэлъми. «СифонкIэ» зэджэ жэз трубам ткIуаткIуэ пщтырыр шанагъуэу кърагъэурт. Сифонхэр нэхъ къыщагъэсэбэпырт хы щIыIум щыщызауэм деж. Метр 25 - 30-рэ нэхъ жыжьэ щыIэр хигъэщIэфыртэкъым сифоным. Ауэ пхъэм къыхэщIыкIа кхъухьхэм ялъэIэса нэужь, зэпкъриудырт. «Алыдж мафIэр» зыкIи пхуэгъэункIыфIыртэкъым, ар уеблэмэ псы щхьэфэми щисырт. Япэ дыдэу алыдж мафIэ къызырих сифонхэр Визанетием и кхъухьхэм щагъэувауэ щытащ Киликие зэхэуэм щыгъуэ. Ебланэ жор зекIуэм и тхыдэр зыджыжа Жан де Жуавиль «алыдж мафIэр» иригъапщэрт уафэм щылъатэ благъуэ шынагъуэу, зи жьэм мафIэ лыгъей къыжьэдихум. 94I гъэм апхуэдэ «алыдж мафIэкIэ» зэхакъутауэ щытащ Константинополь гъунэгъуу бгъэдыхьа Рюрикович Игорь пщым и кхъухьыр.
«Алыдж мафIэр» къэралыгъуэ щэхуу яхъумэрт, ар хэIущIыIу зыщIым и хьэкумыр укIкIэ ящIэнут. Хуагъэфащэрт ар щIыдагъэ, дагъэ, тхъуэбзащхъуэу зэхэлъу. Константинополь тыркухэм къащта нэужь, мафIэ щхъухьым и зэхэлъыкIэри лъэужьыншэу кIуэдыжащ.1758 гъэм франджы алхимик Дюпре мафIэ щхъухьым и щэхур къихутауэ жиIащ. Людовик XV абы теухуа тхыгъэхэр зэрыт тхылъымпIэу хъуар къищэхужри игъэсащ. Иджырей Iэщэхэм ящыщу «алыдж мафIэм» нэхъ ебгъэщхь хъунущ огнемётыр.
1915 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м нэмыцэдзэр франджыхэм Ипр псым деж щыпэщIэувэри хлор газкIэ хигъэщIащ. Франджыхэм я сэлэт 5000 яукIащ, 10000 - р уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ зауэхэм химие Iэщэр лIэужьыгъуэ нэхъыбэу къыщагъэсэбэпащ, фосген, кислота, хлор, иприт жыпIэми.
ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ химие къыщыгъэсэбэпа Iэщэхэм нэхъри къыхагъэхъуат. Германием къигъэсэбэпын щIидзащ цIыхум и псантхуэм еуэ, химие зыхэлъ щхъухьхэр (ОВ). Абыхэм мэи плъыфи яIэтэкъым, ауэ щыхъукIи ипритым нэхърэ хуэдэ 75-кIэ нэхъ къару иIэт и щхъухьым. А щхъухьхэр зэрымыщIэкIэ къагъэунэхуауэ щытащ. 1936 гъэм зэраныгъэ зиIэ хьэпщхупщхэм зэрыпэщIэт «инсектицид» химие пкъахуэхэр къипщытэурэ, дохутыр Шрапдер Герхард «табун» зыфIаща, фосфор зыхэлъ эфирыр къигупсысащ. 1938 гъэм а щхъухьым и гуащIагъым нэхъри хагъэхъуауэ къыщIагъэкIыу хуежьащ («зарин» зыфIащар). Ещанэ химие щхъухьыр - «зоман» - I944 гъэм зыIэрагъэхьащ. Щхъухь лIэужьыгъуищми цIыхур дакъикъэ бжыгъэм зэуэзэпсэу егъалIэ.
1944 - 1945 гъэхэм Дзэ Плъыжьыр нэмыцэ фашистхэм хахуэу япэуври, химие зыхэлъ Iэщэ шынагъуэр къигъэсэбэпынымкIэ Гитлер иIа мурад фIейр къызэпаудащ.
 ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и ужькIэ, химие зыхэлъ Iэщэр куэду къыщыщIагъэкI хъуащ США-м. 60 гъэхэм Америкэм и химие щхъухьым къыхэхъуащ иджыри зыбжанэ: ВИ-Экс, Би-Зед, Си-Эс. США-м химие щхъухь къыщигъэсэбэпащ Вьетнам зауэм (1961 - 1972).

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также: