Утыкур зыгъэбжьыфIэ

Кавказ Ищхъэрэм и артист нэхъыфIхэм хабжэ уэрэджыIакIуэ Наурыз Идар. Ар ящыщщ адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIу утыкур зыгъэбжьыфIэхэм.

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Терекскэ къуажэм щыщ, IDAR цIэмкIэ утыку ит артистыр зэман кIэщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрми Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми цIэрыIуэ щыхъуащ. Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутым музыкэмкIэ и факультетыр 2015 гъэм диплом плъыжькIэ къиухащ. Наурызыр и гъэсэнщ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Кульбаевэ Людмилэ.

ЗэрыцIыкIурэ макъамэм дихьэх Наурызыр япэу уэрэдрэ къафэкIэ утыку щихьам иджыри курыт еджапIэм щIэсат. «А ну-ка, мальчики» зэпеуэм здыхэтым. 80 гъэхэм цIэрыIуэу щыта «Последний жёлтый лист» уэрэдыр зэригъэзэщIар куэдым ягу дыхьат. Ар къалэ, республикэ зэпеуэхэм и зэфIэкI щеплъыжащ. Илъэс зыбжанэ дэкIри, абы итхащ «ПщIыхь солъагъу» и япэ уэрэдыр. Абы къыкIэлъыкIуащ уэрэд 12 зыхигъэхьа и япэ альбомыр. АдыгэбзэкIэ уэрэд итх щыхъум, абы къедаIуэхэм я бжыгъэм зэуэ къыхэхъуащ. И уэрэдхэр нэхъыбэу теухуащ фIыуэ илъагъу Кавказым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, нэхъыжьхэм, адэ-анэм, лъагъуныгъэм.

Идар егъэлажьэ 20I7 гъэм къызэIуиха и продюсер IуэхущIапIэр. Абы езым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр щрегъэтх, пасэрей уэрэдхэр къыщегъэщIэрэщIэж. Мы зэманым абы альбомитху иIэщ. Идар и концертхэм тIысыпIэ имыIэжу цIыхушхуэ къызэрекIуалIэр и щыхьэтщ и уэрэдхэр ягу зэрынэсым. Абы зыкъыщегъэлъагъуэ Минводы, Ставрополь, Краснодар, Владикавказ, Мейкъуапэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм. Наурыз Идар ящыщщ зи лэжьыгъэм и пщIэр къалъыта артистхэм. Абы къыхуагъэфэщащ «Хрустальный граммофон» цIыхубэ саугъэтыр, ТНТ телеканалым къыбгъэдэкI «Лучший хит» макъамэ саугъэтыр. Ар куэдрэ ягъэлъэпIащ «9 волна» нэтыным зэрыщытекIуам, Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ макъамэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIым папщIэ. Абы мызэ-мытIэу щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ республикэм щекIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ махуэшхуэхэм жыджэру зэрызыкъыщигъэлъагъуэр, псапэ Iуэхухэм зэрыхэтыр къалъытэри.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: