Тхылъ лъахэм и губгъуэ бэвылъэхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Тхылъ лъахэм и губгъуэ бэвылъэхэр» зыфIаща библиоквестым и къызэгъэпэщакIуэхэм жэрдэм зыхуащIа Iуэхум ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжым и япэ курсым щеджэ студентхэр.
ЗэIущIэм къеблэгъа ныбжьыщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзаш университетым и щIэныгъэ библиотекэм и лэжьакIуэ Чочаевэ Светланэ.
- Дэ къызэрымыкIуэу ди гуапэщ мыпхуэдиз щIалэгъуалэ зэ къыщIыхьэгъуэкIэ библиотекэм къыхилъхьа жэрдэмыр даIыгъыну къызэрекIуэлIар. ФызэрынэфIэгуфIэм, гукъэкI къыфхуэзыщIа ди лэжьакIуэхэм факъызэрыхуэгуапэм гукъыдэж тIуащIэ къыдет, тщIэну дызыхуейми нэхъ гъунэгъу дыхуещI, гурэ псэкIэ дрешалIэ. Фэрэ дэрэ нобэ тхылъым и лъахэм дихьэнущ, абы и губгъуэ бэвылъэхэр къызэхэткIухьынущ, игъэпщкIу хъугъуэфIыгъуэхэм защыдгъэгъуэзэнущ. Дауи, тхылъым ди гъащIэм щиубыд увыпIэр зыхуэдизыр къывгурымыIуэну фыщыткъым. АтIэми, дызытет бжыгъэрылъанэ дунейм тхылъымпIэр лъэныкъуэегъэз ещI, тхылъым и къыдэгъэкIыным ещIылIа лэжьыгъэр тIэкIу яIэщIэхуу пIэрэ жыпIэну щытыкIэ дитщ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм хьэкъыу ди фIэщ мэхъу тхылъым къыуит гузыхэщIэм хуэдэ техникэ IэмалкIэ зэгъэпэща хъуа тхыгъэ лIэужьыгъуэхэм къызэрыуамытынур. Абы еджэн, загъуэрэ зэгуэп1пIэурэ къибджыкIам уегупсысын, а гупсысэм зыхебгъэлъэсэн хуейуэ къытщохъу. Нобэ фэрэ дэрэ дызыхыхьэну тхылъ дунейм къэувыIэпIэ зыбжанэ щытщIынущ. КъэувыIэпIэ къэс хьэлэмэт куэд къыщыфпоплъэ, джэгукIэ Iэмалым тещIыхьами, тхылъым къыдит гухэхъуэм и зы IыхьэкIэ дывдэгуэшэну, абы и IэфIагъымрэ и телъыджагъэмрэ фи гущIэм нэсыну дыхуейт, – жиIащ гуапэ дыдэу Чочаевэм.
КъБКъУ-м и библиотекэм хьэщIапIэ къыхуэкIуа хъыджэбз хьэщIэхэр гупитIу загуэшри, бысымхэм къыхуагъэхьэзыра Iуэхугъуэхэм зратащ. Iэнкуну щымыту, къызэгъэпэщакIуэхэм къыIэщIалъхьа «гъуэгуанэ тхылъымпIэхэм» щIэныгъэу ябгъэдэлъыр ирахьэлIэу хуежьащ, абы ит псалъэзэблэдзхэм я жэуапхэр къату, щхьэкъутэ-щхьэщIыж пкъыгъуэхэр зэпкъралъхьэу, цIыху цIэрыIуэхэм я гупсысэ зэблэдзахэр зэпагъэувэжу, упщIэхэм я пэдзыжхэр зэрагъэуIуу щIадзащ.
КъэувыIэпIэ къэс лэжьакIуэхэм ныбжьыщIэхэр библиотекэм и зы къудамэм ирашалIэрт, Iуэхугъуэм курых хуащIа гупсысэр псоуэ зэхэзылъхьэж зы пкъыгъуэ абдеж къыщагъуэтын хуейуи къалэн яIэт. ЩIалэгъуалэм яхузэфIэкIащ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къыхуагъэхьэзыра упщIэхэм жэуап иратын, и кIэухми екIуу нэсын. Библиоквестыр и кIэм щынэблагъэм, тхылъ хъумапIэм и щIэныгъэ къудамэм и унафэщI Дал Айсэнэт ныбжьыщIэхэм фIыщIэ къахуищIащ икIи еджэныгъэр екIуу кърахьэлIэну, зэфIэкI лъагэхэр ягъэлъагъуэу я IэнатIэм пэрыхьэну ехъуэхъуащ.
- ПщIэ зыхуэсщI си ныбжьэгъу цIыкIухэ! «БлэкIам фочышэкIэ ухэуэмэ, езыр топышэкIэ къыпхэуэжынущ», – арат фэрэ дэрэ мы махуэм къэтлъыхъуэ гупсысэр, псалъэ зырызыхэу, пкъыгъуэ-пкъыгъуэу зэпкърытлъхьэурэ ди зэIущIэр щIэдгъэкIуар. Мы псалъэ телъыджэхэр зейр Дагъыстаным щыщщ, ауэ дуней псом зэдай хъуа акъылрэ гупсысэрэ къызыбгъэдэкIа Гамзатов Расулщ. Iущыгъэр кIэщIу гъэпсами, нэгъэсауэ гъэсэпэтхыдэщ. Зыми шэч къытефхьэу къыщIэкIынкъым уи блэкIар умыщIэмэ, къэкIуэн уиIэнкIэ зэрымыхъунум, арыншэу узытет нобэрей дунейр зэхэпщIыкIыншэ Iэмал зэримыIэм. Зи тхыдэр зыIэщIэгъупщыкI лъэпкъым и къэкIуэнум зыщIэхъуэпс дунейр щыхуэухуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыт щхьэкIэ? Ди япэ итахэр зыщIэбэнар а хъуэпсапIэхэращ. Ар а блэкIам къыщынами, и джэрпэджэжыр зэхыдох, къытлъоIэс. Арыххэуи, библиотекэр «цIыху щIэжым и хъумапIэщ». Дунейр къызэригъэщIрэ цIыхум зэIуища гуращэхэри, и гущIэм щигъэфIа хъуэпсапIэхэри, зыгъэпсэуа гугъэхэри къыхощыж а библиотекэм екIуэкIыу щахъумэ тхылъхэм. Тхылъыр фIыуэ лъагъун хуейщ, щыжытIэкIэ къидгъэкIыр, мысыхьэтым уримыгъэувалIэми, Iэмалыншэу ухуей хъуну зы хьэлэмэт а тхылъхэм ибгъуэтэну зэрыщытырщ, узэрыхуэ щытыкIэ гугъум укъришыну IэмалыфI зэраIэрщ. Фэ фыщIалэщ, дяпэкIэщ гъащIэм и архъуанэм фыщрихьэнур. Ауэ а архъуанэр къывэщэбэкIынуми, щыIэныгъэм фыхишыжынуми зыкъомкIэ фэ фэлъытащ. Губзыгъагъэмрэ Iущыгъэмрэ къызыхэщыж тхылъхэр Iэпэгъу фщIымэ, нэхъыжьхэм я псалъэм фригъуазэмэ, щIэныгъэм и гъуэгум фи гупрэ хуэвгъазэмэ, къыватынур цIыхугъэщ. ЦIыхугъэ зыхэлъ дэтхэнэ зыми мы гъащIэм лъэужь къызэрытринэнум шэч хэлъкъым. Библиотекэхэр гъащIэм и лъэпощхьэпохэм уакъыпезышэкI, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ нобэ щызэпызыщIэ лъэмыжщи, фи гупэр абы дежкIэ къэгъэзауэ дунейм фытет, – жиIащ Дал Айсэнэт.
КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани студентхэм фIыщIэ яхуищIащ лэжьакIуэхэм къыхалъхьа жэрдэмыр къызэрыдаIыгъам папщIэ, джэгум жану, акъыл бзыгъэрэ гупсысакIуэу зэрыхэтам щхьэкIэ. Абы библиоеквестым хэтахэм щыхьэт тхылъхэр яIэщIилъхьащ, тыгъэхэр яритащ.
- Хуабжьу сыщогугъ мы махуэм гукъыдэж къывитам къыщымынэу, щIэныгъэ къигъэхъуапIэ фхуэхъун хуэдэу телъыджэхэри фигъэлъэгъуауэ. Дэ сыт щыгъуи фыдигуапэщ, фыкъыщIыхьэ, фыкъакIуэ, фылъыхъуэ! Iущыгъэ зыхэлъ псалъэр къэзылъыхъуэ цIыхур езыр псалъэ Iущым халъхьэжынущ, абы шэч къытесхьэркъым, фефIэкIуэну си гуапэщ, – жи1ащ Гериевэ Аймани.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: