ДэIэпыкъуныгъэхэр2023 гъэм Урысейм щыпсэу цIыху мини 2,5-м щIигъум федеральнэ бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ унэ къызэращэхуну сертификатхэр иратыфынущ. Абы теухуа дэфтэрым Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. Абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм Iэмал яIэщ я псэукIэр ирагъэфIэкIуэну е фэтэрыщIэ къаIэрыхьэну. Мы гъэм а дэIэпыкъуныгъэр къызэрагъэпэщын папщIэ, федеральнэ бюджетым къыхагъэкIынущ сом мелард 12-м нэс. Ар зыхухахыр цIыху щхьэхуэхэращ - Чернобыль къыщыхъуа къэхъукъащIэр гъэкIуэдыжыным хэтахэм, нэгъуэщI хэкIыпIэ ямыIэу къэIэпхъуэхэм, Байконур, Ищхъэрэ Жыжьэм къиIэпхъукIхэм, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IуэхущIапIэхэмрэ МЧС-мрэ я лэжьакIуэхэм. Къэралыр зыдэIэпыкъунур хабзэм тету зи псэукIэр егъэфIэкIуэн хуейуэ къалъытэхэрщ. Мы Iуэхур къызэрагъэпэщ «Урысей Федерацэм щыпсэухэр унэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм хыхьэу.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 13:26 →
«Уи дыхьэшх макъыр»
03.09.2026 - 11:11 →
Дунейм гуапэу тета цIыху
03.09.2026 - 10:00 →
Гур зыхуеIэм лъоIэс
01.09.2026 - 11:18 →
Нэхъыщхьэр япэ ибгъэщырщ
31.08.2026 - 14:45 →
Уи гущIэгъушхуэм и хьэтыркIэ
| ||




