Гъунэншэщ адыгэбзэр

Дызэрыщыгъуазэщи, иджырей бзылъ­хугъэр жыджэру хэтщ къэралым щекIуэкI жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ Iуэхухэм. Зэпы­мыууэ зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, зи IэщIагъэм зезыгъэужь, зи лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу езыхьэкI цIыхубзым иджырей гъащIэм увы­пIэшхуэ щеубыд. Нобэ ди псэлъэгъущ бзэ щIэныгъэм дихьэх, адыгэбзэм и зэфIэкIым хэгъэхъуэным жы­джэру телажьэхэм ящыщ пщащэ ныбжьы­щIэ Бэждыгъу Альбинэ.

- Уэ уащыщщ анэдэлъхубзэр фIыуэ зы­лъагъухэм, абы зиужьыным, и мыхьэнэр нэхъри къэIэтыным зи ­гуащIэ езыхьэлIэхэм. А псоми ­къе­­жьапIэ яхуэхъуам укъытхутепсэ­лъыхьамэ ди гуапэт.
- Си анэр урысми, си адэмкIэ сы­адыгэщ. Адыгэбзэм и IэфIыр зыхызэзыгъэщIар си адэм и анэрщ. Зэдэлъ­ху­зэшыпхъу дохъури, дыщыцIыкIум щегъэжьауэ, дэ тIур абы и деж тхьэмахуэм зэ дашэрт. Ди нанэр, зыщыщ лъэпкъым и бзэр, и щэнхабзэр апхуэдизу япэ иригъэщырти, пщэдджыжьым къыщы­щIэдзауэ жэщ хъуху къызэрыдэпсалъэу щытар адыгэбзэт. Дэри а лъагъу­ныгъэр къызэрытхипщэным ар сытым дежи ­хущIэкъуащ. СыкъыдэкIуэтеиху, сэри нэхъ зыхэсщIэ хъуащ адыгэбзэм и дахагъэм, и беягъэм щIэи гъуни зэримыIэр. ГъэщIэгъуэныр аращи, курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ къыщыдат дерсхэр гъэзэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу сиIар ди гъунэгъухэращ, а бзэр ди анэм зэримыщIэм къыхэкIыу (адэр пасэу тщхьэщыкIат).
- Телъыджэщ, Альбинэ, бзэр къы­зэрогугъуэкIым узэрыбгъэдимышар!
- Ар сэркIэ насыпщ. Мыгувэу нэхъри зыхэсщIащ адыгэбзэм сызэрызыIэпишэр. Сыдихьэхауэ седжэрт республикэм анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ ярытхэми. Курыт школым иджыри сыщIэсу къыс­Iэрыхьауэ щытащ адыгэ-урыс псэлъалъэхэм ящыщ зыр. Абы и напэкIуэцIхэм сатхьэкъупауэ сакъызэрыкIэрымыкIым гу лъызыта анэм гузавэ тIэкIуи къищтат.
- КъызэрысщыхъумкIэ, дэ нэгъэсауэ дыщыгъуазэкъым цIыхум и анэ­дэлъхубзэм пищIын щымыIэу, ар фIыуэ илъагъу щIэхъум и щхьэусы­гъуэм. Уэ, Альбинэ, узэрегупсысымкIэ, сытым къы­хэпха хамэбзэхэм, я зэгъэщIэныр къохъулIэ пэтми, адыгэб­зэр япэ ибгъэщыныр?
- Курыт еджапIэм нэхъ къыщы­зэтыншэкIыу щытар есэпымрэ бзэхэмкIэ дерсхэрат. Адыгэбзэр псом япэ изгъэщын хуей щIэхъуар, псэм и лъащIэм аддэ жыжьэу къыщыщIэращIэ гуры­щIэм деж къыщежьэу къызолъытэ. Зэрыхъуар аращи, школ нэужьым, сэ япэщIыкIэ Псыхуабэ дэт колледжхэм ящыщ зым сыщIэтIысхьащ. Абы финансхэмрэ кредит IэщIагъэмкIэ сы­лэжьэфыну сыкъыщIагъэкIащ. Налшык къэзгъэзэжри, «Такси» ООО-м кассир-бухгалтеру сыуващ. АрщхьэкIэ, а IуэхущIапIэм куэдрэ сыIумыту сыкъыIукIыжри, си гум нэхъ фIэфI унэ­тIыныгъэмкIэ IэнатIэ сылъыхъуэу щIэздзащ.
- Абы иужь дэнэ укIуат?
- КъызжаIат дунейпсо мыхьэнэ зиIэу къалъытэ тхыгъэхэм ящыщу литературэ-художественнэ, псэкупсэ-гъэсэныгъэ, философие я лъэныкъуэкIэ япэ игъэ­щыпхъэхэр дэ тхуэдэу зи бжыгъэкIэ куэд мыхъу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ зэдзэкIыным, абыхэм ящыщу хьэ­зыр хъуахэр тхылъу къыдэгъэкIыным, аудио дискхэм тедзэным телажьэ гуп ди республикэми зэрыщыIэр. Абыхэм защыпысщIэм, япэщIыкIэ гъэунэхуныгъэ хуэдэу дерс щхьэхуэхэр къызату щIадзащ. Ауэрэ, си пщэ къыдалъхьащ аудио дискхэр тхыным пыщIа Iуэхухэр къызэзгъэпэщын хуейуэ. Арати, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым щы­лажьэ артистхэм запысщIэри, абыхэм ящыщ гуэрхэр а лэжьыгъэм къесшэлIауэ щытащ икIи диск зыбжанэ, ба­лигъхэри сабийхэри едэIуэфын хуэдэу, дгъэхьэзыращ.
- Лингвистикэм ехьэлIауэ щIэныгъэ зэрызэбгъэгъуэта щIыкIэм и гугъу къытхуэщIыт, Альбинэ.
- Ауэрэ, зи гугъу сщIа зэдзэкIакIуэ гупым хэтхэм ящыщу си лэжьыгъэр зэрыдэкIым гу лъызыта гуэрым къызжиIащ Инджылызым щыIэ еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщ зым лингвистикэмкIэ (бзэщIэныгъэмкIэ) и факультетым, иджырей Интернет зэпы­щIэ­ныгъэхэр къэзгъэсэбэпурэ, сызэрыщIэ­тIысхьэфынур. КъызиIуэкIа къудей ­мыхъуу, экзаменхэр тынымкIи къы­­щыз­дэIэпыкъум, ари къызэхъулIащ. Къи­щынэмыщIауэ, зэдзэкIакIуэхэм адыгэб­зэмкIэ и къудамэм и зэгъэу­IуакIуэ къулыкъури къысхуагъэфэщати, абыи сыпэрагъэуващ. Иужьым, Инджылызым зи ­гугъу сщIа и еджапIэ нэхъыщхьэм и къудамэу Санкт-Петербург дэтым илъэситI къэс зэ сраджэурэ, абы кавказыбзэхэм я фонетикэмкIэ дерсхэм сакъыщы­хуеджащ. Мы зэманми зи гугъу сщIа зэдзэкIакIуэ гупым садолажьэ…

Епсэлъар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: