Кавказыр щэнхабзэм хуэхейкъым

Сокуров Александр Налшык щригъэджа и гъэсэнхэм тепсэлъыхьрэ пэт, зэрымыщIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ псоми я жагъуэ ищIауэ къыщIэкIащ. Иджы осетинхэри, шэшэнхэри, адыгэхэри топсэлъыхь режиссёр цIэрыIуэр нэхъ зэгъэзэхуауэ псэлъэн зэрыхуеям. 
Псалъэмакъ къэхъеям щхьэусыгъуэ хуэхъуар Сокуров Александр мазаем и 28-м и телеграм напэкIуэцIым кърилъхьа тхыгъэрщ. Режиссёрым жеIэ: «Пример интонации» фондымрэ «Пионер» компаниемрэ я къарукIэ Кавказым щыщ щIалэгъуалэм садэIэпыкъун сызэрыхуежьэрэ, а щIыпIэм щыпсэухэм хабзэ яхуэхъуащ езыхэм къахэкIыжа режиссёрхэм я лэжьыгъэр ягъэпудыныр, щIалэгъуалэм гъуэгу кърамытыныр. А псоми дэкъузэныгъэ лъэхъэнэхэр уигу къагъэкIыж. Мыдэ лъэпкъым езыхэм я мэ зыщымыуа щэнхабзэщIэ яхэтпщэну хэдгъэзыхь уи гугъэнщ, кинематографием къыщетшалIэкIэ. Аращи, езы лъэпкъым ар къарууэ иIэмкIэ зыбгъэдеху, и Iуэху зедмыхуэну, зэрыщыту къэдгъэнэну къыдэлъэIум ещхьу. Къэбэрдей-Балъкъэрми абы пэгъунэгъу республикэхэми кинематографиери щэнхабзэри ауи щафIэгъэщIэгъуэнкъым. Ар си щхьэкIэ згъэунэхуащ. А щытыкIэр схъуэжын папщIэ сызыхуежьауэ зыри къызэхъулIакъым. АбыкIэ зыкъэзумысын хуейщ. Кино еплъхэми, лъэпкъ къулыкъущIэхэми, Кавказым ис нэхъ зыхузэфIэкIхэми ахэр къафIэIуэхуркъым. Абыхэмрэ дэрэ зэгъусэу дызыхэт щэнхабзэр зэдэлэжьэжыфыркъым, а щытыкIэм кърикIуэнури нэрылъагъущ. Динымрэ политикэмрэ епха ислъам дуней – аращ щIыналъэм къыпэплъэр. Лъэпкъыр зыхуейр арамэ, сыт пщIэн? Ар абы хуитщ». 
Сокуровым и тхыгъэм япэу пэджэжахэм язщ осетин блогер Пухаев Алик: «Урысей режиссёрым Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я пIэкIэ «политикэм епха ислъамыр» къыхаха хуэдэу жеIэри, мэтхьэусыхэ. ПщIэ зыхуэсщI режиссёрым ар и япэ тхыгъэкъым, империалист IэбэкIэ къыщигъэлъагъуэу. Иджыпсту абы «кавказ къулыкъущIэхэм», «кавказ бейхэм» езым къыщIигъэкI гъуазджэм и хьэтыр ямылъагъуу жеIэ. Нэхъ пасэу режиссёрыр Путиным и пащхьэм щытхьэусыхауэ щытащ «Кавказыр лъэпкъ щхьэхуэхэм яхухэха мэхъу», сытми, урысхэр йоIэпхъукIри, унафэр абы щыпсэухэм яIэрохьэ, жиIэу. Кавказым езым и гъуэгу, и щэнхабзэ къызэрыхихыжым егъэшынэ. Сыт-тIэ езым дэкъузэныгъэм дыкъригъэл хуэдэу зыщIищIыр? Кавказым щыпсэухэм я нэхъыбэм я лъабжьэу къалъытэж ислъамыр. Ара Сокуровым игу темыхуэр? НтIэ, трих фильмхэм иригъэплъыну нэгъуэщI зыгуэрхэр кърырелъыхъуэ». 
«Сокуров Александр Налшык щиухуа режиссёр еджапIэр узэщIыныгъэм и проект зыкъизыхт, - Iэпех Пухаевым и псалъэр и лъэпкъэгъу щIалэм. - Кавказым щыщ куэдым шэсыпIэ яхуэхъуат ар. Ауэ а «еджапIэм», нобэ зэрытлъагъущи, тегъэщIапIэ ищIар щхьэж къыдалъхуа и дуней тетыкIэр къигъэлъэгъуэнратэкъым, Iэпэ къыхуашиям здиунэтIымкIэ загъэзэнырт. Псори хъарзынэт, а бзыпхъэхэмкIэ дэкъузэныгъэр ягъэкIуэдыжыным и пIэкIэ, абы и лIэужьыгъуэщIэ къэунэхуауэ къыщIэмыкIамэ». 
Шэшэн театрым и унафэщI Ахмадовэ Хавэ Сокуровым Кавказым щыщхэр щэнхабзэм хуэхей хуэдэу зэрыжиIам къыхэкIыу, псори игъэпудауэ, я пащхьэм зыщиухеижыпхъэу къелъытэ. 
Режиссёр цIэрыIуэм пэджэжащ КъШР-м щыщ адыгэ усакIуэ Бемырзэ Зураби: «Сокуровыр цIыхушхуэщ. И гуащIэм хэпсэукIыж дэтхэнэ творческэ цIыхуми хуэдэу, ар хуитщ дэ дызэрыщыгугъ Iуэху еплъыкIэ къимыгъэлъэгъуэну. «Сокуровым и гъэсэнхэр» щыжыпIэкIи, ар щIыхуэу къуата пщIэуэ аращ, зыгуэр къызэрыпхэкIынум и щыхьэту, армыхъумэ хъуа хьэзыру узэрыщытым и нэщэнэкъым. Ауэ «лъэпкъым къыхихам» теухуауэ щыпсалъэкIэ, Сокуровыр захуэкъым. Ди щэнхабзэ зызыужьым зи Iуэху дэзыгъэкIыж бюрократиеми Iумпэм къэзыщI къулыкъущIэхэми ямылъэхъэфыну щыIэ гъуэгу закъуэр къыхихауэ, гугъу ехь пэтми, ипэкIэ кIуэцIрокI. Зыри хуиткъым а гъуэгур мыхьэнэншэу къилъытэнуи ар зыужьыныгъэм зэрыхуэхейм къыхэкIыу къыхиха хуэдэу жиIэнуи. Абы зэрыпсэун Iэмалщ къилъыхъуэр, и къыхэхыкIэр политикэми динми зыкIи елъытакъым. Апхуэдэ щIыкIэу лъэпкъым езым и гупсысэкIэр зэригъэзахуэу аркъудейщ. Сокуровым дэ дыкъызэрыгурымыIуэным хуэдэ дыдэу, дэри езыр къыдгурыIуэркъым. Ар зэлъытар инагъ-цIыкIуагъракъым, дуней еплъыкIэкIэ дызэрызэтемыхуэрщ. Сэ фIыщIэшхуэ хузощI режиссёрым ди кино гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIам щхьэкIэ, ауэ ар къызэрысщыгугъ Iуэху еплъыкIэ симыIэнуи сыхуитщ». 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, иджыблагъэ утыку кърахьащ Сокуровым и налшык гъэсэнхэм ящыщ Мэстафэ Тинэ игъэува «Тембот» фильмыр. Куэд дэмыкIыу, Къаныкъуэ Заринэ зэхилъхьа сценариймкIэ Хьэмокъуэ Олег игъэува «Гузэрыдзэр» ягъэлъэгъуэн щIадзэнущ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: