Иримыкъур къащIэ

ЛIыхъужь хъуну зэи щIэхъуэпсакъым Махъсымэ. И гъунэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзылъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къыхуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр? Ефэкъым, дыгъуэкъым, зауэкъым, и Iэр шияуэ дэткъым, фыз иригъэкIыжакъым, къэзылъхуари къилъхуари епIыж. И унэр лъагэщ, и пщIантIэр хуитщ, и быныр гъэсащ, и телефоныр зарядкэм пылъщ. Зыгуэр дэбгъуэну уигу къэкIыххэкъым Махъсымэ, укъыфIэмыIуэхукIи уи жагъуэ хъунукъым, апхуэдизкIэ щIалэфIщи. Бзаджэкъым икIи акъылыншэкъым, щхьэхынэкъым икIи хабзэншэкъым. ЦIыхуфI? Узэреплъщ. Ауэ икIи цIыху Iейкъым. Губзыгъэ? Уей, мыделэ. Псэ къабзэ, еджа, хэгъуэза, нэплъыса? Хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ. ЦIыху хъарзынэщ – аращ Махъсымэ хуэдэхэм я щытхъур. Мыпхуэдизу дызыкIуэцIимыгъэтIыхьу иджыри 1эджэрэ псэуфынут ар, гу зылъыдигъэтэн нэрыгъым IэщIэмызэрыхьамэ.

ЗэрыхущIэмыхьэращ уи нэм къыщIиIур. Къыпхуэлэжьыну ахъшэр мафIэгум ещхьу блож, гургургур и махуэщ. Зэ закъуэ зибдзэну ухунэмысмэ, уэ пхуэдэхэм игъащIэкIи уалъэщIыхьэжынукъым. Махъсыми жьы дэхупIэ зримытыжу набжэхэр ирехуэкI. И гурыфI къикIмэ, лъагэу, екIуу, захуэу ещIыф бжыхьхэр. Ауэ фэншэхэр, мыдахэхэр, пщэдей къэуэжынухэр нэхъыбэщ. Сыт-тIэ абы щхьэкIэ? Ящэху!

Къэрабгъэщ Махъсымэ. Аращ и набжэхэр дахэ щIэмыхъур. ЩIэ псоми щощтэ. «Пщэдей дыгъэр уэгум къехынурэ уи пщIантIэм къыдыхьэнущ», - къыжраIэмэ, гужьеинурэ дэжынущ, е куэбжэр игъэбыдэнущ. И насып ущIари нэхъ чэнж дохъу зэрыцыфырыхум. И щхьэгъусэр зэкIужщ, къыпэмыпсэлъэжу зрегъэшхыдэ, «ахъшэ къызэт» куэдрэ къыжриIэркъым, уеблэмэ езым къыщеIущэкIи къыхуохуэ. И лIыр Махъсымэу щымытамэ, хэт ищIэрэ, ар хьэршым лъэтэнт, артисту джэгунт, е къафэм хыхьэнти, Iэ кIуэц1ым иж щиху лантIэу зигъэзэнт. Игу хэщIыркъым Махъсымэ и гуащэм, ауэ и бгъэр къызэгуичуи хэхъуэркъым. Сэ сызифызыр Махъсымэщи, зэи Компот и гуащэми, ПсыIэфI и щабэми ещхь сыхъунукъым, жыхуиIэу, хадэм йопэщэщыхь, телефонкIэ триха сурэтхэр IуплъапIэм кърелъхьэ. Езым игу нэмыс насыпым адрейхэр иригъэхъуапсэурэ, чэмыр щхьэщекIэж.

Къуаншэ щIэскъым Махъсымэ и унэ дахэшхуэм. ХущIыхьи! Зыхуей зымыщIэжи! Бэлэрыгъыу лей зытезыгъэхьи! Зэшу къалъагъу хъунукъыми, псори нэжэгужэу щIэсщ, щIэтщ, щIэлъщ. Езы Махъсыми и сомым и кIапэр апхуэдизу гъунэгъуу щымытамэ, гупсысэн щIидзэжынурэ, хъуэжын хуейр къищIэнут. АрщхьэкIэ, мес, набжэр Iузышыну машинэшхуэр къэсащи, абы къыщIэкIыну ахъшэр зыIэщIэбгъэкIмэ, упсэуху уи щхьэр фIэбудыжу упсэунущ.

Сыт Махъсымэ зыхуейр? Зыри. ИIэр здихьынур ищIарэт! Сыт-тIэ мыхъур? Псори мэхъу. Бжьыхьэр мыгъатхэу, щIыIэр мыхуабэу, щIылъэр мыуафэу аркъудейщ. Сыт уи пэж, Махъсымэ? Езы гъащIэр си пэжщ! УпщIэ гугъухэм зыщIебгъэукIын щыIэкъым. Уошхэ, уолажьэ, уош, зыбогъэпсэху, уожей. Ахъшэ къыуат. АбыкIэ IэфI гуэр къыбощэхури, аргуэру уошхэ, уолажьэ, уош, зыбогъэпсэху, уожей. Жыгхэр мэгъагъэ. ГъащIэр макIуэ. УолIэ, ущIалъхьэж. ХьэдэIус пхуащIри, къэнахэр аргуэру машхэ, мэлажьэ, йош, загъэпсэху, мэжей.

                                                                 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: