Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр

Гъатхэпэм и 8-р Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэу ягъэуващ. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм а махуэшхуэр ягъэлъапIэ, абы и хабзэхэм емыпцIыжу. Ауэ лъэпкъ псоми ар ягъэлъапIэркъым. 
НэгъуэщI къэралхэм къикIауэ Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ куэдым илъэс зы-тIущ дэкIа нэужьщ щаублэр гъатхэпэм и 8-м бзылъхугъэхэм удз гъэгъахэмкIэ яхуэупсэн хабзэр.
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щагъэлъапIэркъым бзылъхугъэхэм я хуитыныгъэр хъумэным хухаха махуэр. Иорданием, Мысырым, Сирием, Иракым, Ливаным гъатхэпэм и 21-м щагъэлъапIэ Анэхэм я махуэр. ЗэIыхьлыхэр унагъуэм щызэхуосыжри, бынхэм анэм тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр хуащI, пщIэ зэрыхуащIыр кърагъэлъагъуэу.
Ганэми Анэхэм я махуэр гъатхэпэм и 21-м щагъэлъапIэ. Анэм гъащIэ къызэрыритамкIэ, зэригъэсамкIэ, зэрыригъэджамкIэ йохъуэхъу, удз гъэгъахэмрэ тыгъэхэмкIэ хуэупсэу. Языныкъуэхэм радиомкIэ е телевиденэмкIэ хъуэхъу кърагъэт. 
Анэхэм я махуэр Алыджым накъыгъэм и 10-м щагъэлъапIэ. КъищынэмыщIауэ, а къэралым иджыри бзылъхугъэхэм я зы махуэшхуэ щагъэлъапIэ. Къэралым и ищхъэрэ щIыналъэхэм щIышылэм и 8-м щокIуэкI «Гинайкратия» фестивалыр. ЦIыхухъухэм а махуэм унагъуэ Iуэхухэр ящIэ. Бзылъхугъэхэр зэхуосри загъэпсэху, я нэгу зрагъэужь. 
Индиеми гъатхэпэм и 8-р щагъэлъапIэркъым. Ауэ, хабзэ хъуауэ, Индие Ищхъэрэм унагъуэм ис бзылъхугъэхэм щагъэлъапIэ «Карва Чаутх» жыхуаIэр. А махуэм цIыхубзхэр нэщI исщ икIи Тхьэм йолъэIу я щхьэгъусэхэр гъащIэ кIыхь хъун, ехъулIэныгъэ яIэн папщIэ. 
Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр зэрагъэлъапIэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэтемыхуэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм яIэщ. Къапщтэмэ, Пенджабым нэщI ихьэн и пэ къихуэу, гуащэм шхыныгъуэ хэха нысэм иритын хуейщ. Хабзэ хъуауэ а махуэшхуэм хъыджэбз цIыкIухэм я Iэгухэмрэ лъэгухэмрэ пкъынэкIэ ялэ, ар ехъулIэныгъэм и нэщэнэу къалъытэу. Фэилъхьэгъуэ, цIуугъэнэ екIухэмкIэ загъэдахэри, зыр адрейм деж а махуэм хьэщIапIэ макIуэ, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ зэхуос. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, Армением Анэмрэ дахагъэмрэ я махуэр мэлыжьыхьым и 7-м щагъэлъапIэ. Гъатхэпэм и 8-м щыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 7 пщIондэ концертхэр, выставкэхэр, фестивалхэр къызэрагъэпэщ. ЦIыхухъухэм бзылъхугъэхэм тыгъэ гъэщIэгъуэнхэр хуащI. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: