Псы щIыIэ

Сардобэ псалъэм персыбзэкIэ псы хъумапIэ жиIэу къокI. X-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ Тыркум, Ираным, Азие Курытым къыщагъэсэбэпу щыта ухуэныгъэ телъыджэщ.
ЩIы къратIыкIри, абы мывэкIэ щхьэ тращIыхь и щыгум папцIэ щыхъужу. Мыпхуэдэхэм цIыхухэр зэфэну псыр щызэхуахьэсу, щахъумэу къекIуэкIащ. Мыващхьэм папцIэм псыр имыгъущIыкIыу зэтриIыгъэрт, фIей, пшахъуэ химыхьэу, жьауэ ищIу щхьэщытт. ЗэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ псы хъумапIэхэм дунейм и нэхъ хуабэгъуэми псыр къэмыхуабэу итт. Сардобэм и Iэхэлъахэр зэрыщIыIэтыIэм къыхэкIыу, абы и хъуреягъыр зыгъэпсэхупIэу къыщагъэсэп щыIэт.
Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ сардобэр ут инхэм, пащтыхь уардэунэ сыт хуэдэхэм хащIыхьырт.
А ухуэныгъэ телъыджэм щIыхьэпIэ зыбжанэ хуащIырт.
Абы уэшхыпс, е уэс ткIужам къыщIэжа псы, е псыежэх цIыкIухэм къыщIэжат ирагъахъуэр. И нэхъыбэм, псым и кIуапIэр щIы щIагъым къыщагъуэтырти, щIатIыкIыурэ абы кърагъахъуэрт. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, апхуэдэ псы хъумапIэхэр чэруанхэм я гъуэгум тращIыхь хабзэт, абдеж цIыхуми псэущхьэми зыщагъэпсэхурт, я псы хуэлIэ ирагъэкIырти, гъуэгу техьэжырт.
Апхуэдэ псы хъумапIэхэр темытамэ, гъуэгурыкIуэ куэд здежьам нэмысынкIи хъунт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэрат псы къигъэхъуапIэу щыIэр. Абы къыхэкIыу сардобэхэр хуэсакъыу яхъумэрт, зыхуей хуагъазэрт, уеблэмэ, IэщэкIэ яхъумэхэри щыIауэ ятхыж тхыдэджхэм.

Инэрокъуэ Данэ.
Поделиться:

Читать также: