Тыгъэ хьэху

 Iэш-Шиблий Абу Бэкр къыщыхъуари щылIэжари Иракырщ. ЦIэрыIуэ щыхъуар ислъам диным и куупIэу, и лъагапIэу, цIыху псэ къабзэхэр зылъэIэсыф тхьэхуэпщылIыкIэ нэгъэсам и дамыгъэу къалъытэ суфизмэрщ (тэсэуф, тIэрикъат хъужыр аращ). И цIэ пэж дыдэр Юнус и къуэ Джэхьфарт. Шиблий цIэ лейр къызыдэкIа къуажэм тражыIэкIауэ аращ.
 Пащтыхьыкъуэхэм яхэту къэхъуа Шиблий, и щIалэгъуэм дзэзешэ хъури, хъэлифым Дуваменд щIыналъэм и тепщэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, губернатору игъэувауэ лажьэрт. Зэгуэрым хъэлифым и нэIэ щIэт къулыкъущIэхэр зэхуишэсри, цIыхухъу хъэлат гъэщIэрэщIа зырыз тыгъэ яхуищIащ. КIуэжу гъуэгу здытетым, йоуэри, Шиблий къепсыныр къыщохьэ. Бэлътоку къимылъыхъуэу, и пэр хъэлифым кърита хъэлат щIэрыпсым и IэщхьэмкIэ елъэщIыж. Къэхъуар бзэгузехьэ гуэрым хъэлифым Iуредзэж. Модрейми и шейтIаныр къытокIуэ, Шиблий кърегъэгъэзэж, хъэлатыр къытрехыжри, и сэрейм къыщIехуж.
 IуэрыIуатэ хъужа мы хъыбарыр куэдым зэтехуэу жаIэжыркъым. Нэхъ гукъинэжу Iуэхум хэтар хъэлатыр зытрахыжа Шиблий хъэлифым и бжэ щIыбагъым куэдрэ зэрыдэтарщ. Модрейми зытримыгъэхьэу зыкъомрэ зрилъэфыхьащ. «УпщIэ уэст хъуну?» - жиIэри, хъэлифым зыхуигъэзащ, жи, Шиблий, бжэр къыхуIуахыу щIагъэхьа нэужь. «Шэрихьэтым цIыхур къепсыну хуит ищIрэ?»
 «Си тыгъэм пщIэ хуумыщIу, ар пэрылъэщI бэлътокум ещхьу къэбгъэщхьэпащ!» - жыхуиIэ щIыкIэу къэгубжьа хъэлифым щIалэм пигъэтIылъащ цIыхум къепсын-къемыпсыным техуауэ унафэшхуэ зэрызыхуимыщIыжыфыр, нэхъыбэм ар зэрымыщIэкIэ, ухуэмыхьэзыру къызэрыхъур. «Дуней унафэ фIэкIа зыIэщIэмылъ хъэлифым и хъэлатыр пэрылъэщI бэлътоку хуэдэу къызэрызгъэсэбэпар къысхуигъэгъуакъым. Дауэ сыхъужыну, езы дунейр къэзыгъэщIыжа Алыхьталэм хъэлат папщIэу къызита цIыху Iэпкълъэпкъыр пэрылъэщI бэлътоку хуэдэу къэзгъэсэбэпмэ?» - жиIэщ, хъэлат трахыжам кIэлъыкIуэу губернатор къулыкъури хъэлифым хуидзыжри, абдежырщ, къызраIуэтэжымкIэ, Шиблий Алыхьталэм нэхъ пэгъунэгъу зищIыныр къыщыхихар. Ари зы щапхъэщ Алыхьым къыуимыщIа жагъуэгъум къызэрыуимыщIэфынур, уифI зыхэлъ фIэкIа къызэрыпщимыгъэщIынур уи фIэщ хъун папщIэ.
 Езыр щыпсэу щIыналъэм нэхъ щыцIэрыIуэ щихъым и чэнджэщ щрихьэлIэм, модрейм Бэгъдад щыщ Джунайд и цIэр къыхуриIуащ. Шиблии куэдрэ зимыIэжьэу кIуащ ущиякIуэ цIэрыIуэм деж. Суфий лъагъуэм утехьэн, щихъым убгъэдэувэн жиIэм къикIыр, уэ нэхърэ зэрынэхъ лъагэр уи фIэщ хъууэ, Iуэхум нэхъ хэзыщIыкIым жыIэщIэ зыхуэпщIын жиIэу аращ. Апхуэдэ ущиякIуэ зимыIэм и дин зехьэкIэр дохутыр зимыIэ сымаджэм и зыгъэхъужыкIэм хуагъадэ, къызыфэщIыжынкIэ шынагъуэ щыIэуи къалъытэ.
 Джунайд и унафэкIэ, Шиблий зы илъэскIэ тхъуэбзащхъуэ ищэу, мо цIыхухэм пщIэ къыхуащIу еса щIалэ пагэм иджы мэ къыкIэрихэм щхьэкIэ, псоми зыкъыщадзейуэ, ирихьэкIащ. ИужькIэ езыр губернатору здэщыIа Нихаванд къалэм игъакIуэри, унэ-унэкIэ зи жагъуэ ищIауэ зыхуигъэфащэхэр къызэхригъэкIухьащ, къыхуагъэгъуну елъэIуу. Къехъурджэуахэр, къыхуэгубжыпахэр къахэкIырт абыхэм.
ИтIанэ илъэскIэ е илъэситкIэ Джунайд и гъэсэныр уэрамыщхьэм факъырэу тригъэуващ, и пагагъыр фIэкIуэдын щхьэкIэ. ЦIыхухэр къыбгъэдэхьэурэ: «Уэ щIалэ узыншэшхуэр щхьэ бгъэузу мыбдежым ущIытетыр сыт? КIуэи лажьэ!» - къыжраIэрт. «Махуэ гуэрым къызгурыIуащ, - жиIэжырт иужькIэ Шиблий, - Алыхьталэм къысхуимышияуэ зыми зыри къызэрызимытынур. Абы иужь факъырэн щызигъэгъэтащ».
 БжьыхьэлI Лиуан сабийхэм я гъусэу чышым тесу къижыхьу щытащ, жаIэ. Шиблий сабийхэр мывэкIэ къеуэурэ уIэгъэ хъуати, и лъакъуэм къижа лъы ткIуэпс къэс «Алыхь» псалъэм и теплъэм иувауэ ягъэхъыбарыж. Пэжыр Алыхьым ещIэ.
 ЩIэныгъэр гъуэтыгъуейкъым. Гъуэтыгъуейр псалъэкIэ жыпIэм хьэлкIэ, IуэхущIафэкIэ утетыжынырщ. Уи тхьэхуэпщылIыкIэм гу къабзагъэр дыщыIымыгъумэ, нэмэзри, нэщIри, уеблэмэ КъурIэн еджэнри фэрыщIыгъэм хуэкIуэнкIэ шынагъуэщ. Аращ Шиблий и хъыбарым дызыхуиущийр.                   

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: